Урысейм и лъэпкъхэм я бзэхэм я махуэм ирихьэлIэу тфIэигъуэщ анэдэлъхубзэр хъумэн щIыхуейм, абы и мыхьэнэм дытепсэлъыхьыну. ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей академием къызэритымкIэ, ди къэралым бзи 155-рэ щыгъэбелджылащ, диалектхэр ящIыгъуу абыхэм я бжыгъэр 277-м нос. Бзэм зэрызиужьым кIэлъыплъ зэпытщ ди щIэныгъэлIхэр. АтIэ нобэ адыгэбзэм и Iуэху зыIутымрэ ар къызэрыддэгъуэгурыкIуамрэ теухуауэ лэжьыгъэшхуэ иIэщ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор БакIуу Хъанджэрий. Абы щыщ Iыхьэщ фызыщыдгъэгъуазэр.
«Хэти зэрищIэщи, акъылым и лъабжьэр бзэрщ. Абы ди гъащIэм щиIэ мыхьэнэр къэIуэтэгъуейщ, - етх щIэныгъэлIым. - Петр Езанэм Урысейм ЩIэныгъэмкIэ и академиер къыщызэIуихым и унафэм япэу къыхигъэщар бзэрщ. Ар джынми, егъэджынми, тхылъхэр къыдэгъэкIынми, ахэр нэгъуэщIыбзэкIэ зэдзэкIынми гулъытэ хэха щыхуищIащ а унафэм.
Щалъхуа хэкум къина адыгэхэми хамэ къэрал щыпсэухэми нобэ нэхъ зыхащIэ хъуащ анэдэлъхубзэр зэраIэщIэкIыр. Абы иригузавэм я бжыгъэм хэхъуэ зэпытщ. Бзэм щIэуэ термин къыщыхыхьэкIэ ар зыфIэмыкъабылхэр къахэкIынущ. Къапщтэмэ, Карамзин «промышленность» псалъэр япэу къыщигъэсэбэпам щыдыхьэшхат. Нобэ абы и къуэпсхэр урысыбзэм щиукъуэдиящ. Егупсысауэ икIи тегушхуауэ къэщтэн хуейщ псалъэщIэхэр, хьэрэм пщIы хъунукъым бзэм хэзэгъа хамэ псалъэхэри. Бзэм и лэжьэкIэм, и зыужьыкIэм, ар егъэджыным къыдэкIуэ Iуэху зэIумыбзхэм нэгъуэщI шынагъуэхэри къахэхъуащ иужьрей илъэсхэм. Дунейпсо экономикэмрэ ди псэукIэмрэ кIуэ пэтми тепщэ щохъу «глобализацэ»-р. Мыр нобэ къежьа Iуэхукъым. ЛIэщIыгъуэ зыбжанэ хъуауэ къэралхэр зэпоуэ, зоныкъуэкъу я экономикэр, я Iуэху зехьэкIэр зым ейм нэхърэ адрейм япэ ирагъэщыну. Бзэри, литературэри, культурэм и лIэужьыгъуэ псори экономикэм и жьауэм щIэтщ. Дунейм тепщэ щохъу инджылызыбзэр. 1918 гъэм нэсыху «дунейпсо бзэуэ» къалъытэу франджыбзэр (Париж культурэм, модэм я хьэмтетыгъуэти) щытамэ, Инджылыз империем, итIанэ Америкэм я экономикэм я фIыщIэкIэ инджылызыбзэр тепщэ хъууэ щIидзащ. Апхуэдэу я пщIэр нэхъ ин хъуащ испаныбзэм (къэрал 23-м щыпсэу цIыху мелуан 500-м нэс абы иропсалъэ), нэмыцэбзэм, урысыбзэм, китаибзэм, ауэ дунейм тет адрей бзэ минихым нэсым я къэкIуэнур щIагъуэкъым. Нэхъыбэр кIуэдыжынущ. Абыхэм яхэтщ адыгэбзэри.
Сыт Iэмалу диIэр а Iуэху шынагъуэм дыпэщIэтын папщIэ? Пщэдейрей гъащIэм сыткIэ дыхуэхьэзыр? А Iуэхугъуэхэм ятеухуауэ ди къэралми (Налшык, Грознэм, Назрань, Мейкъуапэ, Тебэрды, Владикавказ) ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу Тыркуми (Анкара, 2003), Иорданми (Амман, 2008) щекIуэкIа щIэныгъэ конференц зыбжанэм дыкъыщыпсэлъащ, бзэм теухуа комиссэхэми дыхэтащ. Акъыл зэхэдзэм сэбэп къишэ хабзэщ. Ди алфавитым илъэс Iэджэ хъуауэ иращIылIа псалъэмакъыр зэм мэужьыхыж, зэми къызэщIэроуэж. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, нэхъыбэм къащохъу хьэрф зэгуэтхэр ди бий нэхъыщхьэу, ахэр димыIэжмэ, псори «насыпыфIэ» дыхъуну.
Тхыбзэр цIыхум къигупсыса ди хъугъуэфIыгъуэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ. Ар адыгэм щызригъэгъуэтар гувауэщ, аращ ди тхыдэр нэсу, пэжу джа щIэмыхъуари, къэрал щIэдмыухуэфари. Адыгэхэр куэд дыдэ щIауэ щIэхъуэпсырт тхыбзэ къызэрагъэпэщыну икIи абы хуэхьэзырт, ауэ сыт щыгъуи зэран хъурт кIэ зимыIэж зауэхэр. ЦIыхухэр зэхэзехуэн ящIырт, я псэукIэр, щыпсэу щIыпIэхэр щIэх-щIэхыурэ яхъуэжын хуей хъурт. Аращ ди псэуалъэхэри «тырлыку» (чий) архитектурэм хуэзыгъэкIуари (а зэманым адыгэ ухуакIуэхэм унэ гъуэзэджэхэр щащIырт Египетым, Украинэм, Урысейм). Адыгэхэм тхыбзэ ямыIами, хамэбзэхэр къагъэсэбэпырт. Доминиканым щыщ Юлиан 1340 гъэм адыгэхэм я деж щыIа нэужь зэритхыжамкIэ: «Князь и народ называют себя христианами, имея греческое писание и греческих священников» (Адыгэ энциклопедие. М., 2006, 687 н.). Иужьрей лъэхъэнэхэм къагъэсэбэпащ тэтэрхэм, хьэрыпхэм, урысхэм я тхыбзэр, адыгэбзэм ейр зэхалъхьэу щыщIадзар епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэрщ. Ауэ ар цIыхубэм ящIэ, ядж, иритхэ щыхъуар Совет лъэхъэнэрщ. Псоми зэращIэщи, тхыбзэм къежьапIэ хуэхъур алфавитырщ. Адыгэхэм нэхърэ нэхъ алфавит куэд зэхэзылъхьа щыIэу къыщIэкIынкъым. ЕпщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм Грацилевский И. урым зэрыбым (1829 гъэм), Нэгумэ Шорэ хьэрып зэрыбым тету адыгэбзэм и алфавит зэхалъхьауэ щытащ. Урыс графикэм тещIыхьа алфавитым елэжьащ Услар Пётр, Бырсей Умар сымэ. 1891 гъэм Лопатинский Лев зэхилъхьэгъащ «Урыс-къэбэрдей псалъалъэмрэ», «Къэбэрдей грамматикэмрэ». Хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэми къахэкIащ адыгэ тхыбзэ къызэрагъэпэщыну яужь итахэри. 1909-1910 гъэхэм Тыркум щыпсэуа Пчыхьэлыкъуэ Мухьэмэд алфавиту тIу, хьэрфылъэ я гъусэу, зэхилъхьауэ щытащ.
Езыхэм я алфавит зэхалъхьат Хъан-Джэрий, ПащIэ Бэчмырзэ сыми, нэгъуэщI Iэджэми. Ахэр лъэужьыншэу къэнакъым, ауэ я лэжьыгъэр нэсу цIыхубэм хапщэфакъым тхыдэм и къэгъэшыпIэ быркъуэшыркъуэ гущIэгъуншэхэм я зэранкIэ. Коммунистхэм, сыт хуэдиз хужамыIами, абыхэм фIыуэ ялэжьар зыщыгъэгъупщэн хуейкъым. Къапщтэмэ, Урысейм лъэпкъыу исым я бзэхэм зрагъэужьри цIыхухэм, инми цIыкIуми, еджэкIэрэ тхэкIэрэ ирагъэщIащ. Адыгэ тхыбзэр япэщIыкIэ траухуащ хьэрыпыбзэм и алфавитым, Iуэхур хьэрыпыбзэ зыщIэ ефэндыхэм тращIыхьри къурIэн еджэ дэтхэнэми сэбэп хуэхъуну къалъытащ. Псори хъарзынэу екIуэкIырт, ауэ 1925 гъэм тхыбзэр зытет хьэрып хьэрфхэм къытрашри латиным хуагъэкIуащ. Абы зыкъомрэ тетри, 1936 гъэм СССР-м ис лъэпкъхэм я тхыбзэр урысхэр зэрытхэ кириллицэм и графикэм трагъэуващ. Зэман кIэщIым ерагъыу зэрагъэпэща адыгэ тхыбзэр щэнейрэ яхъуэжащ. Абы, зэрыгурыIуэгъуэщи, фIы лъэпкъ къишакъым. Апхуэдэ Iуэху зехьэкIэр адыгей тхакIуэ Iэзэ Еутых Аскэр и романхэм ящыщ зым и персонаж гуэрым мыпхуэдэу гушыIэу жригъэIащ: «Ди къуажэм дэсхэр пщыхьэщхьэкIэ тхэкIэрэ еджэкIэрэ ящIэу гъуэлъыжхэрт, ауэ пщэдджыжькIэ зы хьэрф ямыщIэу къэушыжхэрт».
Урыс графикэр, шэч хэмылъу, политикэм епхат, ауэ, дапхуэдэу мыхъуами, кириллицэр адыгэбзэм нэхъ тегъэпсыхьауэ къыщIэкIащ. Кириллицэм иIэ дамыгъэхэр, хьэрфхэр, хьэрып, латин тхэкIэхэм нэхърэ нэхъыбэщ. Апхуэдэу щытми, кириллицэм и хьэрфхэр адыгэ макъхэм я бжыгъэм хурикъуакъым. Ахэр нэхъ зэпэгъунэгъу зыщIар хьэрф зэгуэтхэрщ. Ари тхъэжу къагупсысакъым. Алфавитым и хьэрыфхэм уикIмэ, Iуэху мыщхьэмыпэ Iэджи къыкъуэкIынут, ахэр зэрытрадзэ машинкэхэм, иджы компьютерхэм къыщыщIэдзауэ газет, журнал, тхылъ къыдэгъэкIыным я деж щиухыжу. Псом япэ къыжыIэпхъэщ адыгэ-абхъаз бзэ гупым макъ дэкIуашэу къагъэсэбэпыр егъэлеяуэ зэрыкуэдыр. Ар зэ еплъыгъуэкIэ бзэм и къулеягъэщ, ауэ нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ убгъэдыхьэмэ, лъэпощхьэпо куэд къэзышэ Iуэхущ. Убыхыбзэм фонемэ дэкIуашэу 80 иIэщ, ар дунейм бзэуэ тетым яIэм нэхърэ нэхъыбэщ. Абы куэдкIэ къыкIэрыхуркъым абхъазыбзэмрэ абазэбзэмрэ, бжьэдыгъу диалектым фонемэ дэкIуашэу 65-рэ хэтщ, адыгей литературэбзэри (кIэмыргуей диалектым тетщ) къэбэрдей-шэрджэсыбзэри макъкIэ пэрытхэм хабжэ. Аращ дамыгъэ мащIэ зиIэ хьэрып графикэри, латиныбзэм и хьэрфхэри адыгэбзэм щIефэгъуэкIыр. Адыгэхэм ягъэунэхуа алфавитхэм ящыщу ди макъхэм нэхъ хуэкIуэр кириллицэращ. Абы хузэфIэкIащ дамыгъэ лей хэмыхьэу адыгэ тхыбзэр шэрыуэу игъэлэжьэн. Зы хьэрыф щIэгъэкъуэн закъуэщ лейуэ къигъэсэбэпар, ар «апостроф» жыхуэтIэ дамыгъэрщ.
Хэхэс адыгэхэм я бзэр щIыхэкIуэдэжыр алфавитым и гугъуагъракъым, атIэ адыгэбзэр егъэджыныр къэрал Iуэхуу зэрыщымытырщ. Хасэхэм я къарукIэ мыр тэмэму зэфIэха хъуркъым. Тыркум щыIэ къуажэхэм дэс адыгэхэм я анэдэлъхубзэр нэхъ яхъумати, ари хокIуэдэж. Иужьрей илъэс тIощIым къалэм куэд Iэпхъуащ. «Гугъэр адэжь щIэинщ», жи, дыпэплъэнщ ди лъэпкъэгъухэм Iуэхур тэмэму зэтраублэну. Дэри, Хэкужьым исхэм, абыхэм защIэдгъэкъуэфынущ, ауэ Iуэхур зэIузэпэщ зыщIыфынур ахэр зыщыпсэу къэралхэрщ.
50 гъэхэм елъытауэ нобэ адыгэбзэм фIыуэ зиужьащ. А зэманым къагъэсэбэпу щыта урыс псалъэхэу: народ, поэт, стиххэр, нэгъуэщI куэд адыгэ псалъэм хуэкIуащ. Лейуэ къэдгъэсэбэпу щыта суффиксхэри адыгэ псалъэхэм пыхужащ, псом хуэмыдэу «ский» жыхуиIэр. Советскэ Союзыр – Совет Союз, Коммунистическэ партыр – Коммунист парт хъуахэщ, я мыхьэнэри къызэтенащ.
Хамэбзэхэм къахэкIа псалъэхэр иужьрей илъэсхэм жыджэру зэрахъуэкI хъуащ адыгэ псалъэхэмкIэ е адыгэу къащыхъухэмкIэ. Ар япэ игъэщын хуей Iуэхуу си гугъэкъым. Дэ дызытегузэвыхьыпхъэр нобэ дунейм къытехьэ гурыIуэгъуэщIэхэмрэ хьэпшыпхэмрэ я фIэщыгъэхэр бзэм хэдгъэзэгъа зэрыхъунырщ, армыхъумэ псалъэ къэдгъэIурыщIар хэддзыжыныркъым, зэхъуэкIыныркъым».