Нартсанэ (Кисловодск) километр 15 хуэдизкIэ пэжыжьэу, къухьэпIэмкIэ къыщытщ тхыдэжьым и фэеплъ, Рум Iуащхьэ жыхуаIэр. Япэ дищынщи, нэхъ пасэу абы зэреджэу щытар Румкъалэщ.
1823 гъэм «Новейшие известия о Кавказе» жыхуиIэ тхылъу Броневский Семен итхам итщ абы и хъыбар: «Кисловодск и къухьэпIэмкIэ уи нэм къыфIэнэу щытщ Бургусан жыхуаIэ Iуащхьэр. Абы узэрыдэкIуейр IэкIэ къыхабзыкIа дэкIуеипIэхэмкIэщ. И щыгум тезщ пасэрей псэуалъэхэр, кхъащхьэхэр, жьэгу кумбхэмрэ кхъуэщын къутахуэхэмрэ. ЗэраIуэтэжымкIэ, а Iуащхьэр пасэрей лъэпкъыжь гуэрым щыщхэм быдапIэ яхуэхъуауэ щытащ».
ИлъэсипщI хуэдиз дэкIри, зыплъыхьакIуэ цIэрыIуэ Дюбуа де Монпере итхыжащ: «Щхьэхуэу щыт Iуащхьэ-быдапIэм дэкIуеипIитI-щым удрешей. Мывэ къырым къыхэбзыкIа а дэкIуеипIэхэр цIыхуIэм зэрищIам шэч хэлъкъым. Зэ IуплъэгъуэкIи къыпхуэгъуэтынукъым дэкIуеипIэхэр, сыту жыпIэмэ, ахэр абрэмывэкIэ егъэжэкIыжа бжэ гъэпщкIуакIэ гъэбыдащ. Хьэкъщ мы щIыпIэр зыгуэрхэм я быдапIэу зэрыщытар».
НобэкIэ а быдапIэр Рум Iуащхьэущ зэрытцIыхур, пасэрей Румкъалэм къытехъукIыжауэ. Мы фIэщыгъэр къызытекIам теухуауэ хъыбаритI щыIэщ. Пэжыр дэтхэнэрами, нэгъуэщI зыгуэрым къыхэкIами зыми ищIэркъым.
Япэ хъыбарымкIэ, пасэрей византийхэр, алыджхэр, венецианхэмрэ генуэзхэмрэ Кавказым куэду щыщыIам, абыхэм зэреджэу щытар урымщ. Ахэр зэхэсу Рум Iуащхьэм тесауэ, ар я быдапIэу щытауэ икIи Румкъалэ фIащауэ жаIэ.
ЕтIуанэ хъыбарымкIэ, Рум Iуащхьэм и лъапэм деж щысащ лъэпкъыжь гуэр, лэжьакIуэрэ хьэщIагъэр я фащэу. Зэгуэрым абыхэм бий къатеуат. Жылэр зэрыубыдри, къатеуахэм япэщIэуващ, я лъэ къихь къамыгъанэуи езэуащ, ауэ я къарухэр зэхуэмыдэу, бийр нэхъыбэу, нэхъ зэщIэузэдауэ къыщыщIэкIым, Iуащхьэм дэкIуейри, и щыгум зыщагъэбыдащ. «Фыкъытпэмыув! Фи къару къихь къэвмыгъанэу фызэуами, дынэхъыбэщ, лей зэдвмыгъэхыу, зыкъэфти, лъэпкъыр фыкъызэтенэнщ. Пщэдджыжь хъуху фыгупсысэ», - къажриIащ абы зэрыпхъуакIуэхэм я дзэпщым. «Ди псэр пытыху дызэуэнущ!» - жаIэрт языныкъуэхэм. «ЩIыпIэр дывгъэбгыни, лъэпкъыр къедвгъэгъэл!» - трагъэчыныхьырт адрейхэм. Абдежым жылэм къахэкIащ зы щIалэщIэ, щхьэрыхъуэн хужь и щхьэм фIэлъу. «ЩIыр инщ. Дызыщыпсэуни дгъуэтыжынт, ауэ дыщалъхуа хэкум хуэдэ зыри тхуэхъунукъым. ДызыпIа, дызыгъэшха щIыналъэр тфIэкIуэдмэ, зыми дрищIысыжкъым!» - жиIащ абы. ЩIалэм и псалъэм псори арэзы техъуати, пщэдджыжьым зэхэуэм пащэжащ, абыхэм фIырыфIкIэ ятынутэкъым я хэкур. Ауэ жылэдэсхэм я бжыгъэм хэщI зэпытт, я лъэр щIэхуным зымащIэ тIэкIут иIэжыр. Абдежым щхьэрыхъуэн хужь зыщыгъа щIалэщIэр шуупэм къиувэри, и хэкуэгъухэм захуигъэзащ: «Си къуэшхэ! Бгырыс гъащIэм и уасэр ди джатэхэм ятынщ. Фынеуэ!». ЩIалэм и щхьэрыхъуэныр зыщхьэричщ, и шыр мыщтэн папщIэ и нэр хущипхыкIри, биидзэм и IувыпIэм яхигъэлъэдащ, щхьэрыхъуэным къыщIэхуа щхьэц кIыхьышхуэр и щIыбым, псыкъелъэу, трипхъэу. Ар хъыджэбзт! Пщащэ цIыкIум апхуэдэ хахуагъэ къызэрыкъуэкIам игъэгушхуа лъэпкъыр зэрызехьэу щIэпхъуэри, биидзэм яхэлъэдащ, я джатэхэр зэи хуэмыдэжу ягъабзэу. Бийр щтащ, икIуэтащ, зэрехьэжьэри, зэи къагъэзэжакъым мыбыкIэ. ЗэрыжаIэжымкIэ, а пщащэм и цIэр Румт. А зауэм хэкIуэда хъыджэбз хахуэм и цIэр Iуащхьэм фIащыжауэ аращ.
Iуащхьэр щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ я фэеплъщ. КъызэрахутамкIи, ди лъэхъэнэм и I00-200 гъэхэм абы жылэ тесагъэххэщ. Iуащхьэр къатитIу зэхэлъу щытагъэнущ: илъабжьэм (гектари 116-117-рэ) жылэр щыпсэуащ, ищхьэр быдапIэу щытауэ хуагъэфащэ, биидзэ къащытеуэкIэ дэкIуейрэ, абы зыщахъумэжу. КъищынэмыщIауэ, Iуащхьэм и щыгум кумбышхуэхэр къиудауэ иIэщ, гуэдзрэ псырэ щахъумэу щытауэ.
Рум Iуащхьэр яубыдыну бийр къыщIещакIуэми щхьэусыгъуэшхуэ иIащ – ар сондэджэрхэм я Данэ лъагъуэм тетти, экономикэ и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ щIыпIэт. НобэкIэ Рум Iуащхьэм и лъапэм Римгоркэ къэрэшей жылэр щысщ.