ЩыщIадзэжащ еджапIэ къагъэщIэрэщIэжахэм![]() Каменномост (Къармэхьэблэ) къуажэм дэт курыт еджапIэ №2-р «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ проектым хэту зэрахьэри, фокIадэм и 1-м ирихьэлIэу и бжэхэр зэIуахыжащ. 1966 гъэм яухуауэ щыта еджапIэр илъэс 60-м щIигъуат апхуэдиз лэжьыгъэ иращIылIэу зэрызэрамыхьэрэ. ЕкIуу къагъэщIэрэщIэжа курыт еджапIэр къызэIуахыжащ Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Дзэлыкъуэ районым я ныпхэр яIэту. УФ-мрэ КъБР-мрэ я гимнхэр кърагъэуащ. Абы еблэгъащ КъБР-м и Парламентым и депутатхэу Джатэ Русланрэ Бжьахъуэ Ранетэрэ, къызэхуэсащ къуажэдэс нэхъыжьхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, егъэджакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ. ХьэщIэхэр хъуэхъуащ еджапIэр щIэблэм щIэныгъэм и къежьапIэ яхуэхъуну, школым и лэжьакIуэхэм фIыщIэ ящIащ ар къэрал программэм хиубыдэу къызэрагъэщIэрэщIэжам папщIэ.
Поделиться:
Читать также:
14.10.2026 - 11:02 →
ЩIыналъэр зэщIигъэкIуэтынущ
14.10.2026 - 11:01 →
ХьэщIэныш
14.10.2026 - 11:00 →
Адыгэ хабзэм и фIыгъэкIэ
13.10.2026 - 17:58 →
ЩIыналъэм щыхъыбархэр
13.10.2026 - 16:00 →
Къарур имыухыурэ гъащIэр иухащ
| ||





