Ди тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ дахьэха щIалэ

Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр къэзыгъэлъагъуэ Iуэху нэ­рылъагъухэр куэдрэ къыхохуэ ди гъащIэм. Адыгэм и махуэм ирихьэлIэу Москва къикIа щIалэ къыщIыхьащ ди редакцэм, адыгэ ныпыр зытет пыIэ щхьэрыгърэ, адыгэбзэкIэ гуапэу фIэхъус­хэр ихыу. КъызэрыщIэкIамкIэ, щIалэм адыгэбзэ мащIэ ищIэ къудейтэкъым, атIэ лэжьыгъэшхуэ ирегъэкIуэкI, абы укъыфIэкIмэ, адыгагъэм хуабжьу дехьэх. Александр Листенгорт и цIэр къыщызжиIэм электрон    пощткIэ дызэхуэтхауэ зэрыщытар сигу къэкIыжащ, ар нэгъабэ Къандур Мухьэдин и цIэкIэ екIуэкIа литературэ зэпеуэм хэтат, адыгэбзэкIэ итха усэхэр ­къригъэхьри. Ар сигу къэ­кIыжри, Александр япэу сызэреупщIар адыгэлъ щIэт­рэ щIэмытрэщ. 

- Сэ Москва сыкъыщалъхуащ, ебланэ лIакъуэу сымосквадэсщ, адыгэлъи кавказылъи сщIэткъым. Адыгэр спэгъунэгъу щIэхъуар лъэпкъыжьхэм я ­къекIуэкIыкIар, я бзэр, щэнхабзэр, тхыдэр зджыну зэрысфIэфIырщ.
- Уи IэщIагъэкIэ ухэт?
- Сыжурналистщ. Москва лингвистикэ университетым сыщеджащ. Абы ермэлыбзэр, испаныбзэр, франджыбзэр щызджащ. 
Зи гугъу сщIы лъэпкъыжьхэм хуэдэу лъэпкъищ ­тету аращ мы дунейм - ермэлыхэр, журтхэр, шэрджэсхэр. А щыр сыт зэзыпхыр жыпIэмэ, зыми емыщхьу езыхэм я бзэ зэраIэжырщ, тхыдэм къыхэнауэ хэку зэраIарщ, лъэпкъ гузэвэгъуэ я щхьэ къы­зэ­рырикIуарщ, дуней псом щикъухьауэ зэрыщы­псэурщ. А тхыдэ къэхъугъэм гугъуехьышхуэ пэщIигъэувар, дауи, шэрджэсхэращ. Сыт щхьэкIэ жыпIэ­мэ, абыхэм я къэралыгъуэр яфIэкIуэдауэ, щхьэхуэу хэку яIэжкъым, бзэри щIэблэм яIэщIоху. Адыгэхэр щыпсэу республикищым сыщыIати, ирипIейтейуэ къызжаIащ адыгэбзэр щадж сыхьэт бжыгъэхэр школхэм зэрыщымащIэр, цIыкIухэм кIуэ пэтми анэдэлъхубзэр Iэпэдэгъэлэл зэращIыр.
Ермэлыхэмрэ журтхэмрэ ящхьэ кърикIуар дуней псом зэIухауэ щыжаIэ, щащIэ, ауэ адыгэхэр зыхэта лъэпкъгъэкIуэдым куэд щыгъуазэкъым. Ар ямы­Iуатэурами сщIэркъым, сщIэр езы адыгэхэм ар ­гуауэшхуэу ягу зэрилъырщ. Абы теухуауэ сэ куэдым садэуэршэращ. Москва адыгэ куэд дэсщ, вагъуэ 12-мрэ шабзищымрэ зытет ныпыр къызытещ маши­нэхэмкIэ, щыгъынхэмкIэ къызоцIыху, сопсэлъылIэ. 
- Уэри уи пыIэм тетщ адыгэ ныпыр, хуабжьу зыбгъэадыгэу укъыщIыхьащ, адыгэбзэкIэ сэлам къыдэпхыу. Дэнэ нэсу пIэрэ уи адыгэбзэр? 
- КъухьэпIэ диалектращ сызэрыпсалъэр, ар зы илъэс хъуауэ зызогъащIэ (адыгэбзэ зыкъищIащ щIалэм). Курыт школым сызэрыщIэс лъандэрэ адыгэ макъамэхэм содаIуэ, лъапэрисэ, къафэ, пшыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм сыдахьэх. Дэнэ сыщыIэми сызэдаIуэр адыгэ уэрэдщ - Хьэтыхъу Вадим, Иуан БетIал, Нэхущ Чэрим сымэ я уэрэдхэр гукIэ сощIэ, ЛIыбзу Аслъэн и пшыналъэхэм содаIуэ. Си къуэми фIэфIщ адыгэ уэрэд едэIуэну, адыгэ ныпыр и пыIэми и машинэ цIыкIуми тегъэпщIащ. «Папэ, «Сэ сыадыгэщ» уэрэдыр схутегъэувэт», - жиIэурэ къызолъэIу. Илъэсих и ныбжьщ.
- Адыгэхэр уимыгъунэгъуамэ, уимыныбжьэгъуа­мэ, дэнэ ар къыздикIар? 
- Гугъущ ар къыздикIар жыпIэну. Ермэлы накъырэмрэ адыгэ пшынэмрэ зыхэслъхьэ щымыIэу фIыуэ солъагъу. АпхуэдизкIэ сыдихьэхат фи лъэпкъ пшыналъэхэми, 2015 гъэм, илъэс 22-рэ сыхъуу, адыгэ къафэм зыхуэзгъэсэну мурад сщIащ. Дагъыстэным щыщ авар щIалэм лезгинкэм хуигъасэу зэхэсхати, абы деж кIуэн щIэздзащ, адыгэ пшыналъэхэмрэ къафэхэмрэ сызэрыдихьэхыр щыжесIэм, адыгэ къэфэкIэм, лъакъуэхэр, Iэхэр зэращIым сригъэсащ. 
- Адыгэбзэри апхуэдэ зыгуэру зэбгъэщIа?
- НтIэ. ИнтернетымкIэ егъэджакIуэ къэзгъуэтри, илъэс ипэ сыдэлэжьэн щIэздзащ онлайну, Иуан ­Заретэ срегъаджэ. КъызгуроIуэ, тхылъхэм хуэму соджэ, ауэ шэрыуэу иджыри срипсалъэркъым. Иджыри зы гъэщIэгъуэн бжесIэнщ. Си хьэгъуэлIы­гъуэм сщыгъар адыгэ цейщ, къамэхэр щIэлъу, шырыкъухэр пылъу. Ахэр Мейкъуапэ къыщысщэхуат. Ауэ хьэгъуэлIыгъуэр щекIуэкIар Подмосковьещ. Сэ сызэреплъымкIэ, мыр псэм къыхих зыгуэрщ, акъылкIэ къыбгурымыIуэнкIэ хъунщ, лъыкIэ лъэпкъым ущыщымыщкIэ. 
- Уи щхьэгъусэми щебгъэтIэгъат фащэ? 
- Хьэуэ, абы щыгъар фащэкъым, ауэ абы ещхьу и пщэр щIэту, и Iэщхьэр кIыхьу бостей щыгъащ. 
- Къандур Мухьэдин и цIэкIэ екIуэкIа зэпеуэм ухэтыну укъыщысхуэтхам Израилым укъитхыкIырти, абы ущыщ си гугъащ... 
- Хьэуэ. Москва еджапIэр къыщызуха нэужь, Из­раи­лым сыкIуащ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы дзэм къулыкъу щысщIэну си хъуэ­псапIэт. Армэм сыщыIащ, офицер цIэр сиIэу къэзгъэзэжащ, Израилри зэзгъэцIы­хуащ. 
ИужькIэ, илъэсищ ипэ, згъэзэжащ а къэралым си щIэныгъэм щыхэзгъэхъуэну, щыпысщэну. Магистратурэм сыщIэтIысхьэри, си дисссертацэр хьэрып-журт зэпэщIэувэныгъэм тезухуэну мурад сщIащ. ИтIанэ темэр зэс­хъуэкIыну сыкъытехьащ, кIэ зимыIэ а зэпэщIэтыныгъэр езыхэм ираджыж, сэ апхуэдизу сыдэзыхьэх адыгэ Iуэхум щхьэ семылэжьрэ жысIэри. Иджыпсту къыхэсха темэм онлайну солэжь.
Адыгэхэм ятезухуа си лэжьыгъэр Iыхьищу зэхэтщ: Кавказ зауэр, холокостым и зэманым адыгэхэм журт сабийхэр къызэрырагъэлар, лъэпкъгъэкIуэдыр адыгэхэм зэрагъэвар. Абы и IуэхукIэ Адыгейми Къэрэшей-Шэрджэсми сыщыIащ, иджы Къэбэрдей-Балъкъэрым сыкъэсащ. ИтIанэ Израилым сыкIуэнурэ абы щыIэ адыгэ къуажитIым - Рихьэниерэ Кфар-Камэрэ - сыщылэжьэнущ, абыхэми запысщIагъэххэщ. 
- Иджы япэу укъакIуэу ара Налшык? Дауэ къыпщыхъуа? 
- Япэу жыпIэ хъунущ, мыбы сыкъыдыхьатэкъыми. ИлъэситхукIэ узэIэбэкIыжмэ, Iуащхьэмахуэ лъапэ, Домбай сыщыIащ. Налшык и дахагъри, и гуапагъри нэм къыIуедзэ, псэм зыхещIэ. Къалэм щхъуантIагъэр щыкуэдщ, зэпIэзэрыту, мамыру, зэIузэпэщу цIыхухэр щопсэу. Ауэ псом нэхърэ нэхъ сигу дыхьэр адыгэбзэр уэрамхэм зэрыщызэхэсхырщ. Мейкъуапэ зы илъэс ипэ сыщыIати, бзэр зэры­щызэхэсхар мащIэщ, Черкесск къуажэхэм адыгэбзэр нэхъ щызокIуэ, Беслъэней дэсхэр езыхэм я диалекткIэ зэрыпсалъэр зыхэсщIащ. Налшык абыкIэ Iуэхур щынэхъыфIщ, тыкуэн сыщIыхьами, университетым деж сыщопсэури, пщыхьэщхьэхэм къэскIухьми, адыгэбзэр нэхъ зэхызох. Иджы си мурадщ къэбэрдеибзэмкIэ егъэджакIуэ къэзгъуэту, диалектхэм я зэ­щхьэ­щыкIыныгъэр зджыну, нэхъыфIу зэзгъэщIэну.
- АтIэми, адыгеибзэкIэ усэ уотх, ди тхыдэм теухуа усэхэр уиIэщ... 
- АдыгеибзэкIэ усэ зыбжанэ сиIэщ. Си усэхэм фи лъэпкъэгъухэр къыщеджэкIэ, адыгэ гуэрым итхауэ къащохъу. Ар зэрыщытри, тIэкIу философием дыхыхьэнщи, сэ къызэрыслъытэмкIэ, цIыхур дунейм къытехьэурэ текIыж щхьэкIэ, цIыхупсэр уахътыншэщ, ар зэпымычу мэпсэури гъащIэ куэд къегъащIэ. Апхуэдэ зыгуэру пыщIэныгъэ хузиIэ хъунщ адыгэхэм, нэгъуэщIу къыбгурыIуэнукъым. Адыгэ хабзэм теу­хуауэ тхылъ куэд седжати, псибл зыIут щыIэу, уахътыншэу щыту къыхэсхащ зыгуэрхэр. «Псэм ипэ напэ» щIыжаIэр сыт, сыт шэрджэсхэр я псэ емыблэжу хахуэу щIыщытар?! 
Усэхэр адыгэбзэкIэ, ермэлыбзэкIэ, журтыбзэкIэ тхауэ зэрыт тхылъ къыдэзгъэкIащ. НэгъуэщI Iуэху­гъуэхэм ятеухуа тхылъ зыбжани сиIэщ. 
- Диссертацэм теухуауэ сыт хуэдэ лэжьыгъэ ебгъэкIуэкIрэ, хэт ухуэзэрэ?
- Си Iуэхум теухуауэ Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм сыщыIащ, тхылъ щхьэпэ куэд иIэщ Виктор. Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ институтым, КъБКъУ-м, ­Архив IуэхущапIэм сыкIуэнущ, публицист цIэрыIуэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIы­-                      цIэ Мухьэмэд нобэ сыхуозэ.  Хабзэм, зэхэтыкIэм, тхыдэм теухуауэ дэфтэрхэр зэхуэсхьэсыну си мурадщ. 
Си дежкIэ нэхъыщхьэр зи гугъу сщIа темищыр академическэ теплъэ иIэу зэхуэсхьэсыжу къыдэзгъэкIынырщ. Ермэлыхэм я тхыдэр сыт щыгъуи ятхыу къекIуэкIамэ, адыгэхэм жьэрыIуатэу зэхуахьэсыжауэ аращ, абы щIэныгъэ теплъэ естыну сыхуейщ. Мы лэжьыгъэр Израилым фIыуэ щыпхыбгъэкIыфынущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы адыгэхэм пщIэшхуэ къыщыхуащI. А сыщеджэ университетым щIэс адыгэхэм стипендие щхьэхуэ ират, апхуэдэу эфиоп­хэм, хьэрыпхэм льготэ яIэщ. Адыгэхэр полицэм хэтщ, спортымкIэ цIэрыIуэхэр яIэщ, футболист Натхъуэ ­Бибарс дуней псом къыщацIыху. 
Дауэ пщIэ хуумыщIынрэ зауэм и зэманым журт сабий 32-рэ къезыгъэла лъэпкъым. Кърагъэлам и закъуэкъым, лей къатемыхьэн щхьэкIэ, зы жэщым къуа­жэм щызэбграхри, адыгэ унэцIэ къратщ, цIэ къыфIащри, я унагъуэ дэфтэрхэм иратхэжат. Абы и фIыгъэкIэ нэмыцэхэм яIэщIэмыкIуадэу къелащ. Мыр Израилым, Урысейм я мызакъуэу, дуней псом щащIэн хуейщ, цIыхугъэм и щапхъэ нэсу бгъэлъа­гъуэу. ИкIи Израилым «Праведники мира» статус щыIэщ, ар адыгэхэми кърегъэтын хуейщ. 
Сэ сыхущIокъу адыгэхэм я лъэпкъ щэнхабзэм нэгъуэщI лъэпкъхэм я дежкIи мыхьэнэ зэриIэр къегъэщIэным. 
- Упсэу, Александр. Уи мурадхэр Тхьэм къыпхузэпищэ!

Епсэлъар НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также: