Сакъыныгъэр нэхъыщхьэщ

КъБР-м щыIэ МВД-м къет

Къэбэрдей-Балъкъэрым и полицейхэм къыщIагъэщащ пенсэм щыс цIыхухъум сом мелуани 3-м щIигъу IэщIэзыгъэкIар хэтми. 
Илъэс 74-рэ зи ныбжь налшыкдэсыр къагъэпцIащ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ Банк нэхъыщхьэмрэ я лэжьакIуэу къыжезыIахэм. 
Мэкъуауэгъуэм и кIэм щыщIэдзауэ бадзэуэгъуэм ику пщIондэ зи ныбжь хэкIуэта цIыхухъум телефонкIэ къепсалъэури къыхуэтхэури хъыбар кърагъэщIащ, и ахъшэ гъэтIылъыгъэр бзаджащIэхэм ирахынкIэ шынагъуэ щыIэу трагъэчэныхьу. БзаджащIэхэр къыщIагъэщын и ахъшэри хъума хъун папщIэ гъэтIылъыгъэу иIэр зэхуихьэсу пIалъэкIэ яхъумэну езыхэм яритыным трагъэгушхуар. Ауэ щыхъукIи, ягъэшынэрт уголовнэ жэуап ихьыну, абы къыхуагъэлъагъуэри имыгъэзащIэмэ. 
Щытрагъэчыныхьым пенсионерым и счету хъуам сом мелуани 3,2-м щIигъу кърихри, курьерым иритащ. ИужькIэ гъэпцIакIуэхэм зыкъыпащIэжакъым, мылъкур къратыжыну къызэрагъэгугъари ягъэзэщIакъым. Иджыщ цIыхухъум полицэм зыщыхуигъэзар. 
Урысей МВД-м и Налшык управленэм и полицэм и къудамэ №1-м и лэжьакIуэхэм, КъБР-м щыIэ МВД-м и ОБК-мрэ Налшык нарядхэмкIэ управленэм и центрымрэ зэщIыгъуу курьерыр хэтми къыщIагъэщащ. Ар Саратов къалэм щыпсэу, илъэс 23-рэ зи ныбжь щIалэщ. Иджыпсту ар Урысей ФСИН-м и управленэу Волгоград областым щыIэм и СИЗО-м щаIыгъщ, апхуэдэ щIэпхъаджагъэ зэрилэжьам къыхэкIыу. 
КъБР-м щыIэ МВД-м Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм захуегъазэ сакъыну! Хабзэхъумэ органхэмрэ Банк нэхъыщхьэмрэ я лэжьакIуэхэр цIыхухэм я деж зэи псалъэркъым я ахъшэр хъума хъун папщIэ «счет шынагъуэншэ» жыхуиIэм ягъэкIуэну, е пIалъэкIэ хагъэзыхьыныр ,  яхъумэну хуагъэлъагъуэу. 
ГъэпцIакIуэхэм щIэх-щIэхыурэ къагъэсэбэп тегуплIэу, ц1ыхухэр  уголовнэ жэуапым ирашэлIэну ягъэшынэныр. Мыхьэнэшхуэ иIэщ зэпIэзэрыту щытыным, мыгужьеиным. Шэч фэзыгъэщI зыгуэр къывэпсалъэмэ е апхуэдэ хъыбар къыфIэрыхьэмэ, занщIэу зэпевгъэуди, ик1эщ1ып1эк1э  полицэм зыхуэвгъазэ.
А къэхъуахэр яжефIэ фи Iыхьлыхэмрэ цIыхугъэхэмрэ. Абы цIыху нэхъыбэ щыгъуазэмэ, пцIыIуэпцIышэхэм Iэмалу къахуэнэжыр мащIэщ дзыхь къахуэзыщIхэр къагъапцIэу я мылъку гъэтIылъыгъэр зыIэщIалъхьэнымкIэ.

Фоч ихъумэр

Урысей МВД-м и Прохладнэ къудамэм и лэжьакIуэхэм, абыкIэ хуитыныгъэ яIэу, къапщытащ илъэс 46-рэ зи ныбжь, щIыпIэм щыпсэум и унэ лъапсэр. Полицейхэм пэшхэм я зым къыщагъуэтащ хабзэншагъэкIэ ихъумэ фочымрэ абы и шэхэмрэ.
 ИрагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, къытрахар щакIуэ фочым къыхащIыкIат, калибр 16 хъу пIатIрон 14 щIыгъут. 
 ЦIыхухъум зэрыжиIамкIэ, Iэщэр илъэс зыбжанэ ипэкIэ дунейм ехыжа и цIыхугъэм деж щызыIэригъэхьат.
Урысей МВД-м и Прохладнэ къудамэм дознаниемкIэ и IэнатIэм уголовнэ Iуэху къиIэтащ УФ-м и УК-м и 222-нэ статьям и 1-нэ Iыхьэм ипкъ иту. 
Хабзэхъумэхэм фигу къагъэкIыж КъБР-м и Правительствэм 2019 гъэм мэлыжьыхьым и 9-м къыдигъэкIа унафэ №57-ПП-м  «ЦIыхухэм хабзэм къемызэгъыу зэрахьэ Iэщэр, абы и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр, къауэ пкъыгъуэхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ я фIэфIыныгъэкIэ ятыныр къызэгъэпэщын» жыхуиIэм, ипкъ иткIэ Iэщэр, абы и пкъыгъуэхэр, хамыгъэзыхьу зытхэм ахъшэ зэрыратынур. 

БАХЪСЭН Ланэ.
Поделиться:

Читать также: