ГуфIэгъуэр дэни щызэдаIэтынущАдыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэу ягъэувар мы гъэм илъэс е 13-нэ хъуауэ ягъэлъапIэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и районхэм, къуажэхэмрэ къалэхэмрэ, гъунэгъу республикэхэм, уеблэмэ ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу хамэ къэралхэм щаIэт гуфIэгъуэр. Абы иращIэкI зэIущIэхэмрэ зэхыхьэхэмрэ я нэхъыщхьэу мы гъэм ди республикэм щекIуэкIынухэм фыщыдгъэгъуэзэнщ. Къыхэгъэщыпхъэщ: махуэр къэсыным иджыри зэман иIэжу щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм, ди щIыналъэм и жылэхэри хэту, Iуэхугъуэ куэд щокIуэкI. Абыхэм ящыщщ, псалъэм и хьэтыркIэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и зэIущIэр, щIэныгъэ конференц е Iуэху пыухыкIам ехьэлIа зэхыхьэхэр, лъэпкъым и блэкIамрэ и нобэмрэ дыхэзыгъэгъуазэ гъэлъэгъуэныгъэхэр, радио, телевиденэ нэтынхэр, видеофильмхэр, мастер-классхэр, спорт зэхьэзэхуэхэр, газет тхыгъэхэр, зэкъуэш республикищми я газетхэм я номер зэгуэт мы фIэщIэлъыр, нэгъуэщI куэди. Мы тхыгъэмкIэ гу зылъывэдгъэтэнур нобэрэ пщэдейрэ екIуэкIынухэращ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




