Иджыри зы ехъулIэныгъэ

Ростов къалэм Лышх узыфэхэр зыпкърытхэм щеIэзэу дэт медицинэ IуэхущIапIэм и дохутырхэм зрагъэсащ лимфэ системэм екIуалIэ лъынтхуэхэр операцэ ящIу. Медицинэм и IэмалыщIэу къэунэхуар Урысейм и ипщэ щIыналъэхэм ящыщу япэ дыдэ ростов онкологхэм ягъэлъагъуэу аращ.

Медицинэ къэхутэныгъэхэмкIэ Ростов онкоцентрым и щIэныгъэлIхэр микрохирургием хуэIэрыхуэ хъуауэ, куэд щIауэ ирагъэкIуэкI апхуэдэ операцэ гугъухэр. Иджы зэрагъэпэща Iэмэпсымэхэм я фIыгъэкIи бгъэм, лым, къупщхьэм, зэрытыпIэхэм еуэлIа лышх узыфэхэм еIэзэну куэдкIэ нэхъ тынш хъуащ.

«Узыншагъэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ, ростов онкологхэм къащэхуащ операцэр зэрекIуэкIым зэрыкIэлъыплъ экзомикроскоп. А Iэмэпсымэм и фIыгъэкIэ лышхым и лъахъцхэр зэрыщыту къыпхуэхутэнущ икIи тынш дыдэу къыпхухэгъэжынущ, ар хуэдэ 26-кIэ нэхъ ину уегъэлъагъури. КъищынэмыщIауэ, операцэр мониторышхуэм 3D мардэм иту къегъэлъагъуэри, хирургым и лэжьыгъэр куэдкIэ щегъэпсынщIэ: лым и зэхэлъыкIэри, лъынтхуэхэмрэ лимфэмрэ зэрызэхэухуэнари хуиту уи нэгу къыщIегъэувэ. Абы и закъуэкъым, инфрокраснэ бзийхэр хэтщ Iэмэпсымэми, сэм къыхухэмыгъэжа лышх къуэпсхэр абыкIэ ирагъэжьыхьыж.

- Урысейм и ипщэ щIыналъэхэр къапщтэмэ, ростов онкоцентрым, куэд щIауэ, ехъулIэныгъэфIхэр къигъэлъагъуэу мэлажьэ. МикрохирургиемкIэ къэралым япэ дыдэу лэжьыгъэ телъыджэхэр къыщызыгъэлъэгъуахэми дащыщщ. Псалъэм папщIэ, щхьэм, пщэм, лым хищIа лышх къуэпсхэр гъэкIуэдынымкIэ зэфIэкIышхуэхэр диIэщ. Иджы къэтщэхуа IэмэпсымэщIэм и фIыгъэкIэ, лимфэ системэм екIуалIэ лъынтхуэхэм делэжьыфынущ тыншу бгъэм лышхыр къыщыхэдгъэжкIэ лимфэр дгъэкъэбзэну, ныкъусаныгъэншэу къызэтенэну иджы тхузэфIокI, - жеIэ ростов онкоцентрым и унафэщI Кит Олег.

- Экзомикроскопым и фIыгъэкIэ миллиметр 0,2-0,3 хъу лъынтхуэхэр хуиту операцэ тхуэщIынущ, лышх къуэпсхэр тхукIэрыгъэжынущ. Абы къикIыр сыт жыпIэмэ, дяпэкIэ лимфэм и къалэныр хуиту игъэзащIэу къытхузэтенэну аращ, - къыхигъэщащ онкоцентрым и дохутыр, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Аушевэ Татьянэ.   

Фырэ Анфисэ.

 

 

Поделиться:

Читать также: