Ищхъэрэ блын хужьИщхъэрэ полюсым къыщыщIэдзауэ Ипщэм нэскIэ хы Щэхур блынышхуэ гуэрым зэприхулыкIыу къагъуэтат щIэныгъэлIхэм. Гугл-картэр зэхагъэувэн мурадкIэ хьэршымкIэ ЩIым къыщытраха сурэтхэм итащ а блыныр, ауэ икIэщIыпIэкIэ «трагъэкIыжри», сурэттехым IэщIэкIа щыуагъэу ягъэIужащ. Арами, блыныр зи нэкIэ зылъэгъуа дайвер гуп щыIэщ, икIи абыхэм зэрыжаIэмкIэ, градуси 180-рэ меридианым техуэу, километри 2 и бгъуагъыу, Антарктидэм къыщыщIэдзауэ Ищхъэрэ полюсым нэсу хы лъабжьэм щIэлъщ а ухуэныгъэ гъуэзэджэр… Блыныр КъуэкIыпIэ жыжьэм деж Евразием и лъабжьэм щIыхьэу щыпечри, Ищхъэрэ Мылылъэ хымкIэ къыщыпхокIыж, икIи щIым и бынжэу 0 меридианым зэрынэсу къыщоувыIэ. Километр мин бжыгъэкIэ зызыукъуэдия блыным дыркъуэ зэхуэмыдэхэр телъщ, лагъым къауэу жьэдиудам хуэдэу, иныкъуэхэм деж лъахъшэ дыдэу, уеблэмэ хым и щIэм нэс зэхэкъутауэ апхуэдэщ, Iупх-хуэпщIыж хъууэ псы дэжыпIэхэр иIэщ. НэгъуэщI щIыпIэхэм деж, зэрыжаIэмкIэ, машинэ гуэрым и лъэужь телъщ, вездеход абрагъуэ ирикIуа нэхъей. Арами, ухуэныгъэр зэрыщыту пхузэхэкъутэнкIэ Iэмал зэримыIэр наIуэщ, апхуэдизкIэ ар абрагъуэщ, лъабжьэжь иIэу, езыри телъыджэ гуэру ягъэжауэ фэ тетщи. Нэхъ гъэщIэгъуэныжыр блыным и Iэхэлъахэрщ. Абы щIэкIыпIэ зыбжанэ иIэщ, ЩIы зэпрыхулыкIам и зы лъэныкъуэм икIыу, адрейм зыгуэрхэр кIуэуэ щыта нэхъей. КъищынэмыщIауэ, пирамидэ зэмылIэужьыгъуэхэр, метр 600 зи лъагагъ IэрыщI Iуащхьэхэр, зэбгъузэнатIэу зэпыгъэжа абрэмывэхэр, нобэ цIыхум имыцIыху механизм зэмылIэужьыгъуэхэм я лъэужь щIэлъщ. Блыныр зыухуамрэ ар къызыхуагъэщIамрэ и пэжыпIэр зыми ищIэркъым. Арами, мы Iуэхур куууэ зыджхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, пасэрей цивилизацэ гуэрым псыдзэм зыщахъумэу ящIагъэнущ. Ар пэжмэ, блыным щхьэ къыпамыщарэ, 0 меридианым деж къыщызэтемыувыIэу?! Хьэмэрэ, апхуэдэ блын телъыджэр зыухуэфа цIыхухэр губзыгъащэу щытагъэнущ, зэфIэкIышхуэхэр яIэу… АтIэ, псым зиIэту гу лъатауэ блыныр зэтралъхьэн щIадзамэ, псыр блыным и гъунэхэмкIэ къызэрыпежэкIынур къагурымыIуэу арат?! Е, псыдзэ шынагъуэ къеуэу намыщIысыфарэ?! Языныкъуэ фантастхэм хуагъэфащэ, блыныр пэж дыдэу технологие ухуэныгъэу, IэрыщIу щытмэ, дыщыпсэу ЩIыри зыгуэрым къигъэщIауэ, иухуауэ. Iуэхум щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ къыбгъэдыхьэну яужь итхэм жаIэ блыным ЩIым и Ищхъэрэ полюсымрэ ипщэмрэ зызрамыдзэкIын щхьэкIэ зэтриIыгъыу. Хэти и гугъэщ блыным зиIэт-ехыжыурэ псыр мардэ гуэрым тету зэригъакIуэу… Сыт-тIэ и пэжыпIэр, километр мин 19,9-рэ зи кIыхьагъ лъагъуэм? ХьэршымкIэ къыщытраха сурэтхэр щызэгуагъэувэжым яIэщIэкIа щыуагъэу жаIэ езы «Гугл-картэм» и унафэщIхэм. Лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэм аппарат зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ траха сурэтхэр щызэгуагъэуви щыIэщ, ауэ километри 2 зи бгъуагъ, километр мин I9,9-рэ зи кIыхьагъ блын зэпымыч къигъэлъагъуэу сэкъат яIэкъым зыми алъандэрэ! Блыныр Гугл-картэм къызэригъэлъагъуэр, цIыхухэм абы гу зэрылъатар къащIа нэужь, 2019 гъэм етIысылIэри, «лъэужьыр» компьютер программэкIэ трагъэкIыжащ. Арами, зы жэщ-махуэм къриубыдэу ягъэбзэхыжа ухуэныгъэр картэм зэрытетам и щыхьэт къэнащ – Антарктидэм и щIы лъабжьэм щIэкIуэдэж блыным щыщу метри 189-рэ къэнащ. ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, абдеж дыдэм хуэзэу мыл зэпэплIимэхэр щIымылым къыгуэпкIыурэ хыщхьэм къыдредзей. «Наука о Земле» щIэныгъэ журналым къызэрытехуамкIэ, дызытепсэлъыхь блыныр хы лъабжьэм зэрыщIэлъым щыгъуазэщ щIэныгъэлIхэр, икIи абыхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, мыл зэпэплIимэхэр абы зыгуэркIэ епхащ. Гугл-картэр къыщемыжьэм щыгъуэ, Фиджи Республикэм щыпсэухэм яцIыхурт блын хужьыр! А щIыпIэм деж зы километркIэ псым зыщIэбгъэмбрыуэмэ, блыныр уолъагъу. Абы еха дайверхэм зэрыжаIэмкIэ, ар коралл хужькIэ зэщIэкIэжащ, и инагъым укъегъэуIэбжь, нэгъуэщI щIыпIи зэи щалъэгъуакъым апхуэдэ телъыджэ. Арами, блыным гъунэгъуу уекIуалIэу ядэркъым. Гу лъытапхъэщ иджыри зы Iуэхугъуэм… Фиджи хиубыдэ Раби хытIыгум хуиту уеплъыфыркъым Гугл-картэкIэ. Абы и зэхуэдитIыр гуэкъутыкIам хуэдэу уегъэлъагъу. Ар къызыхэкIыр – а хытIыгур дызытепсэлъыхь блын хужьышхуэм и гущIыIу дыдэм тетщи аращ. ЩIэныгъэм пыухыкIауэ зыри жиIэркъым мы псоми теухуауэ. Абыи зыгуэрым урегъэгупсыс… Ауэ картэм блыныр трамыгъэкIыж щIыкIэ траха сурэтхэр дунейпсо бэджыхъым илъщи, абы зыри пхуещIэжынукъым. ЦIыхум и фIэщ ищIынрэ имыщIынрэ езым и Iуэхужщ ахъумэ. Къаныкъуэ Анфисэ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




