ТыншыпIэмрэ шынагъуэншагъэмрэ хуэгъэпса лэжьыгъэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым фэтэр куэду зэхэт и унэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным ехьэлIауэ лажьэ щIыналъэ программэм ипкъ иткIэ 2019-2026 гъэхэм къриубыдэу абыхэм хыхьэ унэу 695-рэ къагъэщIэрэщIэжащ.

 Лэжьыгъэхэм зэуэ къызэщIрагъэубыдащ унащхьэхэр, унэ IуплъапIэхэр, лифтхэр - ахэр къэгъэщIэрэщIэжащ е зэрахъуэкIащ. КъищынэмыщIауэ, унэхэм екIуалIэ инженер коммуникацэхэр зыхуей хуагъэзащ: псы къабзэ, хуабэ, зэрыкIуэ, къагъэсэбэпар зэрыIуаш бжьамийхэр, газ бжьамийхэр къагъэщIэрэщIэжащ.

Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм и фIыгъэкIэ? фэтэр куэду зэхэт унэхэм щыпсэу цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуа, я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэща хъуащ, езы унэхэми зыри къащымыщIу илъэс нэхъыбэкIэ щытынущ, щыжаIащ КъБР-м Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министерствэм.

  2027 гъэм республикэм къызыхуэтыншэу щызэрагъэпэщыжыну фэтэр куэду зэхэт унэхэр 208-рэ мэхъу. Абыхэм гулъытэ нэхъыбэ зыхуащIынур унащхьэхэр къэгъэщIэрэщIэжынымрэ зэхъуэкIынымрэщ, дуней къэхъукъащIэ мыщхьэпэхэм цIыхухэр щыхъума, хуабэрэ электрокъарууэ ягъэкIуэдымрэ гъэмэщIа хъун щхьэкIэ.

 Программэм и лэжьыгъэм адэкIи пащэнущ, фэтэр куэду зэхэт унэхэр ирагъэфIэкIуэн, республикэм и цIыхухэм я тыншыпIэмрэ шынагъуэншагъэмрэ къызэгъэпэща хъун папщIэ, щыжаIэщ министерствэм.

АРХЭСТ Аслъэнбэч.

 

 

Поделиться:

Читать также: