IэмалыщIэхэм хуокIуэФокIадэм и 14-17 махуэхэм Налшык къалэм щекIуэкIащ «КъэкIуэнум и теплъэмрэ лIакъуэхэм я жэуаплыныгъэмрэ» щIыналъэ зэхыхьэ иныр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и студентхэмрэ щIалэгъуалэм я пашэхэмрэ тещIыхьа Iуэхум зэхуишэсащ жэрдэмщIакIуэ ахъырзэманхэр. ЕгъэджакIуэу, чэнджэщэгъуу, унэтIакIуэу, щIалэгъуалэ политикэм елэжьхэу, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм щылажьэу цIыху 70-м нэблагъэм я жэрдэмхэр проект теплъэ иIэу утыку кърахьащ, лекцэхэм едэIуащ. КъызэгъэпэщакIуэхэм ящыщ Кузьминэ Оксанэ къызэрыджиIамкIэ, зэхыхьэр хуэунэтIащ щIалэгъуалэ жэрдэмхэр гъащIэм къыщыгъэсэбэпын и лъэныкъуэкIэ защIэгъэкъуэным: «КъэкIуэнум и теплъэмрэ лIакъуэхэм я жэуаплыныгъэмрэ» щIыналъэ зэхыхьэм и япэ Iыхьэм кърахьэжьэну Iуэхур зыхуэдэнумрэ абы и зэфIэхыкIэ хъунумрэ щызэпкърытхамэ, иджы гупхэм утыку кърахьэнущ Iуэху убзыхуам тегъэпсыхьа проектхэр. МахуиплIым къриубыдэу я жэрдэмхэр зыхуей хуэзэу яубзыхунурэ, гъащIэм зэрыхапщэну теплъэр иратынущ. ДызыхущIэкъур щIалэгъуалэм дэлэжьэнымкIэ бгъэдыхьэкIэщIэхэр къэгъэщIынырщ, дяпэкIэ къагъэсэбэпын хуэдэу». Махуэ зыбжанэм щIалэгъуалэр Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэдым хурагъэджащ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, иджырей хъыбарегъащIэ IэнатIэм мы зэманым зэрыщылажьэ прикладной методикэхэр зэхэлъхьэным теухуа дерсыр иригъэкIуэкIащ «Центр системных инициатив» IуэхущIапIэм и IэщIагъэлI Бессонов Евгений. Абы лъабжьэ хуэхъуар махуэ къэс щIалэгъуалэр Интернетым зыщрихьэлIэ Iуэху мыхъумыщIэхэрщ. Спикерым къызэхуэсахэм гу лъаритащ нэхъапэм хъыбарым и пэжагъыр къызэрапщытэу щыта Iэмалхэр псынщIэу зызыхъуэж мы зэманым жьы зэрыдэхъуам. Бессоновым зэрыжиIэмкIэ, бзаджащIэхэм защыпхъумэн щхьэкIэ уэ езым уи Iуэху бгъэдыхьэкIэр пхъуэжын, къекIуэкIхэм фIыуэ хэпщIыкIын хуейщ. «Контентыр нэуфIыцIщхьэрыуэу къомыгъэсэбэпу, дунейм къыщекIуэкIхэр зэпкърыпхыфу ущытыпхъэщ. Апхуэдэу фIэкIа къыбгурыIуэнукъым цIыхур сыт хуэдэ «хъыбарегъащIэ мэсхьэбым» итми, сыт хуэдэ лъэныкъуэкIэ гъащIэм къыщеплъми», - къигъэнэIуащ Бессонов Евгений. Лекторым гулъытэ хэха хуищIащ Интернетым узыщрихьэлIэ гупсысэкIэ шынагъуэу щым: езым и Iуэху еплъыкIэ иукъуэдииным, езыр зэрыхуейуэ къэхъукъащIэр къигъэлъэгъуэным, хъыбарегъащIэ кIыфIыгъэм. Къэпсэлъам зэпкърихащ ахэр къызэрыунэху щIыкIэр. Апхуэдэ дерс купщIафIэхэм щIэса щIалэгъуалэм езыхэми лэжьыгъэ куэд ягъэзэщIащ. Абыхэм гуп-гупу загуэшри, хъыбарегъащIэ IэнатIэр шынагъуэншэу зэрыщытыным и хэкIыпIэу къалъытэхэр щызэхуэхьэса проектхэр ягъэхьэзыращ. ШэрIужь Даянэ
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




