Лъэпкъым и псэу къилъытэу йолэжь

Филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Урысыбзэмрэ бзэщIэныгъэмкIэ и кафедрэм и унафэщI Башиевэ Светланэ и ныбжьыр иджыблагъэ илъэс бжыгъэ дахэ ирикъуащ. Абы и гъащIэ гъуэгуанэр псалъэм, лъэпкъ щэнхабзэхэм, куэд щIауэ щылажьэ университетым епхащ.
Светланэ Рыбачье урыс къуажэ цIыкIум (иджы Къыргъызым хыхьэ Балыкчи къалэрщ) къыщалъхуащ, бзитIкIэ - урысыбзэрэ балъкъэрыбзэкIэ - псэлъэн щIидзащ. «Ди гъунэгъухэр урыст, - игу къегъэкIыж Светланэ. – Япэу си нэгу къыщIидзэжыр ди жыг хадэрщ, абы ита, стIол тепхъуэ хужь зытепхъуа стIолырщ, самовар, хуэрэджэ варенэ тету, Барто Агние и сабий усэхэр щызэхуэхьэса тхылъ цIыкIурщ».
Мис апхуэдэ теплъэгъуэм къыхэкIагъэнщ егъэджакIуэм урысыбзэм хуищIа лъагъуныгъэр, и гъащIэ гъуэгум гъуэгу бгъуфIэу щыпхиша лъагъуэр. 
Башиевэм курыт школыр Къэбэрдей-Балъкъэрым и Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Чыщбалъкъ къуажэм къыщиухащ. ФIыщIэ хуищIу игу къегъэкIыж и егъэджакIуэхэу Жижов Эдуард, Яхно Таисие сымэ. «Абыхэм урысыбзэм и дунейм пэжырытхэ гъущэхэмкIэкъым дызэрыхашар, атIэ псэ зыIут псалъэкIэ къытхузэIуахащ. Къапщтэмэ, арагъэнщ зи фIыщIэр сыт щыгъуи егъэджакIуэ сыхъуну сыщIыхуеяри», - игу къегъэкIыж Светланэ. 
Зы щIыпIэм цIыху 95-рэ иту зэпеуэ щекIуэкIырт университетым ар щыщIэтIысхьэм. Абы пхыкIри, «Урысыбзэмрэ литературэмрэ» IэщIагъэмкIэ КъБКъУ-м и Тхыдэ-филологие факультетым щIэхуащ икIи фIы дыдэу къиухащ.
Студент илъэсхэр абы и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ лъэхъэнэу щытащ. Доцент Яковлевэ Галинэ стилистикэмкIэ иригъэкIуэкIа курс хэхахэм Светланэ щIэныгъэм хуищI гулъытэр нэхъ ин ищIауэ жыпIэ хъунущ: Кулиев Къайсын и усэхэр урысыбзэкIэ зэдзэкIыным хэлъ щхьэхуэныгъэхэм ятеухуа и курс лэжьыгъэр диплом лэжьыгъэм хуэкIуэжащ. 
Светланэ жылагъуэ лэжьакIуэ емызэшыуи къэгъуэгурыкIуащ: Налшык къалэ советым (I973-I975) и депутату щытащ, Лермонтовым и стипендие къратащ, факультетым и щIэныгъэ студент зэгухьэныгъэм и унафэщIу лэжьащ икIи ВЛКСМ-м и ЦК-мрэ СССР-м ЩIэныгъэ нэхъыщхьэмкIэ и министерствэмрэ «ФIыуэ зэреджэм папщIэ» я бгъэхэIу дамыгъэр къыхуагъэфэщащ.
Абы и зэфIэкIхэм университетым гу щылъатат. Етхуанэ курсым щеджэу КъБКъУ-м и ректор Лъостэн Владимир и унафэкIэ ар «Университетская жизнь» газетым и редактору ягъэуващ. А лъэхъэнэм газетым и куратору щыта, парткомым и секретарь Лесев Виталий Светланэ журналистикэмкIэ и Iэзагъым хигъэхъуэну игъэкIуауэ щытащ КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым Марксизм-ленинизмэмкIэ и университетым и идеологие факультетым. ФIыщIэ ин хуищIу Светланэ игу къегъэкIыж а курсым и унафэщIу щыта, журналист цIэрыIуэ Мэшыкъуэ Тэзал Инал и къуэр.
I978 гъэ лъандэрэ Башиевэр КъБКъУ-м Урысыбзэмрэ бзэ щIэныгъэмкIэ и кафедрэм щолажьэ, 2004 гъэ лъандэрэ абы и унафэщIщ. Абы и педагогикэ дерсхэм куэд дыдэ къызэщIаубыдащ: «Иджырей урысыбзэ», «Урыс фразеологие» дисциплинэхэр зэрырагъэкIуэкIым къыдэкIуэу, «Языковая личность в полиэтническом пространстве», «Теория в номинации», «Введение в теорию коммуникации», «Когнитивная лингвистика». Ар аспирантурэу тIум я унафэщIщ - «Русский язык. Языки народов России», «Теоретическая, прикладная и сравнительно-сопоставительная лингвистика». Абы и унафэм щIэту кандидат диссертацэу 21-рэ, доктор диссертацэу 3 пхагъэкIащ.
- Школым сызэрыщылэжьари Лъостэнращ зи фIыгъэр. Налшык къалэ дэт лицей №2-мрэ университетымрэ я зэдэлэжьэныгъэм теухуа зэгурыIуэныгъэм 1990 гъэм Iэ традзэри, КъБКъУ-м и егъэджакIуэхэр щылажьэ кафедрэхэр абы къызэIуахат. Ректоратым сагъэкIуэн ипэкIэ, 1997 гъэм и мазаем щегъэжьауэ хуабжьу сригушхуэу орфографиемрэ пунктуацэмкIэ спецкурс щезгъэкIуэкIыу щытащ, - жеIэ Башиевэ Светланэ.
Къэбгъэлъагъуэмэ, щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ сэбэп зыхэлъ унэтIыныгъэ куэд - фразеологиер, бзэщIэныгъэр, бзэм и теориер, социолингвистикэр – къызэщIаубыдэ абы университетым щригъэкIуэкI лэжьыгъэм. Ар иджыпсту и унафэщIщ «Русский язык в полиэтнической среде» унэтIыныгъэм. ЩIэныгъэ, егъэджэныгъэ-методикэ лэжьыгъэу 199-рэ и Iэдакъэ къыщIэкIащ Светланэ, абыхэм ящыщу 38-р ВАК-м рецензэ зыхуащI и журнал пажэхэм къытрадзащ. Ауэ бжыгъэхэм къыбжаIэркъым абы и щIэныгъэм и купщIэр, абы псэ Iутщ, псэущ, цIыхум, щэнхабзэм, лъэпкъхэм я зэпсэлъэныгъэр къызэригъэпэщу. 1992 гъэм абы доцент цIэр къыфIащащ, 1998 гъэм профессор хъуащ.
1997 гъэм къыщыщIэдзауэ 2011 гъэ пщIондэ Башиевэр проректору щытащ - япэщIыкIэ щIэныгъэмкIэ, итIанэ зэпымычу зэрырагъаджэ щIыкIэхэмкIэ. Проректору щыщытам, ар жэрдэмщIакIуэ хуэхъуащ студентхэм, аспирантхэм, щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм илъэс къэс ирагъэкIуэкI «Перспектива» дунейпсо щIэныгъэ конференцым. 1997 гъэм Башиевэ Светланэ зыхуагъэзат медицинэ факультетым и аспирантхэм, я къэхутэныгъэхэм къарикIуахэр къытрадзэнымкIэ ядэIэпыкъуну. СССР-р лъэлъэжа нэужь, а Iуэхур гугъу хъуат, щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я лэжьыгъэхэр щагъэлъэгъуэ утыкухэм Iухьэфыртэкъым, щIэныгъэ къыдэкIыгъуэхэм къытрырагъэдзэфыртэкъым. Студентхэм я лъэIур гулъытэншэу къимыгъанэу, Башиевэм ЕджапIэ нэужь егъэджэныгъэмкIэ факультетым и декан Лыджыдэ Мухьэмэдрэ Студент советым и активымрэ ящIыгъуу япэ конференцыр къызэригъэпэщащ къэхутэныгъэхэр щIэзыдзагъащIэхэм папщIэ. Абы и фIэщыгъэр – «Перспектива» - жыхуиIэр къэзыгупсысари Светланэщ. «Перспектива»-р щIыналъэ утыкуу къежьами, зэман кIэщIым къриубыдэу зиужьри, мыхьэнэ зиIэ щIэныгъэ форум хъуащ. 2000 гъэм конференцым щIэгъэкъуэн хуэхъуат Къэхутэныгъэ купщIафIэхэмкIэ урысей фондым проректор Башиевэм къыхуигъэфэща грантыр. Конференцыр ноби къэхутакIуэ ныбжьыщIэхэм ядоIэпыкъу щIэныгъэм и дунейм япэ лъэбакъуэхэр щачынымкIэ, зэчиифIэхэр я щIэныгъэмрэ зэфIэкIхэмкIэ зэхъуэжэнымкIэ.
Ректорат нэужьми Башиевэ Светланэ Iуэхуншэу щысакъым, 2016 гъэм соцсетхэр къигъэсэбэпри, «Образ КБГУ в лицах» проектыр иригъэжьащ. АбыкIэ университетым и егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ я хъыбар виртуальнэу къиIуатэрт. ЕджапIэ нэхъыщхьэм и юбилейм ирихьэлIэу абы зэхуихьэса тхыгъэхэмкIэ тхылъ зыбжанэ къыдагъэкIащ: «КъБКъУ-р илъэс 90 ирокъу: цIыхухэмрэ къэхъукъащIэхэмрэ» (2022), абы ихуащ илъэс зэхуэмыдэхэм университетым щыIа лэжьакIуэ 425-м я биографиехэр; «КъБКъУ- м и полк уахътыншэр» (2023), еджапIэ нэхъыщхьэр къэзыухахэмрэ лэжьакIуэхэмрэ ящыщу Хэку зауэшхуэм хэта цIыху 530-м (1957 гъэ пщIондэ - Къэбэрдей-Балъкъэр педагогикэ институтым) ятеухуахэр зэрытыр; «Педагогикэ колледж. БиографиехэмкIэ зэхэт тхыдэр» (2024) - еджапIэр илъэсищэ щрикъум ирихьэлIэу къыдэкIар; КъБКъУ-м Сабий зэчиифIэхэм папщIэ и лицейр илъэс 30 зэрырикъум теухуа тхылъыр, лицеисти 137-мрэ егъэджакIуэ 55-мрэ я хъыбархэр зэрытыр, Светланэ проректору щыщыта лъэхъэнэм и нэIэ щIэтахэрщ тхылъым зи гугъу щыщIар; Уэртэн Юлиерэ Тумэ Аскэррэ щIыгъууу 2025 гъэм къыдагъэкIа «Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университет: ехъулIэныгъэм хуэкIуэ гъуэгу насыпыфIэр» тхылъыр. 
«Образ КБГУ в лицах» проектыр тхыдэр щызэфIэгъэувэжа къыдэкIыгъуэ къудейкъым. Ар университетым, Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм зи гъащIэр епха цIыхухэм я хъыбар гъэщIэгъуэнщ. «Русский учитель» тхылъыр хуэгъэпсащ урыс щэнхабзэр Кавказым и лъэпкъ школхэм къыхэзыхьа гъэсакIуэхэу Жижовымрэ Яхномрэ, егъэджакIуэ псоми я фэеплъ мыкIуэдыжыным. 
2009 гъэм Башиевэм и жэрдэмкIэ, КъБКъУ-м къыщызэIуахащ Урысыбзэмрэ щэнхабзэмкIэ щIэныгъэ-егъэджэныгъэ центр, музей хьэпшыпхэри щIэлъу. Псори къыщежьар «Вече» урыс щэнхабзэмкIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщIу щыта Канунников Николай университетым тыгъэ хуищIа зы хьэпшыпщ. Хуэм-хуэмурэ егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ, центрым и хьэщIэхэм самовархэр, фащэхэр, урысхэм псэукIэм къыщагъэсэбэпу щыта хьэпшыпхэр къызэхуахьэсу хуежьащ. Иджы а центрыр Кавказым и курыкупсэм ит «Урыс унэ» хъуащ.
Башиевэ Светланэ и лэжьыгъэм увыпIэ щхьэхуэ щеубыд «Лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэм и лъабжьэр - ди тхыдэм» дунейпсо проектым. Ар «Русский мир» фондым къыдиIыгъащ икIи 2016-2018, 2019, 2021 гъэхэм Кавказ Ищхъэрэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэс студентхэм я ассоциацэм (унафэщIу щытар иджы КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэтщ) и гъусэу ягъэзэщIащ, Президент грантхэм я фондми мылъкукIэ закъыщIигъакъуэри. 
«А проект псори хохьэ «Дэ дыурысейщ» проект иным», - жеIэ профессорым. А псалъэхэр къызэрыгуэкIми, философие псо хелъхьэ Светланэ: зэкъуэтыныгъэр зэмылIэужьыгъуэ куэдым, щэнхабзэ зэмыщхьхэм я зэпыщIэныгъэрщ.
КъэхутакIуэ ныбжьыщIэхэм сыткIэ захуигъазэрэ Башиевэм: япэрауэ, еджэн хуейщ. Куэду, куууэ, къежьапIэхэр къэлъыхъуауэ, ар интернетым къралъхьэ тхыгъэ къыхэкъузыкIахэркъым. Мурад зыхуэбгъэувыжыфын, абы уигурэ уи щхьэрэ зэтелъу, щIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ къэбгъэсэбэпу, умыпIащIэу, ауэ зэи укъэмыувыIэу ухуэкIуэн хуейщ.
Нобэ Башиевэ Светланэ КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ, УФ-м цIыхухэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ егъэгъуэтынымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ, филологие журнал пажэхэм я редколлегиехэм хэтщ, РАЕН-м и действительнэ членщ. Ауэ цIэ псоми я щIыбагъ щыболъагъу урысыбзэр джыныр предмет къудейуэ къимылъытэу, «лъэпкъым и псэу» зэрыщытыр зыхищIэу зэрелэжьар. 

 

Дарий Дахэнур.
Поделиться:

Читать также: