Нэхъыжьыр - лъабжьэщ, щIэблэр - ди къэкIуэнщУФ-м и Къэрал Думэм и ебгъуанэ зэхуэсыгъуэм и депутатхэмрэ щIыпIэ унафэщIхэмрэ я хэхыныгъэхэм цIыхухэр мы гъэм нэхъ жыджэру, нэжэгужэу хэмытауэ пIэрэ жыуигъэIэу екIуэкIащ. Махуищым тещIыхьауэ щыта Iуэхум и япэ махуэм цIыху 238-рэ 808-м Iэ яIэтагъэххэт, ар республикэм и хэхакIуэхэм я процент 42,11-рэ хъурт. Гу зэрылъыттамкIэ, мы гъэм жыджэращ щIалэгъуалэри. Япэу Iэ яIэтыну Iэмал ягъуэтат зи ныбжьыр мы гъэм илъэс 18 ирикъуа мини 7-м щIигъум. Мы тхыгъэр къыщIедгъэжьам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэращи, нобэрей щIалэгъуалэр утыку къихьэным щымышынэу, я Iуэху еплъыкIэхэр мыукIытэу нэхъ къагъэлъэгъуэф зэрыхъуам гу лъывэдгъэтэнырщ. Абыхэм Iэ яIэт къудейтэкъым, атIэ я гупсысэхэмкIи къыддэгуашэу, ди щIыналъэм, къэралым я зыужьыныгъэм зэреплъыр жаIэу хэхыныгъэхэм хэтащ. ЖытIэр псалъэ дыгъэл мыхъун щхьэкIэ фыщыдгъэгъуэзэнщ ди щIалъэгъуалэм езым я Iуэху еплъыкIэхэми. Настуевэ Алия илъэс 18 хъуащ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щоджэ. Абы жеIэ: «Нобэ япэу хэхыныгъэхэм сыхэтащ. Ар балигъ гъащIэм сыхэзышэ, си хуитыныгъэхэр къэзгъэсэбэпыну сыщихуа пIалъэм и щIэдзапIэу къызолъытэ. Iэ щысIэтым сымыгузэвауи схужыIэнукъым, къэралым и къэкIуэнур зыхуэдэ хъунур нобэ дэ къыхэтххэм елъытауэ зэрыщытынур зыхэсщIэрти». Старэ Шэрэдж щызэхэт «Нартхасэ» ансамблым хэт Егъуэж Данэ жеIэ: «Мы махуэхэм гупым пщIэ зыпылъ къалэн диIащ. Къуажэдэсхэр хэхыпIэхэм едгъэблагъэу, нэхъыжьхэм я Iуэхур ядэтIыгъыу, къафэкIэ къедгъэблагъэу дызэхэтащ. Илъэситху дэкIрэ, си ныбжьыр нэсмэ, мыпхуэдэ хэхыныгъэхэм сыхэтыну Iэмал зэрызгъуэту, си пщэрылъ зэрызгъэзэщIэным сэри сыпоплъэ. Нобэ ди нэхъыжьхэр абыкIэ щапхъэ тхуэхъуащ». Спортсменхэри, я гъэсакIуэхэр я гъусэу, хэхыныгъэхэм хэтащ. ТхэквандомкIэ олимп резервым щыIэхэм я спорт школым и унафэщI Къанкъул Беслъэн жиIащ: «Къэралым дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ мыпхуэдэ Iуэхухэр щекIуэкIкIэ, дэтхэнэри жэуаплыныгъэ хэлъу жылагъуэ гъащIэм хэтын хуейуэ къызолъытэ. Ар зыхэсщIэу си щхьэкIэ хэхыныгъэхэм сыхэтащ». КъБКъУ-м и студентхэм ящыщу IэIэтым хэтахэми къыхагъэщащ цIыхубэм и Iуэху еплъыкIэр къигъэлъэгъуэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр: «Дэтхэнэри дыхуейщ Урысейм и къэкIуэнур дахэу, зиужьу тлъэгъуну. Ди республикэри къэрал псори ефIэкIуэну ди гуапэщ. Жэрдэм щхьэпэхэр щIалэгъуалэми къабгъэдэкIыу, нобэ щIыналъэм игъуэта зэIузэпэщыныгъэр яхъумэу, нэхъыфIыж ящIу декIуэкIыну ди хъуэпсапIэщ. Иджыпсту щIалэгъуалэм зэрызыдужьыным ехьэлIауэ куэдкIэ къэралым зыкъытщIегъакъуэ, апхуэдэу дяпэкIи щытыну, дэри къызэрытщыгугъымкIэ Хэкур къэдмыгъэщIэхъуну догугъэ». Иджы япэу хэхыныгъэхэм кIуа щIалэгъуалэм къыхагъэщ я Хэкум иригушхуэу Iуэхум зэрыхэтар. Курп Ищхъэрэ къуажэм и хэхыпIэ №268-м и япэ IэIэтыр къыщехъулIащ Пятигорск къэрал университетым щIэтIысхьа Къуэжей Виолеттэ. Хъыджэбзым дежкIэ ар махуэ гукъинэжхэм ящыщщ: и гъащIэм щыяпэу бюллетеныр ашыкым иридзащ. ХэхакIуэ ныбжьыщIэм къыхигъэщащ и къэралым и къэкIуэнум фIыкIэ зэрыщыгугъыр, езым абы теухуауэ жэуаплыныгъэ зэрызыхищIэр: «Устуденту япэу Iэ пIэтыныр узыгъэпIейтейщ, ауэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ. КъэкIуэнур зыухуэну щIэблэу нэхъыжьхэр къытщогугъри, нобэ зыхызощIэ псори зэгъусэу зэлэжь Iуэхум сэри хэлъхьэныгъэ гуэр зэрыхуэсщIыр», - жиIащ абы. Хэхыныгъэхэм гушхуэу кIуахэм ящыщщ дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ ветеранхэмрэ. Апхуэдэт Къэщкъэтау къуажэм и хэхыпIэ №332-м Iэ щызыIэта Молай Алий. Абы къыхигъэщащ хэхыныгъэхэм хэтыныр дэтхэнэми и къалэну зэрыщытыр, Iэ пIэтыну Iэмал уиIэныр езыр щIыхь зыпылъу къызэрилъытэр. И лэжьэгъуэ махуэр хэхыпIэм щезыгъэжьахэм ящыщт Жансуев Эльдари. Абы Налшык къалэм и хэхыпIэ №I06-м Iэ щиIэтащ икIи къыхигъэщащ махуэм зэрыпэплъар, абы мыхьэнэшхуэ зэриIэр. ХэхыпIэ №40-м (Налшык къалэм и курыт еджапIэ №9-м къыщызэIуахам) Iэ щиIэтащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыхъужьхэр» Iуэхум хэт Нэзэр Къантемыр и унагъуэми. Дзэ Iуэху хэхам хэт Коваленкэ Роман жиIащ: «Ди къэкIуэнур къыхэтхыну дыкъэкIуащ. Дэ езым дэлъытащ дэнэ дыщыпсэуну дыхуейми, сыт хуэдэу ди гъащIэр хъунуми. Ди къалэм, республикэм, къэралым я зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщIынухэр щыхэтхкIэ, дэ жэуаплыныгъэ тхэлъын хуейщ». Дзэ Iуэху хэхам и ветеран Къущхьэ Андемыркъан Iэ щиIэтащ езыр щеджа курыт школ №25-м. «Ди къэрал лъэрызехьэм папщIэ нобэ Iэ доIэт. Урысейм и Iуэхухэр сыт щыгъуи хуэдэу дыдоIыгъ!» - къыхигъэщащ абы. Хэхыныгъэхэр щекIуэкIа махуэхэм къэунэхуа унагъуэщIэхэми я нэчыхьхэр ирагъэтха къудейуэ IэIэтым кIуахэр щыIащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, Мамбэтхэ Маратрэ Ангелинэрэ Шэджэм къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм къыщызэIуаха хэхыпIэ №307-м я нэчыхьытхыр щекIуэкIащ, абдеж дыдэ занщIэуи IэIэтым хэтащ. Апхуэдэ зы унагъуэщIэ къыщыхъуащ Прохладнэ районым и Прималкинскэ жылэми (хэхыпIэ №227-м). Мыпхуэдэ Iуэхугъуэхэр нэхъыжьхэм гуапэ ящымыхъуу къэнакъым. УнагъуэщIэхэм я дежкIи мы IэIэтым зэрыхэтар зэгъусэу дяпэкIэ ящIыну унафэхэм я щIэдзапIэу къэплъытэ хъунущ. Хэхыныгъэхэм япэу хэтахэу Махуэ Эльдар, Кумыщ Алан, Темирчиев Мухьэмэд сымэ (Дзэлыкъуэ районым и хэхыпIэ №59-м Iэ щаIэтащ) я Хэкум ехъуэхъуащ хэхыныгъэхэм зэрыкъэралу фIы къахудэкIуэну. БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




