Анэдэлъхубзэм и дэгызэ

Анэдэлъхубзэм махуэ къэси и махуэщ, жаIэу зэхэпхынущ. Лъэпкъыр дунейм зэрытетыр къозыгъащIэ нэщэнэ нэхъыщхьэу бзэр зэрыщытыр къэплъытэмэ, ар зэрыпэжым шэч зицIэ хэлъкъым. Лъэпкъым щыIэныгъэм щиубыд увыпIэр зыхуэдэр щаубзыхум деж, псом япэ зэплъыр бзэмрэ щэнхабзэмрэ зэрихъумэ щIыкIэрщ, итIанэщ экономикэрэ политикэрэ я лъэныкъуэкIэ игъуэта зыужьыныгъэр здынэсыр къыщахутэр. Лъэпкъыр зэрыузыншэр къызэращIэри анэдэлъхубзэм хуиIэ хущытыкIэращ.

ЮНЕСКО-м къызэрихутамкIэ, дунейм лъэпкъыу тетыр бзэ миниблым нызэрыхьэсын хуэдизкIэ мэпсалъэ. Абы щыщу кIуэдыжынкIэ шынагъуэ зиIэр бзэ 2500-м нызэрохьэс. Ethnologue дунейпсо зэгухьэныгъэм зэрыжиIэмкIэ, 2026 гъэм бзэ мини 3226-рэ хуэдизыр, е цIыхухэр зэрыпсалъэ бзэхэм я процент 44,6-р, дунейм текIыжынкIэ шынагъуэщ. Ауэ мы Iуэхум нэгъуэщI гуэри хэлъщ. Къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, зи бзэр зыфIэкIуэд лъэпкъым и политикэ икIи экономикэ щыIэныгъэр дохуэх, жылагъуэ зэхэтыкIэми зиужьыркъым. Арыххэуи, лъэпкъыбзэмрэ зыужьыныгъэмрэ зэгуэх имыIэу зэпхащ. Абы тепщIыхьмэ, игъуэщ икIи узыщыгуфIыкIынщ анэдэлъхубзэхэм ехьэлауэ щыIэ махуэщIхэм къадэкIуэу, Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэхэм я махуэр щхьэхуэу къызэрыхагъэщхьэхукIар, ар гъэлъэпIэным и IуэхукIэ жэрдэм щIагъуэхэр къыхалъхьэ зэрыхъуар. Апхуэдэ щытыкIэм щIэблэр зытет дунейм хэлъ щхьэхуэныгъэхэм иригъэгупсысынущ, зыщыщ лъэпкъым и пщIэмрэ абы и щэнхабзэм игъуэтыпхъэ Iулыджымрэ хуэбэлэрыгъынукъым.

Апхуэдэу анэдэлъхубзэм и мыхьэнэм нэхъ куууэ иригъэгупсысат КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ лъэпкъ литературэмкIэ и кафедрэм и жэрдэмкIэ иджыблагъэ къызэрагъэпэща зэIущIэм къекIуэлIахэр. Пэж дыдэу, ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэр зезыхьэ Адыгэ щэнхабзэ центрым щекIуэкIа Iуэхугъуэ дахэм ди жылагъуэр зыгъэпIейтей упщIэ зыбжанэ къыщаIэтат, нэхъыщхьэращи, а псом адыгэбзэкIэ ирипсэлъат. Адыгэбзэмрэ лъэпкъ литературэмкIэ IэщIагъэ зэзыгъэгъуэт ныбжьыщIэхэм ирагъэцIыхуну, щIэныгъэмрэ IэщIагъэмрэ теухуауэ иIэ Iуэху еплъыкIэхэмкIэ абыхэм ирагъэуэршэрылIэну къеблэгъат Урысейм егъэджэныгъэмкIэ и академием психологиемкIэ и институтым гуп зэмылIэужьыгъуэхэм я психологиемрэ психофизиологиемкIэ и лъэщапIэм и унафэщI, психологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Къэбардэ Мухьэмэд.

ЗэIущIэм хэтащ КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ лъэпкъ литературэмкIэ и кафедрэм и лэжьакIуэхэр, КъБКъУ-м щэнгъасэмкIэ, психологиемрэ спорт щIэныгъэ етынымкIэ и къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ, педагогикэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Багъ Риммэ, педагогикэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Пащты Тимур, педагогикэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Табыщ Тимур, студент щIалэгъуалэр, нэгъуэщIхэри.

Зэхуэсым кърихьэлIахэм фIэхъус гуапэ яриха нэужь, адыгэбзэмрэ лъэпкъ литературэмкIэ кафедрэм и унафэщI Къардэн Мусэдин хьэщIэр къаригъэцIыхуащ, абы щIэныгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэмрэ егъэджэныгъэ IэнатIэм щригъэкIуэкIа лэжьыгъэмрэ тепсэлъыхьащ. Апхуэдэу Къардэным и гугъу ищIащ Къэбардэр илъэс Iэджэ щIауэ Мэзкуу зэрыщыпсэум, Ломоносов Михаил и цIэр зезыхьэ Мэзкуу къэрал университетыр къызэриухам, 1983 гъэм кандидат лэжьыгъэр, 2001 гъэм доктор къэхутэныгъэр зэрыпхигъэкIам, ахэр бзэхэмрэ абыхэм яхэлъ щхьэхуэныгъэмрэ тегъэщIауэ зэрыщытым. Зи къэхутэныгъэхэм щIэныгъэ дунейм пщIэ щыхуащI еджагъэшхуэм и гъащIэм адыгэбзэм щIыпIэшхуэ зэрыщиубыдми тепсэлъыхьащ Къардэн Мусэдин.

Псалъэ зрата Къэбардэ Мухьэмэд зэIущIэм къекIуэлIахэми къезыгъэблэгъахэми фIыщIэ яхуищIащ, къыздэкIуа еджапIэм щилъагъу къабзагъэмрэ лъэпкъ нэщэнэхэр зыхилъагъуэ дахагъэмрэ и нэгу зэрыщыщэкIыр зэригуапэри къыхигъэщащ.

– Сызэрыадыгэм сыщримыгушхуа, сыкъызыхэкIа лъэпкъым и гугъу щащIкIэ ин сыщыщIэмыхъукIа зэи къэхъуакъым. Си гъащIэр сыщалъхуа лъахэм пэжыжьэми, адыгэбзэр зэи IэщIыб сщIакъым, адыгагъэми пэIэщIэ зыхуэсщIакъым. Уеблэмэ ар сэбэп къыщысхуэмыхъуа къэхъуакъым. Си къэхутэныгъэхэм бзэхэм щIыпIэшхуэ щаубыд. Адыгэбзэр зэрысцIыхум, абы къысхузэIуих и дунейм хэлъ гъэщIэгъуэнхэр зэхэсщIыкIынуи нэхъ кууужу зэпкърысплъыхьынуи Iэмал сызэриIэм и фIагъ куэд къызэкIащ. Апхуэдэу психофизиологием сыдехьэх. Адыгэбзэм къысхузэIуиха хьэлэмэтхэм ящыщщ, псалъэм и хьэтыркIэ, адыгэ лъэпкъ щэнхабзэм и щыIэныгъэр зыкъомкIэ бзэм елъытауэ, езы бзэр хэмыту щытмэ, щэнхабзэм и купщIэр къыбгурымыIуэну зэрыгъэпсам. Бзэ къэс езым и щхьэхуэныгъэхэр иIэжщ, ауэ адыгэбзэм и лэжьэкIэм ебгъэщхь хъун куэд щыIэкъым. Арыххэуи, сэ хьэкъыу си фIэщ мэхъу адыгэбзэр зыщIэм и дунейр куэдкIэ зэIузэпэщ зэрыхъунур, сыт хуэдэ IэнатIэм пэрымытми, абы и фIагъ Iэджэ къызэрекIынур. Зэи фи фIэщ фымыщI адыгэбзэр умыщIэми ягъэ мыкIыну жызыIэхэм я псалъэр. Апхуэдэу жызыIэхэр е щIэныгъэншэщ, е пэжыр ябзыщI, – жиIащ Къэбардэ Мухьэмэд.

ЩIэныгъэлIыр адыгэбзэ шэщIакIэ тепсэлъыхьащ интеллект IэрыщIкIэ зэджэмрэ иджырей щыIэныгъэм абы къыхихьэ зэхъуэкIыныгъэхэмрэ, и гугъу ищIащ абы щышынэн зэрыхуэмейм, ауэ сыт хуэдэ къэхъугъэми мардэр зэрыфIэфIыр къэплъытэмэ, абыкIэ иумыгъэлеиныр щхьэпэ зэрыхъунур. Апхуэдэу Къэбардэм и гугъу ищIащ сыт хуэдэ IэщIагъэми зэм-зэм утезашэу, уи къарум димыхыжу щытыкIэ уригъэувэнкIэ зэрыхъунум. Апхуэдэм деж лэжьыгъэм укъыпэрыкIыныр, жьы Iурыхьэгъуэ зэбгъэгъуэтыным и мызакъуэу, гъащIэм епхауэ цIыхур нэхъыбэу зыгъэпIейтеинкIэ хъуну нэгъуэщI Iуэхугъуэхэм зетыныр зэрынэхъыфIыр къыхигъэщащ.

– Щхьэр еш жыхуаIэр имыщIэу мэлажьэ. Псори зыщыбгъэгъупщэныр щхьэгъэпцIэжу къыщIэкIынущ, ауэ гупсысэр «ебгъэпкIэкIыныр» лей хъуну къыщIэкIынкъыми, ар зыщывмыгъэгъупщэ. Фэ фыщIалэщ, лэжьыгъэ IэнатIэм хэтурэ исыжхэмрэ ешхэмрэ зэхуэдэкъыми, фи гуащIэр зэрызэвгъэзэхуэным фыхущIэкъу, – къызэхуэсахэм чэнджэщ яритащ Къэбардэм .

Зи къэпсэлъэныгъэр гъэщIэгъуэн зыщыхъуахэми упщIэ зыбжанэкIэ зыхуагъэзащ еджагъэшхуэм. Апхуэдэу КъБКъУ-м и доцент Багъ Риммэ къыхигъэщащ Къэбардэ Мухьэмэд психологие щIэныгъэм къыщызэIуаха унэтIыныгъэм и лъагъуэхэшу зэрыщытыр.

– А унэтIыныгъэр зытеухуар езыр гъэщIэгъуэн дыдэщ: цIыхухэм е гуп щхьэхуэхэм я психологиер къыщихутэм, къыхигъэща щхьэхуэныгъэхэм ящыщу зыр адрейм ефIэкIыу е зым имыIэр адрейм куэду бгъэдэлъу къигъэлъэгъуакъым, атIэ дэтхэнэ зы щхьэхуэныгъэми хэлъ фIагъхэр цIыхухэр е гуп щхьэхуэхэр зэрыхуэ щытыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыщыбгъэсэбэп хъуну Iэмал гъэщIэгъуэну къищтащ. Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм психологие щIэныгъэм щызекIуэ еплъыкIэ гуэрхэр, зэхъуэкIыныгъэхэр хилъхьащ. Сэ Къэбардэ Мухьэмэд сригъэсэнщ, абы и еплъыкIэхэр ди еджапIэм зэрыщыпхызгъэкIынум сыхущIокъу. Апхуэдэ Iэмалыр къыдэзытри «Психологым и дэIэпыкъуэгъукIэ» еджэу студент гъащIэм къыхэтхьэ жэрдэмырщ. Мухьэмэд къызыхэкIа лъэпкъым и бын пэжщ, и гуащIэри, и зэфIэкIри абы зэрыбгъэдимыхыр гухэхъуэщи, тхуэузыншэну си гуапэщ, – жиIащ Багъым.

Анэдэлъхубзэм и щытыкIэм цIыхухэр зэрырипIейтейм щытепсэлъыхьым, КъБКъУ-м и доцент Табыщ Тимур къыхигъэщащ ар хъумэным и IуэхукIэ хьэкъышхуэ адэ-анэхэм я пщэм зэрыдэлъыр.

– Анэбзэ щIыжаIаращи, абы и IэфIыр щIэблэм япэу зыхезыгъащIэр анэращ. Абы сабийм иримыгъэщIа бзэр еджапIэ нэхъыфI дыдэми хуегъэщIэнукъым, сыту жыпIэмэ дэтхэнэ бзэри гупсысэм и фащэ мэхъури, ар къызэрыпIуэтэну Iэмалым Iэджэ хьэлэмэти хэлъщ. «СокIуэ» е «сыкъокIуэж» жыпIэкIэ бзэр иухыркъым. Абы хэлъщ жыIэгъуэ телъыджэ дыдэхэр, идиомэ жыхуэтIэхэр, бзэм и кууупIэхэм унашэсу. Аращ адэ-анэм я хьэкъыр хьэкъышхуэ щIэхъур. Пэжщ, къэралми еджапIэхэми бзэр хъумэным и IуэхукIэ яIэ къалэныр ящхьэщыпх хъунукъым – зым Iэмалхэр къызэрегъэпэщ, адрейм бзэр жыпхъэ пыухыкIам тету сабийхэм ярегъэдж. Ди анэшхуэм и фIыгъэщ «Нартхэр» лIыхъужь эпосым дыщыгъуазэу, IуэрыIуатэхэм хэтщIыкIыу и щIэблэр дыкъызэрыувар. Арыххэуи, Мухьэмэд жиIамкIэ арэзы сохъу – адыгэбзэр зэрыдагъэщIам и фIагъ къыдэмыкIамэ, зэран зэи хъуакъым. Педагогым хуэдэу, психологым фIыуэ къыгуроIуэ бзэм къаруушхуэ зэриIэр. Щхьэ куцIым и процент мащIэ дыдэращ дэ къытхуэгъэIурыщIэр, а мащIэ дыдэми анэдэлъхубзэм щIыпIэ ин щеубыдри, ар зыхуей хуэдмыгъэзэнкIэ Iэмал иIэкъым. Къэбардэ Мухьэмэд психофизиологием теухуауэ иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм бзэм хилъхьэр зыхуэдэр IупщI дыдэ щищIащ, ар тегъэщIапIэ зыхуэпщI хъун лэжьыгъэ куэд идогъэкIуэкI. ФIыщIэ хуэсщIыну сыхуейт Мухьэмэд, къытхуеблагъэу и гупсысэкIэхэм дызэрыщигъэгъуэзам папщIэ, – жиIащ Табыщ Тимур.

Зэхуэсым хэтахэм хьэщIэм Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехьэлIауэ зыхуагъэзащ, щIэныгъэлIми арэзы укъэзыщIын жэуап хъарзынэхэр дэтхэнэми къаритыжащ.

Адыгэ щэнхабзэ центрым къыщызэрагъэпэща зэIущIэ дахэр гуапагъэкIэ гъэнщIауэ екIуэкIащ. Адыгэбзэм зи гъащIэр езыпхахэмрэ нэгъуэщI IэнатIэхэм лэжьыгъэ щезыхьэкIхэмрэ зэхуэдэу анэдэлъхубзэр зэрагъэшэрыуэм укIэлъыплъыныр, щIэныгъэм теухуа псалъэмакъхэр а бзэмкIэ зэрырагъэкIуэкIым уедэIуэныр къызэрымыкIуэу гухэхъуэт. Къэбардэ Мухьэмэд хэгъэрейхэм фIыщIэ яхуищIащ, кърагъэблагъэу щIалэгъуалэм епсэлъылIэну Iэмал къызэрыратам папщIэ.

ЮНЕСКО-ми Ethnologue дунейпсо зэгухьэныгъэми я къэхутэныгъэхэр адыгэхэм ттемыухуауэ гугъэ уэзыгъэщI щхьэусыгъуэ гуэрхэр ди гъащIэм щыплъагъуми, ущыгугъыщэ зэрымыхъунур хьэкъ пщызыщI Iуэхугъуэ бзаджэхэми уарохьэлIэ. Анэдэлъхубзэм махуэ къэси и махуэу щытын хуейщ, ар гъащIэм хэткIэрэ, абыкIэ къытщIэхъуэ щIэблэм депсалъэкIэрэ. Анэбзэм и пщIэр нэрылъагъу зыщIыфынури зи псалъэм фIэлIыкI иIэхэращи, гуапэщ Къэбардэ Мухьэмэд хуэдэ цIыху гъэщIэгъуэнхэр лъэпкъым зэрыдиIэр, адыгэбзэм хуэсакъын хуейуэ щIэблэм зыхуагъэзэфу зэрыщытыр. КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ лъэпкъ литературэмкIэ и кафедрэм лэжьыгъэшхуэ ирехьэкI анэдэлъхубзэм и лъэкIыныгъэри, и гуащIэри, и зэфIэкIхэри къэIэтыным хуэунэтIауи, мыпхуэдэ пэхуэщIэхэми Iулыдж хуэщIыпхъэщ. Я мурадымрэ я гугъэмрэ зэтехуэну ди гуапэщ.

ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.

Поделиться:

Читать также: