Лъэпкъ хабзэращ зыIэтыр

Бзэр, хабзэр зи Iэпэгъу цIыху гуа­щIафIэщ Шэджэм Езанэм къыщалъхуа, Кавказым ис тхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт, илъэс куэдкIэ ­егъэджакIуэ IэщIагъэм ирилэжьа, КъБКъУ-м и физико-математикэ факультетыр 1983 гъэм ехъулIэныгъэкIэ къэзуха, ЩоджэнцIыкIу Алийрэ Гамзатов Расулрэ я цIэкIэ щыIэ медалхэр зыхуагъэфэща, тхылъибл зи Iэдакъэ къыщIэкIа тхакIуэ, усакIуэ, зэдзэ­кIакIуэ Iэзэ Уэтэбей Руслан ХьэзрэIил и къуэр. 
Руслан тотхыхь гъащIэм къы­­щыхъу-къыщыщIэхэм, лъагъуныгъэм, цIыху­хэм я зэхущытыкIэм, лъэпкъым, бзэм. Апхуэдэуи уэрэд 34-рэ и Iэдакъэ къыщIэкIащ. НэгъуэщI­хэм я тхыгъэ зэ­дзэкIынри къохъулIэ. Псалъэм папщIэ, Шэшэн Республикэм и усакIуэ цIэрыIуэ Тугузов Аслъэнбэч и поэмэхэм ящыщу «Шейх Мансур», «Алибек Хаджи», «Кунта Хаджи» жыхуиIэхэр адыгэбзэкIэ зэридзэ­кIащ. Хайям Омар и усэхэм ящыщ ди бзэм къригъэзэгъащ. Япэ дыдэ итха тхылъыр зытеухуар езыр къызыхэкIа лъэпкъым къикIуа гъуэгуа­нэрщ. 
Республикэм щекIуэкI зэхыхьэхэм жыджэру хэтщ Руслан. Апхуэдэуи, ди гъунэгъу щIыналъэхэми ирагъэблагъэри, къыщопсалъэ, егъэджэныгъэм теухуа зэхыхьэхэм хэтщ, чэнджэщкIэ зыкъыхуэзыгъазэхэми ядоIэпыкъу. Езыр хьэрычэт Iуэхум хэтщи, зыгуэркIэ къелъэIур игъэщIэхъуркъым, хузэфIэкI хуещIэ. 
Езым къыджиIахэмрэ и усэ зыбжанэмрэ теухуащ мы тхыгъэр. 

- Сызэрысабийрэ си псэм хэлъщ адыгэбзэр. Курыт еджапIэм сыщIэ­тIыс­хьа нэужь, си анэдэльхубзэр нэхъыфIыжу сигъэлъэгъуащ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ ди егъэджакIуэу щыта Пщынокъуэ ТIутIэ. ИкъукIэ бзэр игъэбзэ­рабзэт, цIыху хьэлэмэтт ар. Зэи къыт­щIэ­губжьэртэкъым, Iущыгъэ хэ­мылъу зы псалъи къыжьэдэкIыртэкъым, дахагъэм, гуапагъэм дыхуиущиирт, къыдгурымыIуэм къытхутепсэ­лъыхьырт. А псор апхуэдизкIэ си псэм щыщ хъуати, адыгэбзэ дерсыр щыдиIэ махуэр къысхуэгъэсыртэкъым. Абы щыгъуэ си гум изубыда усэхэр иджыпстуи сощIэж. Хуабжьу усэм сыдихьэхырти, дызэреджэ тхылъхэм ит усэхэр япэ сищурэ зэзгъащIэрт. Илъэс 16-м ситу тхэн щIэздзат, ауэ къезгъэджэн сымыгъуэтурэ школыр къэзухащ. 
ЕджапIэ нэхъыщхьэм сыщIэтIысхьа нэужь, артист гъуэзэджэу щыта Къэжэр Борис «театр гупжьей» фIищу ди университетым къыщызэригъэпэщам сыхыхьэри, еджапIэм сыщIэсыху абы сыхэтащ. Спектакль куэдым сыщы­джэгуащ, япэ дыдэ сызыхэтар сигу ­къинэжащ. Ар Шекспир Уильям и «Король Лир» пьесэм адыгэбзэкIэ къытращIыкIа спектаклырт. 
Ещанэ курсым сыщIэст Шэджэм районым хыхьэ Лашынкъей къуажэм лэжьэн щыщIэздзам. А зэманым егъэджакIуэхэр зэпэубыдати, еджапIэ нэхъыщхьэ щIэсхэм еджэнкIэ къахэжаныкIхэр школхэм щагъэлажьэрт. ИужькIэ сыщыIащ Тэрч районым хыхьэ Курп Ипщэ къуажэм, итIанэ Шэджэм ЕтIуанэм Ахъмэт Щэуал и цIэр зезыхьэу дэт курыт еджапIэм. КIэлъыкIуэу, а щIыпIэм районым и инспектору сыздэщыIэм, Шэджэм Езанэм дэт училищэми щезгъэджащ, пенсэ сыкIуэу сытIысыжыху. 
Тхэным пасэу гу хуэсщIами, тхылъ къыдэгъэкIыным яужь сыщихьар иужь­кIэщ. АдэкIэ къыхэзгъэщынут республикэм къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ ди унагъуэ къихьэу зэрыщытар. Ди адэм зыхилъхьэ щыIэтэкъым «Адыгэ псалъэ» газетымрэ «Iуащхьэмахуэ», «Нур» журналхэмрэ. Махуэ къэс къы­т­Iэрыхьэ газетым итхэр щIиджы­кIырт, цIыкIухэм къытхуэсэбэпын иту илъэ­гъуа­мэ, къытхуе­джэрт, зэдгъащIэрт, псалъэжь, псын­щIэрыпсалъэ, къуа­жэхькIэ цIыкIухэр дызэпригъауэрт. Журналхэр къыщытIэ­рыхьэнум дыпэ­плъэрт, къытхуэмыгъэсу. Иджыри си унагъуэм изгъэкIыркъым ахэр. Ди нэхъыжьыфIхэм сытым дежи бзэмрэ хабзэмрэ теухуауэ даущийрт. «Зи бзэмрэ хабзэмрэ зымыщIэж цIыхум, уи дзыхь йомыгъэз», - жиIэрт си адэм. 

Зы дини сыдихьэхкъым! 

Зы дин, ныбжьэгъухэ, сыдихьэхкъым.
Лъэпкъ хабзэщ сызыIэтыр. 
Ар зыми уафэм кърихьэхкъым, 
Насыпым арщ и тетыр! 
КъысфIэщ, ухуеймэ, мажусий, 
Тхылъ «ЛъапIэм» сэ семыджэ. 
Зи хулъэм изхэри мэкIий, 
Си хабзэм дин схухаджэу. 
Къэралыр щIэбли хуэмеиж, 
МэкIуэд адыгэ фащэр. 
Зытрипхъуащ чэтэн фIыцIэжь
Къуаргъ вындым ещхьу пщащэм. 
СищIащ щхьэщIэгупсыси
 сызыхэплъэм, 
Си бзэр сэ къысфIощI
 къыскIэлъыкIий: 
«Умыбэлэрыгъ, хьэзырщи си
 щхьэпылъэр, 
Фыкъысхуэсакъ, сыдадзэжынщ
 къуэкIийм». 

Си Хэку 

ЗэпысщIащ уи гъуэгухэр шурэ-лъэсуэ,
Псы Iэл куэди сызэпхырыкIащ, 
Мэз бжэн лъакъуэу псынщIэу, 
Шыбгъэм къэсуэ, 
Уи щыхупIэ Iэджи секIуэкIащ. 
АпхуэдизкIэ IэфIщи уи псынэпсхэр, 
Анэ бгъафэм къыщIэжуэ къысщохъу.
Мыл къэткIужхэм къежэха уи нэпсхэр 
Ауз щэхухэм псы Iэрышэ щохъу. 
МэIуху плъыжъ къыпфIэщIу,
 пщэдджыжь дыгъэм 
Къурш щхьэпэхухэр 
дыщэу къыполыд. 
СыкъызыхэкIа лъэпкъыр
 къахуэмыщIэм, 
Iуащхьэмахуэ, уи цIэр сэ изоIуэ.
Сыпсэункъым уи гур сэ хэзгъэщIым,
Си Хэку дахэ, быдэу Тхьэ пхуз
оIуэ! 

КЪАНКЪУЛ Раисэ.
Поделиться:

Читать также: