Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэм и щIыхькIэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъур

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
Си лъахэгъу лъапIэхэ!
Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэмкIэ сынывохъуэхъу!
А махуэшхуэм къызэщIеубыдэ адыгэ лъэпкъым къикIуа тхыдэ ­гъуэгуанэ кIыхьыр, и ехъулIэныгъэхэмрэ здынэса лъагапIэхэмрэ икIи Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэмрэ зэкъуэшыгъэмрэ, абыхэм нобэрей махуэмрэ я къэкIуэнумкIэ яхь жэ­уаплыныгъэм я дамыгъэщ.
Мы зэманым ар догъэлъапIэ ди Президент Путин Владимир Владимир и къуэм Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтныгъэм и илъэсу ­игъэувам хыхьэу. Къэралым и лъэпкъыбэм я зэкъуэтыныгъэм щыщ Iыхьэу зэрыщытым и фIыгъэщ адыгэхэм нэхъри заужьыну Iэмал зэрагъуэтари, зыми емыщхь я щхьэхуэныгъэхэр, я анэдэлъхубзэр, я псэкупсэ, щэнхабзэ къулеигъэхэр зэрахъумэжыфари. 
Дэ дрогушхуэ дяпэ ита нэхъыжьыфIхэм зауэ губгъуэхэм къыщагъэлъэгъуа лIыхъужьыгъэми лэжьапIэ IэнатIэхэм щахузэфIэкIа ­ехъулIэныгъэхэми. Ахэр, гъащIэм сыт хуэдэ щытыкIэ гугъу иригъэувами, дапщэщи хуэпэжащ зэгуэр къыхаха гъуэгум икIи къэралым ­къулыкъу хуащIащ. Апхуэдэуи дрогушхуэ ди нобэрей щIалэ­гъуалэм, Урысейм и адрей щIыналъэхэм икIахэм ящIыгъуу Хэкум и щхьэхуитыныгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ яхъумэу дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм я лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ.
Шэч къытесхьэркъым, ди зэкъуэтыныгъэр нэхъри дгъэлъэщу, ди хабзэхэмрэ лъапIэныгъэхэмрэ тхъумэу дэ сыт хуэдэ гугъуехьми дызэрыпэлъэщыфынум, дыщалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ ди къэралышхуэмрэ я къэкIуэнур нэхъыфI зэрытхуэщIынум.
Республикэм щыпсэу псоми си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу узыншагъэ быдэ фиIэну, зэIузэпэщу фыпсэуну, щыIэм я нэхъыфIыр къывэхъулIэну.

Поделиться:

Читать также: