ЩIыналъэхэр ирагъэфIакIуэ«ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Тэрч районым и Тамбовскэ къуажэм и курыт еджапIэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж мы махуэхэм. А щIыналъэм щынэхъ ин дыдэхэм ящыщщ а школыр икIи псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ 5400-рэ еубыд. Лэжьыгъэхэр ухуэныгъитIым щрагъэкIуэкI. Иджыпсту унащхьэхэр зэрахъуэкI, жыпIэнурамэ, спорт залымрэ пщэфIапIэмрэ яйхэр. Абы къыдэкIуэу, псы къабзэ, хуабэ зэрыкIуэ, къагъэсэбэпар зэрыIуаш бжьамийхэр яукъуэдиящ, хьэуа кIуапIэхэр хуащIащ. Апхуэдуи, плиткэхэр къанэ щымыIэу зы корпусым и лъэгум щралъхьащ, пэш кIуэцIхэр къыщыщIалыкIащ, иджыпсту сантехникэхэр щIагъэувэ. Мы гъэм жэпуэгъуэм ирихьэлIэу школ зэпэщым и бжэр сабий 500-м къыхузэIуахыжын мурад щыIэщ. «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэр ягъэзащIэу, Май районым и Котляревскэ къуажэм и курыт еджапIэ №8-ми зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэм щыпащэ. Абы къызэщIрагъэубыдащ псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэу мини 3,7-рэ. НобэкIэ инженер коммуникацэхэр абы щызэрахъуэкIащ. Физикэмрэ химиемкIэ дерсхэр щатыну классхэм обрудованэщIэхэр щIагъэуващ, къэхутэныгъэ, лабораторэ лэжьыгъэхэр еджакIуэхэм щрагъэкIуэкIыфын хуэдэу. Школ пырхъуэхэм я лъэгухэм плиткэхэр иралъхьащ, классхэм – линолеумхэр, пщэфIапIэри къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ. Лэжьыгъэхэр зэрызэфIэкIыу, еджапIэр иджырей обрудованэхэмрэ IэмэпсымэхэмкIэ къызэрагъэпэщынущ, унэлъащIэ щIагъэувэнущ. Iуащхьэмахуэ щIыналъэм и Iуащхьэмахуэ къуажэми и сабий садыр къагъэщIэрэщIэж мы махуэхэм. Ар сабий 280-м хуэщIауэ щытынущ. Ар щаухуар 1987 гъэрщ, абы лъандэри мыпхуэдэ лэжьыгъэшхуэ щрагъэкIуэкIакъым. Садым и инженер коммуникацэхэр зэрахъуэкIащ, щхьэгъубжэщIэхэр хагъэуващ. Иджыпсту пэшхэр къращIыкI, лъэгухэр зыхуей хуагъазэ. Апхуэдэуи лэжьакIуэхэм къапэщылъщ унащхьэр зэрахъуэкIыну, унэ IуплъапIэм теплъэ дахэ иратыну, пэшхэм унэлъащIэ щIагъэувэну. ИужькIэ, сабий садым къедза щIыпIэр зэIузэпэщ ящIынущ. Лэжьыгъэхэр дызэрыт илъэсым и кIэхэм зэфIагъэкIын мурад щыIэщ. Гъуэгу лэжьыгъэхэм датепсэлъыхьмэ, Налшык къалэм Байсултановым и цIэр зезыхьэ и уэрамыр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж иджыпсту. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и транспорт IэнатIэм зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ. НобэкIи, Шортэным и цIэр зезыхьэ уэрамым деж къыщыщIэдзауэ Кировым и цIэр зезыхьэм нэсыху асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ тIуащIэу щытралъхьащ, иджырей уэздыгъэ щыпадзащ. Апхуэдэуи, лъэс лъагъуэхэр къагъэщIэрэщIэжащ, мывэхэмкIи кърагъэбыдэкIыжащ. Иджыпсту лэжьакIуэхэм къэнэжа гъуэгу Iыхьэм асфальт тралъхьэ, зэхыхьэпIэ-зэхэкIыпIэхэр къыхагъэщхьэхукI, гъуэгубгъухэр ягъэдахэ, жыгыщIэхэр хасэ, пкъохэр ягъэув. Апхуэдэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI ди къалащхьэм Тэрчокъуэм и цIэр зезыхьэ и уэрамми. Мыбдежым, щIым щIэлъ бжьамиижьхэр щызэрахъуэкI, псы жапIэхэр щыхуащI, зэ ирикIуэгъуэу асфальт тралъхьэ. Абыхэм къадэкIуэу, мывэхэмкIэ гъуэгубгъухэр кърагъэбыдэкI, лъэс лъагъуэхэр къагъэщIэрэщIэж, асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ зэрытралъхьэнум гъуэгу лъабжьэр хуагъэхьэзыр, иджырей уэздыгъэхэр щыпадзэ, ток кIапсэхэр щIы щIагъым щIрагъэубыдэ. Апхуэдэуи, 2027 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэ гъуэгу фондым къыхэкIа мылъкукIэ, щыIэ мардэм кърагъэтIэсэнущ республикэм и районхэм я лъэмыжхэр. Псалъэм къыдэкIуэу, Шэджэм ЕтIуанэ, Булунгу къуажэхэр зэпызыщIэ автомобиль гъуэгум телъ лъэмыжхэр, зым метр 64-рэ, адрейм метр 28-рэ я кIыхьагъыу, зыхуей хуагъэзэнущ. Къыхэдгъэщынщи, гъуэгу лэжьыгъэшхуэхэр мы щIыпIэм щрагъэкIуэкI 2022 гъэм щегъэжьауэ икIи а зэманым къриубыдэу лъэмыжи 9 къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ. КъищынэмыщIауэ, Тэрч щIыналъэм хыхьэ Арыкъ къуажэми и лъэмыжу 4, псори зэхэту метр 49-рэ я кIыхьагъыу, а лэжьыгъэхэм къызэщIрагъэубыдэнущ. Аруан районым хыхьэ Черная Речкэ къуажэм амбулаторэщIэ щаухуэ абы дэтаижьым и пIэкIэ. Сымаджэщым и хэщIапIэу щыта ухуэныгъэр бэджэнду яIыгъауэ аращ икIи теплъаджэ, иджыпсту щыIэ медицинэ мардэхэм къимытIэсэж хъуат. АмбулаторэщIэм метр зэбгъузэнатIэ 350-рэ ирагъэубыдыныщ, щаухуэнур къуажэкурщ, щIыпIэ администрацэмрэ курыт еджапIэмрэ япэгъунэгъуу икIи къуажэдэс 2370-м, сабийуэ 800 яхэту, медицинэ Iуэхутхьэбзэ зэхуэмыдэхэр яхуищIэнущ. Иджыпсту лэжьакIуэхэм унэ лъабжьэр ягъэтIылъащ, блынджабэхэр зэраIэтынум хуагъэхьэзыр. Сымаджэщым хэтынущ дохутыр зэхуэмыдэхэм, цIыхухэм щеIэзэ, узыншагъэр къыщапщытэ я пэшхэр икIи иджырей медицинэ обрудованэхэмкIэ зэпэщу щытынущ. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «ГъащIэ кIыхь икIи купщIафIэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ икIи ахэр 2027 гъэм зэфIагъэкIын мурад щыIэщ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




