10 сентября, 2026 - 14:57
Лъэпкъ къэрал библиотекэ Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэм и лъахэхутэ къудамэм КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэм ипэ къихуэу щекIуэкIащ «След на земле: Герои Социалистического Труда Кабардино-Балкарии – юбиляры 2026 года» зэIущIэр.
Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь щIыхьыцIэр лэжьыгъэм къыхэжаныкIхэм хуагъэфащэ дамыгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщт. Ар иратырт промышленностым, мэкъумэшым, щIэныгъэм, щэнхабзэм, нэгъуэщI унэтIыныгъэхэм ехъулIэныгъэ къызэрымыкIуэхэр къыщызыхь цIыхухэм. Къэбэрдей-Балъкъэрым и лэжьакIуэ 35-м а цIэ лъапIэр иратащ: 23-м цIыхубэ хозяйствэр къаIэтащ, 10-м хэлъхьэныгъэхэр хуащIащ республикэм и промышленностыр зэфIэгъэувэнымрэ абы зегъэужьынымрэ, 2-м щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ хэлъхьэныгъэ хуащIащ. Лэжьыгъэм и щIыхь орденым и дамыгъэ псори къыхуагъэфэщащ республикэм и цIыхуи 8-м.
ЗэIущIэм ирагъэблэгъащ Ингуш Республикэм щIыхь зиIэ и дохутыр, КъБКъУ-м и кафедрэм и доцент, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Таукенов Ибрэхьим ипхъу Жангоразовэ-Таукеновэ Елизаветэ, Налшык къалэм и Бзылъхугъэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэт Дыджэш Лидэ, «Трудовая доблесть России» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Бондарев Леонид сымэ.
Бондарев Леонид къыщыпсалъэм къыхигъэщащ тхыдэр къэхъугъэ инхэм я мызакъуэу, къызэрыгуэкI лэжьакIуэхэм я хэлъхьэныгъэхэмкIэ зэрыкъулейр, хъуэпсапIэхэр ерыщу зэрызэбгъэхъулIэфынум, жэуаплыныгъэм, узыпэрыт IэнатIэм хуиIэ лъагъуныгъэр тхыдэм къызэрыхэнэфынум Къэбэрдей-Балъкъэрым Социалист ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужьхэр зэращапхъэр.
Дыджэш Лидэ жиIащ къэралым и тхыдэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа, щIыналъэм зезыгъэужьа цIыху щэджащэхэм ятеухуа зэхыхьэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужьхэр ягу къагъэкIыжыху абыхэм я цIэр щIэблэм зэращымыгъупщэнур, уасэ зимыIэ щIэинхэр къытхуэзыгъэна цIыху пэжхэр, лэжьакIуэ къызэрымыкIуэхэр щапхъэ зэрахуэхъунур.
Лъагъуныгъэрэ гушхуэныгъэрэ и псалъэхэм къыхэщу Жангоразовэ Елизаветэ игу къигъэкIыжащ и адэм и IуэхущIафэхэмрэ и псэукIамрэ.
Зэхыхьэр щекIуэкIа пэшым щагъэуват «Дызэкъуэтмэ дылъэщщ» тхылъ дапхъэмрэ «Абыхэм я цIэр тхыдэм къыхэнащ: Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужьхэр» гъэлъэгъуэныгъэмрэ.
МакъамэмкIэ езыгъаджэ Хочуевэ Эльмирэрэ и гъэсэн Битокъу Каринэрэ зэIущIэм щызэдагъэзэщIащ Урысеймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ ятеухуа уэрэдхэр.