Адэжь щIыналъэм и кIэдахъуэм

2026 гъэм фокIадэм и 8-м ди къэралым щыпсэухэм иджы япэу ягъэлъэпIэнущ Урысей Федерацэм и лъэпкъхэм я бзэхэм я махуэр. Апхуэдэ жэрдэмыр къыщыхалъхьат Урысейм и лъэпкъхэм я бзэхэмрэ урысыбзэмрэ защIэгъэкъуэнымкIэ къэрал къалэныр гъэзэщIэнымкIэ Советым 2025 гъэм мэкъуауэгъуэм и 5-м иригъэкIуэкIауэ щыта зэIущIэм.

УФ-м и Президентым абы щыгъуэм чэнджэщ къаритат махуэшхуэр фокIадэм и 8 - м - усакIуэ Гамзатов Расул къыщалъхуам - ягъэлъэпIэну. Дауэ мыхъуми, бзэм и къулеягъыр зыхъумэр икIи зыгъэбагъуэр псом япэу усакIуэхэмрэ тхакIуэхэмрэщ. Гамзатовым и творчествэр Урысейм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэхэм я зэкъуэтыныгъэм и дамыгъэ хъуащ. ТхакIуэ цIэрыIуэм и усэхэмрэ поэмэхэмрэ урысыбзэкIэ зэрадзэкIащ Сельвинский Илья, Городецкий Сергей, Липкин Семён, Нейман Юлие сымэ. Псом хуэмыдэу абы къыкъуэтащ и ныбжьэгъу-усакIуэхэу Гребнев Наум, Козловский Яков, Хелемский Яков, Солоухин Владимир, Мориц Юнна, Ахмедовэ Маринэ сымэ. Езы Расул аварыбзэкIэ зэридзэкIащ Пушкиным, Лермонтовым, Некрасовым, Есениным, Блок, хьэрып усакIуэ Ходжи Абдул Хьэзиз сымэ я IэдакъэщIэкIхэр.

МахуэшхуэмкIэ я мурад нэхъыщхьэр къэралым и лъэпкъ псоми я бзэхэмрэ щэнхабзэ щIэинхэмрэ ядэIыгъынырщ, Урысейм и бзэ зэмылIэужьыгъуагъэр къегъэцIыхунырщ. КъищынэмыщIауэ, лъэпкъ мамырыгъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ гъэбыдэным гулъытэшхуэ хуащI. Мы махуэм дигу къигъэкIыж хуэдэщ бзэ къэс щIэин телъыджэу зэрыщытыр, ар тхъумэн, къэкIуэну щIэблэхэм яIэрыдгъэхьэн зэрыхуейр.

Нэгъабэ къащта махуэшхуэм и хабзэхэр зэтеувэн щIидзэ къудейщ. А махуэм щэнхабзэ зэхыхьэ зэмылIэужьыгъуэхэр ирагъэкIуэкIынущ: пшыхьхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, мастер-классхэр, цIыхубэ IэщIагъэхэм я фестивалхэр. Школхэм, университетхэм, библиотекэхэм къыщызэрагъэпэщ лъэпкъхэм я бзэхэмрэ хабзэхэмрэ теухуа дерсхэр, викторинэхэр, зэпеуэхэр. Апхуэдэ Iуэхугъуэхэр сэбэп хуэхъунущ щэнхабзэ щIэиным нэхъыбэ щыгъэгъуэзэнымкIэ. Лъэпкъыбзэмрэ хабзэмрэ я мыхьэнэр, Хэкум ущыпэIэщIэм нэхъ зыхыбощIэ жыхуаIэращи, хэхэсхэм къабгъэдэкIыуи ди щIыпIэ тхакIуэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIауи усэ зыбжанэ нобэ ди гуапэу тыдодзэ.

Мерэтыкъуэ Метин

«Адэжь щIыналъэ»

Адэжь щIыналъэм и кIэдахъуэм

СыкъыщIэкIатэм удз гъэгъауэ,

IэфIыгъэм гъащIэр щыз ищIынт.

Псэхугъуэр си псэм щыхэпщынт.

Адэжь щIыналъэм и къурш щIагъым

Си гъащIэр псыуэ къыщежьатэм,

ГуфIэгъуэ защIэу есхьэкIынт,

Къуршыбгъэ лъагэр псым къищынт.

Хъунэгу Надия

«Гугъэ»

Сэ сызэредзэ гъащIэм пхъэ къуэщIийуэ,

Ауэ къэхъуакъым зэи сыщыгужьей,

Абы срихьэжьэм, къэукъубийуэ,

Хьэзырщ си гугъэр - ар си кхъуафэжьейщ.

Арщ хэхэс гъащIэм и бэлыхь толъкъуным

СыщIимылъафэу сызыIыгъыр сэ.

Арщ къэзылъыхъуэр сэ сызыщIэкъуныр,

Аращ незыджэр, си хэку, уи деж псэр.  

«Хэхэс гъащIэ»

Си лъэпкъ псалъэжьхэр гъуэгу гъуэмылэу

Гъуэгуанэ сытеувэжащ.

Iэр къишияуэ Хэкур къаплъэу

Къысщыхъури, псэр къэушыжащ…

ПщIыхьэпIэр къигупсысами си гум,

Си хэхэс гъащIэм сохутэж.

АрщхьэкIэ къоблэ адэжь жьэгур,

Гур здэщыIэм псэр мэкIуэж.   

Бештокъуэ Хьэбас

«Бзэр зезыхьэр фысакъ»

Си бзэмрэ сэрэ дызэтIолъхуэныкъуэу

Зы адыгэ анэм дыкъилъхуащ,

Здэнукъым сыкъэзылъхуар хаутэу,

Здэнукъым хаутэу къыздалъхуар.

 

Анэбзэ IэфIыр зыгъэикIэм

Зэфа быдзышэр ещI хьэрэм,

Адыгэ анэ щIым тетыхукIэ

Тхъумэну ди бзэр ди къэлэнщ

Къантемыр Тыркубий

«Анэбзэр мыIужмэ»

 Бзэгум хэлъкъым къупщхьэ,

Арщ щIыжиIэр куэд,

Ухуимытмэ уи щхьэ,

Уи пщIэри мэкIуэд.

Дапщэ диIэр гъащIэу,

Щхьэ дымыхъурэ Iущ?

Шэч хэмылъу сощIэ:

Фыгъуэр шыд мыущщ.

Псынащхьэр щыкъабзэр

ИIэмэщ тепIэн,

Дывгъэхъумэ ди бзэр

«Си псэ» жызыIэнщ.

Анэбзэр мыIужмэ,

Лъэпкъыр кIуэдыжащ.

Пщэдей димыIэжмэ,    

ЩIым дытекIыжащ.

Маржэ. Си Адыгэ!

Дызэрывгъэубыд,

Хъунущ ди пщIэ лъагэ,

ЗыдмыщIыжмэ пуд

Хьэнфэн Алим

Си анэдэлъхубзэ

Адэжь щIыналъэ, си нэр зыгъаплъэ,

Си лъэр здэбыдэ, зыми хуэмыдэ.

Уэ уи жьэгу пащхьэм щызекIуэ хабзэм,

Анэдэлъхубзэр ныдобзэрабзэр.

Анэдэлъхубзэ, анэм и жьабзэ!

Анэдэлъхубзэ, лъэпкъым и гупсэ!

Си гум и хущхъуэ, псэм и IэфIыщэ,

ПхузощI сыт щыгъуи адыгэ фIыщIэ!

Дэ ди гуфIэгъуи, ди нэщхъеягъуи

Тхузэбгъэзахуэу утетщ гъуэгу махуэ.

Анэдэлъхубзэ, анэм и жьабзэ

УздэщымыIэ сыщремыIэ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: