ЩIэныгъэм и гъуэгухэр«ЩIэныгъэр гъуэгубэщ, Тэн и щIыбкIи щызокIуэ», – жаIэ адыгэхэм. Мы псэлъафэм зыкъомкIэ поджэж бегъымбар лъапIэм и къыщIэна хьэдисыр: «ЩIэныгъэр Чыным щыIэмэ, абыи къыщылъыхъуэ». Лъэпкъым щIэныгъэм пщIэ хуищIу зэрыщытам и щыхьэтыгъэ куэд щыIэщ. Апхуэдэщ, псалъэм и хьэтыркIэ, хьэщIэщхэр. Абдеж щызэIэпах хъыбархэр лъэныкъуэ куэдкIэ гъэщIэгъуэнт: абыхэм щIэдэIу щIэблэм ущие кърыхахыну гъэсэпэтхыдэ зэрыхъум къыщымыувыIэу, Iэгъуэблагъэм, гъунэгъу щIыналъэхэм, щIыпIэ жыжьэхэм къыщекIуэкIым щыгъуазэ хуэхъурт, щIэныгъэ къэкIуапIэу цIыхубэм зэлъащIысырт. Зыгуэр къэпщIэным, ар гъащIэм хэпщэным мыхьэнэшхуэ иратырт, уасэшхуи хуащIырт. Тхыбзэ имыIэу къэгъуэгурыкIуа лъэпкъым дежкIэ дэтхэнэ зы къэхъукъащIэми мыхьэнэ иритырт, езым къыхуэщхьэпэн, и щыIэныгъэр зэпэщ зэрищIын губзыгъагъэ къыхихынкIэ зэрыхъуным къыхэкIыу. Зыми ещхьыжкъым IуэрыIуэтэжу зэIэпаха тхыдэжьхэр, хъыбархэр, Iуэтэжхэр. Дэтхэнэми тхыдэ лъабжьэ зэриIэм къыдэкIуэу, ар зэрызэхищIыкIын, зэрызэригъэзэхуэн, къыкIэлъыкIуэм зэрыбгъэдилъхьэжын акъылрэ гупсысэкIэ къыкIэлъыкIуэм деж нызэрихьэсыным хущIэкъурт. Арыххэуи, хьэщIэщым къыщIэкIами, зекIуэм щызэхахами, щIыпIэ гуэрым щыIууами, цIыхухэм я деж къэса тхыдэжьымрэ хъыбарымрэ щIэблэр зэрипIын, я тхыдэ щIэжыр къызэриIэтын Iэмалхэр къыхихырт. И гъэпсыкIэр нэгъуэщI хъуами, и курыхкIэ апхуэдэщ иджырей щIэныгъэ хасэхэр, е, иджырей бзэкIэ жыпIэмэ, диссертацэхэр щыпхагъэкI зэхуэсхэр. КъэхутакIуэм архив хъумапIэхэм къыщигъуэтыж дэфтэрхэм къраджыкIыжым теплъэгъуэхэр къыхащIыкIыжурэ, блэкIам къыщыхъуахэр зэфIагъэувэж, тхыдэр ди пащхьэ къралъхьэж. Пэжщ, зы тхылъымпIэм къраджыкIыр зэтемыхуэу ятхыжынкIэ хъунущ, ауэ абы нэхъыщхьэу хэлъыр екIуэкIам и купщIэм щыщIэныгъэ имыгъуэту зэгъэпэщыжын зэрыхуейрщ, адрей къещIэкIахэр еплъыкIэмрэ бгъэдыхьэкIэмрэ къапкърыкI къэхутэныгъэщ. ЦIыху къэс езым и гупсысэкIэ иIэжщ, ауэ ар зы дуней лъагъукIэм имызагъэу е пэжым и шыбзэм щIэмыкIыу щыткъым. Тхыдэ щIэныгъэм сыт щыгъуи гулъытэ хэха егъуэт. Ар, зэрыжытIащи, цIыхубэм я зэхэщIыкIыр къэзыIэт, блэкIам хуаIэ еплъыкIэм елъытауэ, къэкIуэныр зэрагъэпс Iэмалу зэрыщытым къыхокI. НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ укъыбгъэдыхьэмэ, лъэпкъхэм къызэпача тхыдэ гъуэгуанэр я нэгу IупщIу къыщIагъэувэну, дунейпсо щыIэныгъэм щаубыд увыпIэр зыхуэдэр зрагъэщIэну хуейщ. Кавказым щыпсэухэм дежкIэ тхыдэм нэгъуэщI зы къаруи иIэщ – лъэпкъ гупсысэр ехъумэ, жылагъуэхэм я щыIэныгъэм лъабжьэ быдэ хуещI. Арагъэнущ, щIыналъэхэм къыщызэрагъэпэщ щIэныгъэ хасэхэм тхыдэмрэ лъэпкъ щIэныгъэмрэ мыхьэнэ щIратыр. КъБКъУ-м къэралымрэ цIыхум и хуитыныгъэмрэ я теориемрэ тхыдэмкIэ и кафедрэм и доцент, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Абазэ Алексей иджыблагъэ къытхутепсэлъыхьащ тхыдэр джыным и IуэхукIэ щIыналъэм и еджапIэ нэхъыщхьэм щекIуэкI лэжьыгъэм, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат икIи доктор къэхутэныгъэхэр пхыгъэкIынымкIэ щIэныгъэ хасэм хузэфIэкIхэмрэ къехъулIэхэмрэ, къэралпсо пщалъэкIэ къапщтэмэ, а гуащIэдэкIым и мыхьэнэр зыхуэдэм. Абазэ Алексей къызэрыхигъэщамкIэ, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат икIи доктор диссертацэхэр пхыгъэкIынымкIэ щIэныгъэ хасэр къыщызэIуахар 1990 гъэхэрщ. Абы лъандэрэ кандидат икIи доктор цIэр къэлъэщынымкIэ лэжьыгъи 100-м щIигъу абдеж щыпхагъэкIащ. ЩIэныгъэ хасэм хуитыныгъэ иIэщ «Хэку тхыдэ» икIи «Этнологие, антропологие, лъэпкъ щIэныгъэ» унэтIыныгъэхэмкIэ а щIэныгъэ фIэщыгъэхэр утыку ихьэ къэхутакIуэхэм яхуигъэфэщэну. Зихуэдэ щымыIэ лэжьыгъэ КъБКъУ-м тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ диссертацэ къэхутэныгъэхэр зи пащхьэ иралъхьэ и щIэныгъэ хасэм и мыхьэнэр къэралпсо пщалъэкIэ къыщыпщтэм деж япэу зэплъын хуейр ар этнологие лэжьыгъэхэм нэхъ тещIыхьауэ зэрыщытырщ. Ди зэманым КъБКъУ-р ящыщщ «Этнологие, антропологие, лъэпкъ щIэныгъэ» унэтIыныгъэмкIэ диссертацэхэр щыпхагъэкI щIэныгъэ хаситхум. Урысейм и ипщэ щIыналъэхэм щыIэр а зы закъуэращ. – Тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ пхагъэкIа лэжьыгъэхэр къэзылъытэ библиографием уеплъмэ, 1995 – 2019 гъэхэм къриубыдэу утыку кърахьа къэхутэныгъэхэмкIэщ КъБКъУ-м пашэныгъэр зэриубыдар, къэралым этнологиемрэ антропологиемкIэ щыпхагъэкIа диссертацэхэм я процент 33-р къэдгъэлъэгъуа илъэсхэм ди деж щагъэхьэзыращ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, Урысейм тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ къэхутэныгъэхэр пхыгъэкIын и IуэхукIэ еханэ увыпIэр тIыгъыу дыкъекIуэкIащ, – жеIэ Абазэм. ЩIэныгъэ хасэм и лэжьыгъэм и гуащIэгъуэ дыдэр хуэзащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Дзэмыхь Къасболэт абы и унафэщIу щыщытам. Ар илъэс 21-кIэ, 2003 гъэм къыщыщIэдзауэ 2024 гъэ пщIондэ, абы и пашэу щытащ. – Дзэмыхь Къасболэт щIэныгъэ хасэм и унафэщIу щытета илъэсхэрщ ар хэгъэгум пашэ щыщыхъуар, Къэбэрдей-Балъкъэрым, абы щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэм епха къэхутэныгъэхэр утыку кърихьэм къыщымыувыIэу, Кавказ Ищхъэрэмрэ Урысейм и ипщэ щIыналъэхэмрэ щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэми гулъытэ яриту щыхуежьар. ЛъэхъэнэщIэхэр 2024 гъэм и жэпуэгъуэ мазэм къыщегъэжьауэ КъБКъУ-м тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ диссертацэхэр щыпхыгъэкIынымкIэ и зэхуэсым и унафэщIыр Абазэ Алексейщ. ЩIэныгъэ хасэм цIыху 19 хэтщ, абы щыщу 18-р тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ докторщ, зыр – щIэныгъэ секретарыр – тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидатщ. «Хэку тхыдэ» унэтIыныгъэм и лэжьыгъэм цIыхуипщIыр жыджэру хэтщ, «Этнологие, антропологие, лъэпкъ щIэныгъэ» унэтIыныгъэм цIыхуибгъур гуащIафIэу долажьэ. – Ди щIэныгъэ хасэм хэтыр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIэныгъэ икIи егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм щылажьэхэм я закъуэкъым. Абы къыхохьэ Cанкт-Петербург, Владикавказ, Мэхъэчкъалэ, Дон Iуфэ Iус Ростов, Сочи къалэхэм щыщ щIэныгъэлIэхэри, – жиIащ Абазэм. Абы щхьэхуэу къыхигъэщащ я хасэм ухэтын папщIэ, щIэныгъэхэмкIэ доктор цIэр уиIэныр зэрымащIэр. – Абы и лэжьыгъэм хыхьэфынур иужьрей илъэситхум къриубыдэу зи къэхутэныгъэхэр щIэх-щIэхыурэ пщIэ зыхуащI, къэралпсо икIи дунейпсо мыхьэнэ зиIэ щIэныгъэ зэужьхэм къытрезыгъадзэхэращ, монографиехэр зытххэращ, щIэнIуатэхэм я утыкум къыщыпсалъэхэращ, – къыхигъэщащ Абазэм. Iуэхугъуэбэм я лъэужьхэр ЩIэныгъэ хасэм и пащхьэ къралъхьэ лэжьыгъэхэм къызэщIаубыдэ тхыдэ Iуэхугъуэхэр куэд дыдэ мэхъу. Апхуэдэу, хэку тхыдэр къапщтэмэ, къэхутакIуэхэм нэхъ зытрагъащIэр пащтыхьыгъуэм и лъэхъэнэм Кавказым щыпсэуа лъэпкъхэм я политикэ икIи экономикэ гъащIэм хэлъа щхьэхуэныгъэхэр къыщIэгъэщыжынырщ, Жэпуэгъуэ революцэмрэ граждан зауэмрэ, Хэку зауэшхуэмрэ Кавказыр хуит къэщIыжынымкIэ зауэмрэ ди щIыналъэм зэрыщекIуэкIам я тхыдэр къэтIэщIыжынырщ. Этнологиемрэ лъэпкъ щIэныгъэмкIэ уплъэмэ, къэхутэныгъэхэм я нэхъыбэр зытеухуар цIыхубэ дауэдапщэхэм хэлъ гъэщIэгъуэнагъхэрщ, абы щыщ Iуэхугъуэхэм ягъуэта зэхъуэкIыныгъэхэрщ, цIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ я зэхущытыкIэу щытамрэ иджы зэрыхъуамрэ епха щхьэхуэныгъэхэрщ. Апхуэдэу диссертацэхэм щIыпIэшхуэ щаубыд лъэпкъ щIэжымрэ дуней лъагъукIэмрэ иджырей гъащIэм щаубыд увыпIэр зыхуэдэр къэзытIэщIыж къэхутэныгъэхэми. – Псори зытеухуар Кавказым щыпсэу лъэпкъхэр тхыдэ-этнологие я лъэныкъуэкIэ джынырщ, щIыпIэхэр зэлъэIэсу, щIэх-щIэхыурэ зэхыхьэу зэрыщытам къыхэкIыу, къэралымрэ дунеймрэ я тхыдэм хуащIа хэлъхьэныгъэр утыку къихьэнырщ, – къыхегъэщ щхьэхуэу Абазэ Алексей. Иужьрей илъэсхэм ягъэхьэзыра диссертацэхэм я гугъу щищIкIэ, Абы нэхъ хьэлэмэт къыщыхъуауэ зи цIэ къриIуэр Уэртэн Юлэ, ШэрыIужь Аскэр, Анищенкэ Еленэ сымэ я лэжьыгъэхэрщ. Абыхэм я къэхутэныгъэхэр теухуат Къэбэрдей-Балъкъэрым щIэныгъэ нэхъыщхьэм зэрызыщиужьам, ди щIыналъэм 1920 – 1930 гъэхэм къэрал унафэр зэрыщызэфIэувам, Налшык ерыскъыпхъэхэр зэрыщызэрахьэм кIэлъыплъынымкIэ щIыпIэ IуэхущIапIэхэм и лэжьыгъэр зэрекIуэкIам я тхыдэм. ЩIэныгъэм и гъуэгухэр КъэхутакIуэхэм я диссертацэхэр утыку къызэрырахьэ щIыкIэм и гугъу щищIым, ар Iыхьэ куэду зэрызэхэтыр къыхигъэщащ. – ЩIэныгъэм къигъэув хабзэхэм тету диссертацэр гъэхьэзырыным Iуэху куэд пыщIащ. Кандидат е доктор цIэр къызэрыплъэщыну диссертацэр гъэхьэзырынымрэ а цIэхэр къызэрыпхуагъэфэщам щыхьэт техъуэ тхылъыр къыпIэрыхьэжынымрэ я зэхуаку лэжьыгъэшхуэ дэлъщ. Япэрауэ, къэпIэтыну Iуэхугъуэм и мыхьэнэр бубзыхуфын хуейщ, ар зэрыпхыкIынумкIэ IэщIагъэлIхэм я чэнджэщ ухуэныкъуэнущ. ЕтIуанэрауэ, диссертацэм къыщыпIэтыну Iуэхугъуэхэм тхыгъэхэмкIэ щыхьэтыгъэ яхуэпщIурэ илъэс бжыгъэ дэпхыну къыппэщылъщ. А щIэныгъэ тхыгъэхэри къызытехуэн хуейр ЩIэныгъэ Хасэ Нэхъыщхьэм, е ВАК жыхуэтIэм, зи цIэр къриIуауэ дзыхь зыхуищI журналхэрщ. Аращи, щIэныгъэ гъуэгуанэ теувар хуэхьэзырын хуейщ ар лъагъуэбэу зэрызэхэкIыжым, гугъуехь пыухыкIахэр къызэрыщыпэплъэм. Кандидат диссертацэр гъэхьэзырыным илъэс зыщыплI ехь, доктор диссертацэм илъэс пщIы зыбжанэ щытекIуадэ щыIэщ, – жиIащ Абазэм. Къэхутэныгъэхэр шыбзэ зэрыщIагъэкIым, абы къыщыкIуа Iуэхугъуэхэм ткIийуэ зэрыкIэлъыплъым и фIыгъэкIэ, тхыдэ щIэныгъэм къыхыхьэ еплъыкIэхэм пцIы хыхьэркъым, щIэныгъэ лъабжьэфI иIэщ, жылагъуэм деж пщIэ щегъуэт. – СыщымыгуфIыкIыу икIи сримыгушхуэу къанэркъым ди щIэныгъэ хасэм пщIэ къызэрыхуащIым, ди деж щыпхагъэкIа лэжьыгъэм гулъытэ зэрыратым. Дэ зэпымычу Кавказым, Урысейм и щIыпIэхэм къикIыурэ диссертацэхэр пхагъэкIыну хуейуэ цIыхушхуэ къыдокIуалIэ. Утыку ирахьэным ипэ къихуэу, хабзэкIэ абы ещIылIэн хуейуэ щIапхъэ псори зэфIэгъэкIынымкIэ, къыщыхьа гупсысэхэр иджыри зэ щIэпщытыкIыжынымкIэ лэжьыгъэ едмыгъэкIуэкIыу зэи къанэркъым. Арыххэуи, диссертацэхэм я зэхэлъыкIэ-ухуэкIэм ехьэлIауэ зетхьэ пхъашагъым и мыхьэнэр щIэныгъэм и фIагъым хэхъуэнымкIэ нахуэ мэхъу, – жиIащ Абазэ Алексей. Зыгъэхьэзырар ШУРДЫМ Динэщ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




