ГъащIэр лъапIэщ

ФокIадэм и 10-м, ЦIыхум зиукIыжыныр къэмыгъэхъуным и дунейпсо махуэм, ирихьэлIэу Урысей ФСИН-м и управленэу КъБР-м щыIэм и IуэхущIапIэхэм щрагъэкIуэкIащ «ГъащIэ» акцэ. Абы и купщIэ нэхъыщхьэр ягъэтIысахэм я гуп­сысэхэр фIым траухуэнырщ, езыхэми зыхэтхэми зэран яхуэхъу я дуней тетыкIэр хъуэжынырщ. 

IуэхущIапIэхэм лэжьыгъэ щхьэпэхэр щрагъэкIуэкIащ - те­зырыр езыхьэкIхэм дерсхэр, чэнджэщхэр иратащ, апхуэдэуи я хьэл-щэным кIэлъыплъыжыным, щытыкIэ гугъум къызэрикIыным теухуауэ яущиящ. 
Колоние №1-м псалъэмакъ купщIафIэ щригъэкIуэкIащ ИК-1-м и унафэщIым дин зезыхьэхэм ядэлэжьэнымкIэ и дэIэпыкъуэгъу НэщIэпыджэ Мухьэмэд. Абы ягъэтIысахэм яжриIащ Iуэху мыщхьэпэхэм хэтыныр динми зэримыдэр. Iимамым зыIущIахэм чэнджэщ яритащ гъуэгу захуэм тету, хабзэр къызэпамыуду псэуну.  
Iуэхум къыхашащ балигъ мыхъуауэ суд зытращIыхьахэри. Псалъэмакъхэр драгъэкIуэкIащ уголовно-гъэзэщIакIуэ инспекцэм и къудамэу Прохладнэ щыIэм и учетым щыт ныбжьы­щIэхэми. Абыхэм ирагъэлъэгъуащ я гъащIэм къащыхуэщхьэ­пэну социальнэ фильм. КъинэмыщIауэ, ахэр пхыкIащ «Ущелье» методикэр къыщагъэсэбэп арт-терапием. Психологхэр апхуэдэ ныбжьыщIэхэм ядоIэпыкъу гъащIэм лъэ быдэкIэ хэувэнымкIэ, щхьэжэ ящыхъункIэ хъуну щытыкIэхэм къызэрикIыфынум ирагъасэ, Iэмал имыIэмэ, хэкIыпIэ къэгъуэтынымкIэ я нэхъыжьхэм зыхуагъэзэн зэрыхуейри гурагъаIуэ.  
Социальнэ роликхэр щагъэлъэгъуащ IуэхущIапIэм и IэнатIэ псоми. Апхуэдэуи абыхэм къыщызэрагъэпэщат Iуэхум ехьэлIа хъыбархэр къызытещ стендхэр. 

БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться: