АдыгэбзэкIэ дыпсалъэрэ дыгупсысэмэ

Махуэ къэс зэхыдох ди бзэр къару мащIэ зэрыхъум, кIуэдыжыпэныр зыхуэIуа зэрыщымыIэм, ар къэмыхъун щхьэкIэ тщIэн хуейм теухуа псалъэмакъ зэхуэмыдэхэр. Иджыри зэ къытезгъэзэнщи, куэд тщIэн хуейуэ сэ къэслъытэркъым абы щхьэкIэ: ди щIэблэм адыгэбзэкIэ депсэлъэн, ахэр ди анэдэлъхубзэмкIэ гупсысэу едгъэсэн, «школым адыгэбзэ щIыщаджын щыIэкъым» жыхуиIэ гупсысэ мышур къэдгъэнэн хуейуэ аркъудейщ. А щыр щызу тхуэщIэрэ, дыщIэгузэвэн щыIэми, ахэр куэдкIэ нэхъ мащIэ хъунущ. Ди бзэ тхъумэну, ди хабзэрэ нэмысрэ тIыгъыжыну дызыхэс къэралым къыщытпимыубыдкIэ, къуаншагъэр нэхъыбэу ди дежщ здэщыIэр…
АдыгэбзэкIэ шэрыуэу псалъэ, зи гупсысэр жьэрыIуэтэбзэкIи тхыбзэкIи нахуэу къэзыгъэлъэгъуэф ныбжьыщIэ сыщрихьэлIэкIэ хуабжьу сыщогуфIыкI. ЕгъэджакIуэу сызэрылэжьа щIагъуэ щымыIэми, сфIэгъэщIэгъуэнщ бзэм ехьэлIауэ яIэ зэфIэкIыр. Ар зыщIэ си ныбжьэгъу-егъэджакIуэхэм къысхуагъэхь сочиненэ цIыкIухэр, зэрытха, къыщыIэта гупсысэр зэрафIэгъэщIэгъуэныр къызагъащIэ. Апхуэдэ зыбжанэ зыкъом щIауэ сохъумэри, сыхуейт «Адыгэ псалъэ» газетым и электроннэ къыдэкIыгъуэм еджэхэм я пащхьэ къислъхьэну. Япэхэр мы тхыгъэ кIэщIитIращ. Ахэр и IэдакъэщIэкIщ Шэджэм къалэм дэт ещанэ курыт еджапIэм и еянэ классым щIэс Къанкъул Алинэ. 

 

IуэрыIуатэ - дыщэ пхъуантэ

Лъэпкъ къэс хъугъуэфIыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къадогъуэгурыкIуэ. Ар уэрэду, къафэу, хабзэу щрет, цIыху цIэрыIуэрэ щIэныгъэлI телъыджэу ирехъу.
IуэрыIуатэр зыми хуэбгъадэ мыхъун хъугъуэфIыгъуэщ, аращ егъэлеиныгъэ хэмылъу «IуэрыIуатэ – дыщэ пхъуантэ» щIыжаIэр. Ар ирагъэщхь дыщэ зыдэз пхъуантэм, апхуэдизкIэ цIыхубэм, лъэпкъым и дежкIэ хъугъуэфIыгъуэшхуэщи. 
Тхыбзэ щыдимыIам IуэрыIуэтэжу зэпадзыжу къэгъуэгурыкIуа хъыбархэращ IуэрыIуатэ хъужыр. Зэман зэхуэмыдэхэм щыIащ IуэрыIуатэзехьэхэр, иужьыIуэкIэ ахэр къэзыугъуеижу зытхыжа зэхуэхьэсыжакIуэхэр. Апхуэдэ цIыху телъыджэхэу сэ я цIэ къысхуиIуэнущ Ало ЛутIэ, КъардэнгъущI Зырамыку, Нало Заур, Къэрмокъуэ Хьэмид сымэ. Абыхэм лъэпкъым щхьэкIэ ящIар къыпхуэмылъытэнщ, тхыгъэ купщIафIэхэр, гъэсэныгъэшхуэ къыпхэзылъхьэхэр ди пащхьэ къралъхьащ. 
IуэрыIуатэм и щыпхъэщ хъыбар, таурыхъ, шыпсэ, псысэ зэмылIужьыгъуэхэр. Абы и зы Iыхьэщ псори фIыуэ дызыщыгъуазэ нарт эпосри. 
Дыхуэсакъыу тхъумэн хуейщ ди нэхъыжьыфIхэм къытхуагъэна дыщэ пхъуантэр. 

ЩIымахуэр зэрырагъэжьэжыр

Лъэпкъ къэс хабзэ, махуэшхуэ пыухыкIахэр яIэщ. Абыхэм ящыщ зыщ щIымахуэр славянхэм щрагъэжьэж масленицэ махуэшхуэр. Абы щыгъуэ блинхэр ягъажьэ, хьэнцэгуащэ ягъэс, я нэгу зрагъэужь, къафэу, уэрэд жаIэу махуэр ягъакIуэ.
Масленицэр къыщожьэ мажусий диным славянхэр щитам. И цIэм къегъэлъагъуэ абы и дамыгъэр зэрыдагъэр. Махуэшхуэр иуха иужь, цIыхухэм я щыуагъэхэр къыхуагъэгъуну щылъаIуэ тхьэмахуэ махуэр зэфIокIри тхьэмахуибл нэщIым щIедзэ. Абы щыгъуэм деж, псэ зыпыт, псэ зыпытым къыпкърыкIа, нэгъуэщI шхыныгъуэ куэдми хуэдэу, дагъэр яшх хъуркъым. 
Езы масленицэм и дамыгъэр блинращ, дыгъэр абыкIэ къагъэлъагъуэ. 
Адрей щIыналъэхэми хуэдэу, ди республикэми щагъэлъапIэ масленицэр.

 

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться:

Читать также: