Джэдкъазылыр нэхъыбэу2026 гъэм и мазиблым къриубыдэу Тэрч щIыналъэм и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэм лырэ джэкъазылу къалэжьам (псэууэ шэчауэ) хуэди 2,4-кIэ хагъэхъуащ нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм яхузэфIэкIам елъытауэ, къитащ Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм. БжыгъэкIэ къэбгъэлъагъуэмэ, тонн 600-м нэблагъэ мэхъу ар. ЖыпIэнурамэ, районым и Iэщыхъуэхэм 2026 гъэм и щIышылэм – бадзэуэгъуэм джэдкъазылу къыщалэжьам (псэууэ шэчауэ) хуэдитIым нэблагъэкIэ хагъэхъуащ икIи тонн ар 472-м нызэрыхьэсащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, къапщытэж пIалъэм къриубыдэу Тэрч щIыналъэм лыуэ къыщалэжьам и процент 80-м нэблагъэр джэдкъазылщ. БОРИЙ Ратмир.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




