Урысей мэзхэр мафIэм ес

Анапэ къалэм и Iэхэлъахэм ит «Утриш» къуэдымэзыр махуэ зыбжанэ хъуауэ мафIэм ес. ФокIадэм и 14-м ирихьэлIэу абы и нэхъ гуащIапIэр яхуэгъэункIыфIауэ жаIэ, ауэ щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ къолыбыж, Iугъуэ пеху. Ямалым и Iуэхур куэдкIэ нэхъ шынагъуэщ. Абы мэз 29-р мафIэм щызэщIищтащ. Саяно-Шушенскэ къуэдымэзым пэлъэщыххэркъым щыхупIэ задэхэр зэрыщыкуэдым, уэшх къызэремышхым, жьапщэр зэрыетам къыхэкIыу. 
ФокIадэм и 10-м мафIэм исащ а щIыпIэм и гектари 10-м щIигъу. Анапэ къалэм и Iэтащхьэ Масловэ Светланэ зэрыжиIамкIэ, ар гъэункIыфIыным махуитI ихьащ. Арами, нобэр къыздэсым лэжьыгъэхэр къызэтрамыгъэувыIауэ, мафIэм ирилыгъукIа щIыпIэхэр щIапщыкIыурэ, къэмылыдыжын папщIэ псы тракIэ мафIэсгъэункIыфIхэм. 
- МафIэсым дыпэлъэщауэ, дгъэункIыфIыпауэ жыпIэ хъунукъым. ЩIыпIэ-щIыпIэкIэрэ къыщызэщIостыж. Аращи, дытемыплъэкъукIыу, зэпымычу къуэдымэзыр щIапщыкI, - къыхигъэщащ абы. 
Ямалым и гугъу пщIымэ, Пуров, Надым, Красноселькуп, Приуралье щIыналъэхэм мафIэсыр щыетащ. Псори зэхэту мэз гектар 2500-м щIигъу ес. Ар гъэункIыфIыным пэрытщ цIыху 235-рэ. Зы жэщ-махуэм къриубыдэу мэз гектар 318-рэ яхуэгъэункIыфIу аращ.
Красноярскэ крайм щыIэ Саяно-Шушенскэ къуэдымэзым щыщу гектари 162-р мафIэм иубыдащ. ЩIыналъэ IуэхущIапIэхэр абы щыпэмылъэщым, къэрал авиомафIэсгъэункIыфIхэр, кхъухьлъатэзехуэ-къэпщытакIуэхэр, Ми-8МТВ-1 жьыхулъатэхэр яунэтIащ. 
Арами, щIыуэпс насыпыншагъэм цIыхухэр пэлъэщыфыркъым. Сыту жыпIэмэ, ар бгылъэ щIыпIэщи, техникэр тэрэзу къахуэгъэсэбэпыркъым, щыхупIэ, дэгъэзеигъуэ задэхэр щыкуэдщ. КъищынэмыщIауэ, бжьыхьэр къэсами, Красноярскэ крайм иджыпсту уэшх къыщешхыркъым, уеблэмэ жьапщэшхуэхэр къыкъуэуа нэужь мафIэсыр нэхъри кърагъэбл. 
Томск областми и Iуэхур нэхъ щIагъуэкъым: фокIадэм и 14-м ирихьэлIэу абы и щIыналъих мафIэм щызэщIищтат.
Апхуэдэщ Тувари. Абы и мэз гектар 245-рэ ес мафIэм. 

 

Къаныкъуэ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также: