БлэкIам и джэрпэджэжЦIыхуфэр Iувщ, жаIэ. Ауэ абы гъащIэм къытридзэ уIэгъэхэмрэ дыркъуэхэмрэ къэпсэлъатэмэ, гуфэр пIащIэ ищIынт, апхуэдизкIэ псэм тегъуалъхьэ Iуэхугъуэ куэд и нэгу щIокIри.
КъызыфIэгъэщIыгъуейщ зауэ зылъэгъуа, зи Iыхьлы абы хэкIуэда цIыхум и гум щыщIэр, псалъэкIэ жыIэгъуейщ абы игъэв хьэзабым и инагъыр. Зауэм фIы щIэзыха щыIэкъым. Абы къыптридзэ фэбжьыр илъэс пщIы бжыгъэкIэ кIыжыркъым, абы узыхигъэта гуIэгъуэр лIэужькIэрэ пщыгъупщэркъым. ЕтIуанэ дунейпсо зауэм и мафIэсым къелахэм яхэту къыщIэкIынкъым абы зи нэгу зримыгъэлъарэ тхъугъэ зыхимыдзарэ. Совет зауэлIхэм ТекIуэныгъэр къахьу и хъыбарыр жылэм щыхагъэIуами, занщIэу зи фIэщ мыхъуа Iэджэ щыIэщ, гуауэмрэ нэпсымрэ цIыхур ягъэундэрэщхъуати. Анэ къэзымыгъэзэжыну быным щхьэкIэ гуIэу щIы фIыцIэм щIыхьэжар дапхуэдиз? Дапхуэдиз нысащIэ мыгъущыж нэпсыр щIигъэкIыу лэгъунэ нэщIым къыщIэнар? Зылъэгъуам зыхещIэ, зэхэзыхам и тэмакъыщIэм къыщIогъуалъхьэ… ЕтIуанэ дунейпсо зауэм зи щхьэ хэзылъхьахэр, фашизмэм IэщIэкIуэдахэр ягу къагъэкIыжу илъэс къэс фокIадэ мазэм и етIуанэ тхьэмахуэм дуней псом пэкIухэр щызэхохьэ, цIыхухэр гъэру щаIыгъа щIыпIэхэм щызэхуос, шэху уэздыгъэхэр щыпагъанэ. Дунейпсо махуэгъэпсым мы фэеплъ махуэр япэ дыдэу щыхагъэувар 1962 гъэрщ. ФокIадэ мазэр къыщIыхахами щхьэусыгъуэ иIэщ. Мы мазэращ ЕтIуанэ дунейпсо зауэм и тхыдэм щыщ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр къыщыхъуар: япэ фочышэр 1939 гъэм фокIадэм и I-м ирагъэкIащ, иужьрей фочауэгъуэр къыщыхъуар 1945 гъэм фокIадэм и 2-рщ. Дунейпсо цIыхубэм я тхыдэ щIэжыр хъумэнымкIэ мы махуэм мыхьэнэшхуэ иIэщ. Псом япэрауэ, ар гуIэмрэ нэпсымрэ я фэеплъэ махуэщ. Фашизмэм и лъыгъажэ мывэ щхьэлым мелуан бжыгъэкIэ дихьа цIыху лажьэншэхэр дигу къыдогъэкIыж, апхуэдэ щIэпхъаджагъэр къэхъужынкIэ Iэмал зэримыIэм дропсалъэ, щIэблэр абы щIыдогъэдэIу. ЕтIуанэ дунейпсо зауэм хуэдэу цIыхушхуэ зыхэкIуэда нэхъапэкIэ къэхъуауэ тхыдэм ищIэжыркъым. ЩIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, а зауэм хэкIуэдахэм я бжыгъэр мелуан 50-м къыщыщIэдзауэ мелуан 70-м нызэрохьэс. Бжыгъэр пыухыкIауэ къыщIрамыIуэфым и щхьэусыгъуэр хэкIуэдахэр зыхуэдизыр къриплъытэну архив дэфтэр Iэджи къэрал куэдым ямыIэжу мафIэм зэрыхисхьам епхащ. ХэщIыныгъэ нэхъ ин дыдэр зыгъуэтар Совет къэралыгъуэрщ. Псоми къызэдащта еплъыкIэм ипкъ иткIэ, абы зи щхьэ хэзылъхьахэм я бжыгъэр мелуан 26,6-м нызэрохьэс. А бжыгъэм къызэщIеубыдэ Дзэ Плъыжьым къулыкъу щезыхьэкIахэри зауэ щIыбым щыIа цIыху мамырхэри. Тхыдэтххэм къызэрахутамкIэ, зэуапIэм къимыкIыжа зауэлIхэм я бжыгъэр цIыху мелуан 11,9-м ноблагъэ, фашистхэм яIэщIэкIуэдахэм, гъэрыпIэм къимыкIыжахэм, мэжэщIалIагъэм ихьахэм я бжыгъэр цIыху мелуан 13,7-м щIегъу. ЦIыхубэм ящыщу кIуэдахэм я щхьэ кърикIуар: цIыху мелуани 7,4-м нэблагъэр гъэрыпIэм илIыхьащ, гъэр зэтращIэу Германием яхуа цIыху мелуани 2,2-р лэжьыгъэ хьэлъэм текIуэдащ, цIыху мелуани 4,1-р узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ мэжэщIалIагъэмрэ ихьащ. Мы бжыгъэхэм нобэр къыздэсым зэхъуэкIыныгъэхэр ягъуэт: лъахэхутэхэм ирагъэкIуэкI къэхутэныгъэхэмрэ къэрал архив IуэхущIапIэхэм къыщыщIагъэщыж дэфтэрхэмрэ кIуэдахэм я бжыгъэм къыдэкIуэу, я цIэ-унагъуэцIэхэр щIэрыщIэу дунейм къытрагъэхьэж. Лъэпкъ зэхэгъэжым узыхуишэнкIэ хъуну хьэкIэкхъуэкIагъэм и теплъэгъуэщ ХатынькIэ зэджэ белорус къуажэм къыщыхъуа гузэвэгъуэр. 1943 гъэм гъатхэпэм и 22-м гъуэгум ирикIуэ автоколоннэм теуэри, офицер яукIат. Абы пэкIуэж жэуапу ягъэуври, нэмыцэхэм Хатынь къуажэр къатIысыхьщ, цIыхуу дэсыр къуажэбгъум щыт бэкхъым къыщызэхуахусри, мафIэ щIадзэри ягъэсащ. КъыщIэкIыну хуеIэм фочышэр трагъэлъалъэу цIыху псэууэ къамыгъанэу ягъэкIуэдащ. МафIэм цIыхуи 149-рэ хисхьащ. Абыхэм ящыщу 75-р сабийт. ЦIыху зыбжанэщ а мафIэсым къелар. Абыхэм ящыщщ «КъамыгъэIурыщIа цIыху» фIэщыгъэр зиIэ мывэскъар цIэрыIуэр зытращIыкIа Каминский Иосиф. ЦIыхухэр щызэтрагъэсхьа щIыпIэм 1969 гъэм и бадзэуэгъуэм фэеплъ утыкушхуэ къыщызэIуахащ, абдеж щыса къуажэм и цIэри фIащыжащ. Гектар 50-м нызэрыхьэс щIыпIэм Къуажэхэм я кхъэр итщ - ягъэса къуажэхэм кърахыурэ сахуалъи 186-рэ абдеж щIым щыхагъэуващ. ГуIэ мывэджабэкIэ зэджэри здэщыIэр мыбдежщ: мы щIыпIэхэм ита гъэрэщ 66-м я цIэхэр абы тетхащ. ГъащIэ жыгыр щагъэувар мы щIыпIэращ - абы тетхащ Хэку зауэшхуэм и ужькIэ зэфIагъэувэжа къуажэ 433-м я цIэхэр. ХьэкIэкхъуэкIагъэ нэхъыбэ щызэрахьар Гиммлер Генрих 1940 гъэм и гъатхэм къищта унафэм ипкъ иткIэ къызэрагъэпэща Освенцим (Аушвиц) гъэрэщ абрагъуэрщ - ар цIыхухэр зыхьэж щхьэл хъуат. Ар Iыхьищу зэхэтт: Аушвиц I (унафэщIхэр зыдэс щIыпIэр), Аушвиц II - Биркенау (цIыхухэр гъуэзхэм щрагъэтхьэлэ щIыпIэр), Аушвиц III - Моновиц (лэжьыгъэ хьэлъэр зытралъхьахэр здэщыIэ щIыпIэр). Къыпхуэлъытэнукъым мыбдеж щыкIуэдахэр зыхуэдизыр. Иджырей тхыдэтххэр нэхъ тогушхуэ бжыгъэ гуэрхэр къраIуэным: ар цIыху мелуан 1,1-м къыщыщIэдзауэ цIыху мелуан 1,5-м нызэрохьэс. ЦIыху мин 15-м щIигъуу Освенцим гъэрэщым къыщыщIидза совет зауэлIхэм ящыщу псэууэ къикIыну зи насып къихьар закъуэтIакъуэххэщ. Освенцим гъэрэщым щызэрахьа цIыхугъэншагъэм и инагъыр нахуэ къыщыхъуар абы исхэр Дзэ Плъыжьым хуит къыщищIыжарщ. ЩIапхъаджащIэхэм ягъэкIуэдыну хунэмысауэ абы щыгъуэ къагъуэтат цIыхубз щыгъыну мини 836-рэ, цIыхухъу щыгъыну мин 348-рэ, вакъэ зэгуэгъуу мин 44-рэ, цIыху щхьэцу тоннибл. Дзэ Плъыжьым хэт зауэлIхэм Освенцим гъэрэщым и куэбжэхэр къыщызэIуахар 1945 гъэм щIышылэм и 27-рщ, щхъуэфэцым зрезыгъасэ щIэпхъаджагъэхэри нахуэ щыхъуар абы щыгъуэщ. Нэхъ иужьыIуэкIэ Холокостым ихьахэм я дунейпсо махуэр абы траухуащ. Фашистхэм Совет къэралыгъуэм щызэрахьа цIыхугъэншагъэм щыщщ Бабий ЯркIэ зэджэ щIыпIэм къыщыхъуа гузэвэгъуэри. 1941 гъэм фокIадэм и 29 - 30-хэм къриубыдэу абдеж цIыху мин 33-рэ щаукIащ фашистхэм. Холокостым и тхыдэм щыщу махуэ бжыгъэм къриубыдэу цIыхушхуэ щаукIауэ къалъытар а щIыпIэращ. Псори зэгъусэу Бабий Яр жыхуаIэмрэ абы и Iэгъуэблагъэмрэ щыщу цIыху мин 200-м нызэрыхьэс фашистхэм яIэщIэкIуэдащ. Совет къэралым и ипщэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ щIыналъэхэми гузэвэгъуэ куэд къыщыхъуащ. Апхуэдэу Тэн Iуфэ Iус Ростов къалэм пэмыжыжьэу щыIэ Блэкъуэ щIыпIэм фашистхэм 1942 гъэм шыщхьэуIу мазэм къриубыдэу цIыху мамырхэм ящыщу мин 27-м щIигъу щызэтраукIащ. «ПсэкIуэдкIэ» зэджэ машинэхэм гъуэз ираутIыпщхьэурэ языныкъуэхэр ягъэкIуэдащ, нэгъуэщIхэри къуэ лъагэм щхьэщагъэувэурэ фочкIэ яукIащ. Фашистхэм зэрахьа лейм и пIалъэр зэи икIынукъым. Абыхэм гъащIэм хапщэну зыхэта идеологием зимыубгъун, къытщIэхъуэ щIэблэр абы и жьауэм щIэмыхуэн щхьэкIэ, цIыхубэм уасэшхуэ щIатащ. ЩIэпхъаджагъэхэм я нэхъ шынагъуэ дыдэр лъэпкъ гуэрым узэрыщыщым къыхэкIыу къуаншагъэ птелъу къэзылъытэрщ. Лъэпкъ зэхэгъэжым зэи фIы кърикIуакъым, ар тегъэщIапIэ зыщIыну хэтахэм цIыхухэм къыхуахьари езыхэм я щхьэ кърикIуари иджы дерс къызыхах тхыдэ щапхъэ хъуащ. Архивхэм мелуан бжыгъэкIэ хэлъщ уи гущIэр къызэзыгъэдзэкI, фашистхэм зэрахьа лейхэм щыхьэт техъуэ дэфтэрхэр. ЦIыхугум хуэмышэчыр тхылъымпIэм дауэ хуэхьрэ, жыуигъэIэу, абыхэм ущеджэкIэ, ятха щыхьэтыгъэхэм щыгъуазэ защыхуэпщIкIэ, уи гупсэхэр, уи хъуреягъкIэ щыт цIыхухэр, ущалъахуа лъахэр а гузэвэгъуэм пэIэщIэ хуэпщIыну ухуейуэ укъызэщIаIэтэ. БлэкIар пщыгъупщэ щIэмыхъуным и щхьэусыгъуэр абы къыщыхъуа щIэпхъаджэхэм къытрамыгъэзэжын къудей щхьэкIэкъым, атIэ цIыхугъэкIэ зэджэм и гуащIэр нэхъ лъэщ щIын зэрыхуейри къэтщIэн папщIэщ. ЦIыхугъэр екIакIуэмэ, мамырыгъэм и пкъощIэсэхэр къэсысу хуожьэ. Абы зэрызыщытхъумэфынур щIэныгъэщи, ди щIэблэм ар гъащIэ гъуазэ яхуэтщIыныр дэтхэнэ зыми ди хьэкъщ. Ди япэ итахэм я нэгу щIэкIар тщызыгъэгъупщэн гуауэ зыми Тхьэм димыгъэлъагъу!
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




