«Дэ дыкъызэрыгуэкI адыгэ унагъуэжьщ…»Къэрэшей-Шэрджэсым щыIэ Зеикъуэ къуажэм щыщ Бэдракъ Хьэлисэ Хъусин и къуэм и бжьэхэм я дунейм хэплъэщ, абы удэуэршэрыну зэрыгъэщIэгъуэн дыдэр игъэунэхущ, зэрыадыгэпсэр, зэрылIы дэгъуэр зригъащIэри, интервью къыIихащ «Черкес хэку» газетым и лэжьакIуэ Лыхь Тимур. Ди гуапэу а тхыгъэр ди щIэджыкIакIуэхэм я пащхьэ идолъхьэ. Хьэлисэ и адэм и лъэужьыр еху, цIыхугъэр, адыгагъэр, шыIэныгъэр гъусэ зыхуищIауэ. Абы и ныбжьыр илъэс 70 ирикъунущ фокIадэм и 23-м, абы щыщу илъэс 48-рэ хъуауэ бжьэ егъэхъу. - Дэтхэнэ адыгэ къуажэлIми мэкъумэш Iуэхур и хамэкъым, Хьэлисэ. Ауэ уэ уи гъащIэ псор абы епха зэрыхъуар дауэ, хэт е сыт утезыгъэгушхуар бжьэхъуэным? - «Путь Ильича» колхозым и тхьэмадэу щыта Аргун ПIатIэ и жэрдэмкIэ Усть-Жэгуэтэ щыӀа «Джеганасскэ» бжьэ совхозым и мазих курсхэм сыкIуэри, седжауэ щытащ Уэйокъуэ МуIэедрэ Пщымахуэ Заудинрэ сащӏыгъуу. Соми 150-м нэблагъэу улахуэ къыдатырт. Арати, курсхэр къэдухыу дыкъекIуэлIэжа нэужь, колхозым бжьэ къищэхуар дгъэхъун хуейуэ ди пщэ кърелъхьэ еджаищым. Илъэс зытIущ фIэкIаи дымылэжьауэ, ди Iуэхухэр зэкӏэлъымыкӏуэжу, лъэхъауэ къыщыщӏэкӏым, бжьаIуэ къызэзыгъэпэщын зи гугъэ Хьэбэз совхозым докIуалIэ, дыкъищтэмэ деплъыну икIи, дызэрыгугъауэ, IэнатIэкIэ дыкъиущхьэкIуакъым. Сэ си щхьэкIэ къэсщтэнщи, а совхозым гуащIэу хуэзгъэтIылъар илъэс тIощIым нызэрохьэс. - АтIэ, зэрыхъумкIэ, уэ иджыпстуи уи унагъуэм бжьэ щыпIыгъ щхьэкIэ, ущыщIэлам бжьэхъуэныр уи щIакхъуэ Iыхьэ къызыхэпх IэщIагъэу щытащ. Бжьэхъуэн япэу щыщIэбдзамрэ нобэмрэ зэбгъапщэмэ, нэхъ гугъур сыт хуэдэ зэманра? - Пэжщ, зыгуэр схузэфIэкIауэ, мылъку гуэр збгъэдэлъу щытмэ, ар, шэчыншэу, си бжьэхэм я фIыгъэщ. Ауэ, япэмрэ иджырэ зэрызэщхьэщыкIым теухуауэ жысIэфынур мыращ: си щIалэгъуэм щыгъуэ фом и пщIэр нэхъ инт. Зы щапхъэ къэсхьынщ. 1978 гъэм, ар Iэджэми яжесIэжагъэххэщ, зы фо пэгун сIыгъыу сежьэри, мотороллер щIэрыпс къэсхуауэ щытащ. Иджыпсту апхуэдэ техникэ къэщэхуным ехь сом мин 500-м нэсу. Фи нэгу къыщIэвгъэхьэт фом уасэу иIар, зы пэгун изым мотороллер къыщӏэкӏырт! 1992 гъэми фейдэ хэлъу сыхъуэжащ. Фо тоннитI КАМАЗ-м изгъэувэри Минск сунэтIащ, экспорт сатум тегъэпсыхьауэ абы къыщыщӏагъэкI МТЗ-80 тракторыр къэсхуну. Мы зэманым тракторхэм я уасэр сом мелуанрэ ныкъуэм, тIум нос, къэщэхугъуафIэкъым. Сэ си бжьэхэм фоуэ къалэжьам ар къыщIэзгъэкIауэ я фIэщ хъуркъым иджырей мэкъумэшыщIэ ныбжьыщIэхэм, ауэ гъащIэр апхуэдащ абы щыгъуэм, фIыгъуэ къызыпэкIуэ IэщIагъэхэр куэдт. - Къуажэ еджапIэм укъызэрыщIэкIыу колхозым ухыхьат убжьэхъуэну, хьэмэрэ, зэрыхабзэу, еджапIэ нэхъыщхьэ ущIэтIысхьат? Бжьэм ухуеджэну, ухуэлэжьэну зэрытебубыдар уи унагъуэр дауэ къащыхъуа? - ЯпэщIыкIэ илъэситIкIэ танкыдзэм сыхэту къулыкъу щысщIащ Германием и Веймар къалэм, итIанэ 1976 гъэм, абы сыкъызэрикIыжу, колхозым сыхыхьащ. Ди адэри бжьахъуэт. Куэдтэкъым матэу иIэр, тIощIитIт. Абы ищIэр дэсщIэ, сыдэIэпыкъу хуэдэурэ, псэкIэ гъунэгъу сыхуэхъуащ бжьэм и дунейм. Дыунагъуэшхуэт, зэкъуэшихрэ зэшыпхъуищрэ дыхъурт. 1941 гъэм уIэгъэ хьэлъэ хъуауэ ди адэр зауэм къикIыжри, «Нэгъуей псыхъуэкӏэ» зэджэ къуэладжэм дэт хадэгъэкIхэм яхыхьащ. Согупсысыжри, нобэр къыздэсым схуэгъэщIагъуэркъым ар а Iуэхум илъэс 64-кIэ зэрыхуэпэжыфар. МащIэщ узрихьэлIэнур апхуэдизрэ зы щIыпIэм щылэжьауэ. - Бэдракъхэ уэ зыра бжьахъуэу нобэ яIэр? - Сэ зыращ. СлIо, сэри сыкъэщIэрэщIэжкъым, илъэс 70-м есхулIащ си ныбжьыр. Сыхуейт икIи игъуэ дыдэт нэгъуэщI бжьахъуэщIэ гуэр ди лIакъуэм къыдэунэхуну. Ди адэм и лъэужьыр зэрызмыгъэкIуэдыным сыпылъащ, иджы а лъагъуэм пызыщэфын къытхырекI. Си къуитIымрэ си пхъумрэ я гъащIэр бжьэм траухуэну ауи хьэзыркъым. Я щIэблэр япIыжу, зыхуей ягъуэту мэпсэури, ари зимыуасэ щыIэкъым. - Фи хадэкум щытепщэ бжьэ емышыжхэр зэрылажьэм укӏэлъыплъыныр гугъэпсэхущ. Зэгуэр къэхъуа уи ӀэщӀагъэм ущытезэша, уи Ӏэр хуэмыкӏуэжу? - Мэкъумэш лэжьыгъэм епхауэ лажьэ дэтхэнэ зыри гугъу йохь иужьрей илъэс щэщIым. Жыг хади губгъуи зылэжьым гербицидхэмрэ пестицидхэмрэ хэмыту и Ӏуэхур екӏуэкӏкъым. Сэ щIыуэпсым и щытыкIэм зыдызогъэхъуф бжьэм хуэгъэза тхылъхэр зэрыщIэзджыкIым, си IэщIагъэм хуэщхьэпэну къэслъытэ нэтын гъэщIэгъуэнхэм телефонкIэ сызэреплъым и фIыгъэкIэ. Биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, бжьэхъуэным зи гъащIэ псор тезыухуа Таранов Георгий и тхылъхэм соджэрей. Бжьэхэм я къалэныр фIы дыдэу ящIэж: ежьэурэ гъэгъахэм шэжыгъэ къыпах, къахьри, я вууныр мыувыӏэу мэлажьэ. Ауэ, сыт псэхугъэу абыхэм къыуатыр жыпIэри укъызэупщIащи, жысIэфынур зыщ: сыцIыхуу щыщыткIэ, псэ щысIуткIэ, хэти хуэдэу махуэ къэс зы гукъыдэж зизгъэIэфкъыми, си «ныбжьэгъухэм» сазэрыхыхьэу, си гум бампIэу телъыр тохуж, нэхъ нэжэгужи сыкъохъуж. Бжьэхэм хущхъуэу къалэжьыр форамэ, сэ хущхъуэ схуохъу ахэр зэрывур зэрызэхэсх къудейри. ЗыкъомыфI щIауэ шхын къабзэкъым къикIыжыр жыг хадэхэм, губгъуэхэмрэ хуабэщхэмрэ (теплицэ). Япэм фIанэкIэ хадэр дыпщIэрт, къэкIыгъэм гын теткIэрти, Iуэхур абыкIэ духа хъурт. Иджы дэнэкIэ зыдмыгъазэми, химиеншэу зыри кIуатэкъым. Ди адэ тхьэмыщкIэм хисауэ ди хадэм итщ зы кхъужьейрэ зы мыIэрысейрэ, илъэс хыщIым нэхърэ нэхъыбэ я ныбжьыну. Куэдкъым, ауэ, бжьыхьэр къызэрысу, ди ныбэ ямыгъэныкъуэу пхъэщхьэмыщхьэ къат. ЖыгитIри ди адэм и фэеплъу зызохьэ, махэ хъуа къудамэхэр соухъуэнщI, псохэр гынкIэ согъэпскI... - КъызэрызгурыIуамкIэ, уи бжьэ матэхэри, уи адэм къыщIэна жыгхэри, уи джэдэщри фи пщIантIэм дэтщ. Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэм къыдекIуэкI бжьахъуэ IэщIагъэм илъэс пщIы бжыгъэ хъуауэ псэкIэ уетащ, ар щапхъэгъэлъагъуэ нэс ирокъу, псом хуэмыдэу, щIалэгъуалэр мыщхьэхыу лажьэу зигъэсэнымкIэ… - ПцIым сыт и мыхьэнэ, уэрей сыпылъкIэ бжьэм, си щIэщыгъуэ имыкIауэ, сфӏэфӏыщэу. МэкъумэшылIым и къалэным куэд къызэщIеубыдэ. Псалъэм и хьэтыркIэ, нэгъабэ згъэгъуэлъхьэжри, гуэгуши 150-рэ кърезгъэшащ. Ахъшэ къыщIэсхыну аратэкъыми нэхъапэр, си Iыхьлы-Iэулэдхэм яхуэзгуэшащ, унагъуэм щхьэ зыбжанэ къизнэри. ЩIыуэпс и лъэныкъуэкIэ Iус къабзэкIэ бгъэшха гуэгушхэм, узыщыгуфIыкI хъунур аращи, я лыр хэткIи къэуатщ цIыкIухэмкIи сымаджэхэмкӏи яхуощхьэпэ. - Уи бжьэхэр сыт хуэдэ лъэпкъхэм ящыщ? ЗэрыжаIэмкIэ, бжьэ быным къипсэунур зэрыт щытыкIэм елъытащ. Сыт хэкIыпIэу уиӏэр уи бжьэхэр нэхъыбэрэ хъумэнымкIэ? - Япэм сиIа карпаткэм къытекIуэн яхэттэкъым, псэбыдэт. Ауэ, илъэс зытIущ хъуащи, бжьэуэ сиIэм и нэхъыбэр бакфастымрэ карникэмрэщ. Модэ хы ФIыцIэ IуфэмкIэ уIэбэмэ, Хуей ПлъыжьымкIи, мыдэ МейкъуапэкIи, бжьэпщ къыщызощэху зэпыт. Карпаткэуи си бжьаIуэм зытхух итщ иджыри, сымыгъэкIуэдыпауэ. Польшэм, Бельгием, Нидерландхэм кърашурэ Урысейм щагъэтIыс жыг зэмылIэужьыгъуэхэм ящхьыркъабзэу, бжьэуэ къэсщэхум я цIэхэри хамэбзэхэм къатекIа защIэщ. Бжьэм и лъапсэр ирех «варроатоз» жыхуиIэ узым, нэгъуэщIу жыпIэмэ, бжьэцIэм. Ар мэлхьэпIатIэ лIэужьыгъуэщ, балигъ хъуа бжьэхэми, бжьэпщым идзагъащIэ хупс цIыкIухэми, бжьэ шырхэми яхуолъэ. Колорадскэ цIывым кIэртIоф тхьэмпэр тIысыпIэ ищIамэ, варроатозым 1968 гъэ лъандэрэ бжьаIуэм зыщигъэбыдащ. А псори къытхуэзыутIыпщар Америкэм и Штат Зэгуэтхэращ. БжьэцIэм ебэнынымкIэ къызогъэщхьэпэ СССР-м и зэманым къэкIыгъэ зэхуэмыдэхэм къыхащIыкIыу ящIа КАС-81 пкъыгъуэр. - Инжыдж псыхъуэм Iус бжьахъуэхэр фызэрыцIыхурэ, хэт уи лэжьэгъухэм яхэтыр мы IэщIагъэ дахэм фIыуэ пылъу? Бжьэхэм зыхуей ягъуэту псэуным мылъку тегъэкIуэдапхъэ? - Бжьэм теухуа литературэм уеджэныр, нэтынхэм уеплъыныр дэгъуэщ, ауэ нэгъуэщIым ар зэригъэхъур уи нэкIэ плъагъуныр нэхъыфIыжщ. Зеикъуэ дэс Къардэнхэ Азэмэтрэ Ахьмэдрэ, КIытIэхэ Назир сымэ бжьахъуэ ӏэзэхэщ. НетIэ зэрыжысIащи, япэм бжьэ гъэхъуным сом хэплъхьамэ, сомитI къыхэпхыжынут. Иджыпсту аракъым зэрыщытыр, фо литрищ цIыхум иIэ нэхърэ, фошыгъу къэп къищэхумэ нэхъ къещтэ. Зэи убжьэхъуэфынукъым умыпхъащIэу, зыри пхузэфIэкIынукъым бжьэхэм я тыншыгъуэмрэ я псэукIэр зэрекIуэкIымрэ уи нэӏэ тумыгъэту. Сэ си унагъуэр зыгъэпсэури, лъэ быдэкIэ щызыгъэтри, шэч хэмылъу, ахэращ. ХыхьэхэкIышхуэ зезыгъакIуэхэм захэдбжэу аракъым абы къизгъэкIыр, атIэ, сэ сыт щыгъуи зэрыжысIэщи - дэ дыкъызэрыгуэкI адыгэ унагъуэжьщ. Нобэ тшхынрэ щыттIэгъэнрэ къызыхэтхын диIэмэ, ар зи фIыщIэр Тхьэ закъуэращ. Ар ди унагъуэм фIыкIэ къызэрытхуэупсэр, гугъуехьыр Ӏумпэм дымыщӏу, тщӏэм шыIэныгъэ худиӏэу, цIыхугъэр япэ идгъэщу дыкъызэрекIуэкIым хузохь. НэгъуэщIу дыщытыфынутэкъым, ди адэ-анэм дызэрагъэсам дыфIэкIыу... - Хьэлисэ, Тхьэм уи гъащIэр адэкIи щигъэт фом хуэдэу къабзэу, IэфIу, дахэу!
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




