Гектар мини 6,7-м щIигъу

«Мэкъумэш къэкIыгъэхэр зытращIэ щIыр псыщIэгъэлъадэм къызэщIегъэубыдэн икIи ахэр гъэлэжьэн» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ дызыхэт илъэсым зэрыщIидзэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым псы зыщIагъэлъадэ, гъавэ зытращIэ и щIым гектар мини 6,7-м щIигъу къыхагъэхъуащ. 

МэкъумэшыщIэхэм абыхэм щагъэуващ уэшх къыщешхым деж хуэдэу хьэсэхэр псыкIэ зыгъэнщI, щIыпIэшхуэхэр зэуэ къызэщIэзыубыдэ машинэхэр, псыр ихъуреягъкIэ зэрызэбграутхыкI спринклерхэр, ткIуэпс-ткIуэпсурэ псыр зэрыщIагъэхьэ Iэмэпсымэхэр, нэгъуэщIхэри.
IэщIагъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, мэкъумэш хьэсэм псы зэрыщIагъэлъадэ иджырей технологие ехьэжьахэр къызэрыщагъэсэбэпым и фIыгъэкIэ республикэм гъавэ бэв къыщрахьэлIэж икIи щIы нэхъыбэ абы къыхэша зэрыхъуным мэкъумэшыщIэхэр яужь ит зэпытщ. 
 

 

СЫЖАЖЭ Аскэр.
Поделиться: