ЩIы Iыхьэхэр ират

Шэджэм районым хыхьэ Щхьэлыкъуэ къуажэм и цIыху 41-м псэупIэхэр щаухуэн щIы Iыхьэхэр иратащ, метр зэбгъузэнатIэ 800 хъууэ. Гулъытэ зыгъуэтахэм яхэтщ унэгъащIэхэр, бынунагъуэшхуэхэр, сабий ныкъуэдыкъуэ зыпIхэр, дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэр. Сертификатхэр абыхэм щратыжащ Шэджэм район администрацэм.

Унагъуэхэм ирата щIы Iыхьэхэр зыхуэзэр Новосельская, Родниковая уэрамхэрщ икIи, апхуэдэ щIыкIэкIэ, щIыпIэ администрацэм зэрыщыжаIамкIэ, Щхьэлыкъуэ къуажэм льготэ зиIэу чэзум щытахэм ящыщу зыри къэмынэу псоми я лъэIухэр хуагъэзэщIащ. 
Къыхэдгъэщынщи, 2026 гъэм зэрыщIидзэрэ, Шэджэм районым, Щхьэлыкъуи хэту, унагъуи 140-м щIигъум псэупIэхэр щаухуэн щIы Iыхьэхэр иратащ.

 

ЗЭКIУРЕЙ Ислъам.
Поделиться: