Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр нэхъри зыгъэбыда

Мы мазэм и 20-м илъэс 75-рэ ирокъу Абхъаз АССР-м щIыхь зиIэ и артист, Абхъазым, Къэрэшей-Шэрджэсым я цIыхубэ артист, Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэр хъумэным къыпхуэмылъытэн хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа, ноби а Iуэхур зыгъэкIуатэ, зи лэжьыгъэ къэухь инымкIэ лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр зыгъэбыдэ икIи зыгъэщыпкъэ Тание Валерэ Константин и къуэр. 

А къыщыхъуащ I95I гъэм Абхъазым хыхьэ Гудаут районым. ЗэрыцIыкIурэ къафэм хуэпабгъэу щыта щIалэм и творческэ гъуэгуанэр I969 гъэм щIидзауэ жыпIэ хъунущ. Апщыгъуэм ар Абхъазым уэрэдымрэ къафэмкIэ и «Шаратын» къэрал ансамблым балетым и артисту хагъэхьауэ щытащ. ИужькIэ Кавказ щIыбым и Бэракъплъыжьзехьэ ансамблым къэфакIуэ пашэу, гъэсакIуэу ирагъэблэгъащ. Абдеж нэхъри зыщызыужьа Валерэ «Шаратын» ансамблым къигъэзэжри, солисту, къафэхэр зэхигъэувэу I990 гъэ пщIондэ щылэжьащ. Адыгэ, абазэ, абхъаз, нэгъуэщI лъэпкъхэм я къафэжьхэм ятеухуауэ Валерий бгъэдэлъ зэхэщIыкIымрэ зэфIэкIымрэ жыжьэ Iуагъэххэти, ар къафэмкIэ «Эльбрус» къэрал ансамблыр къызэгъэпэщыныр и пщэрылъу I990 гъэм Къэрэшей-Шэрджэсым кърагъэблагъэ. 
Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я къафэхэм куууэ щыгъуазэ зыхуэзыщIа Тание Валерэ ансамблым и концерт программэр лъэщу зэхигъэувэн лъэкIащ. Абы хыхьащ: къэрэшейхэм я «Абезек», абазэхэм «Шаратын», осетинхэм я «Симт», абазэхэм я «Кошара», адыгэхэм я «ЗэхуэкIуэ», «Къафэ», нэгъуейхэм я «Тогерек» къафэхэр, нэгъуэщIхэри. А псори а лIы къызэрымыкIуэм хузэфIэкIащ зы илъэс пIалъэм къриубыдэу. Абы щыхьэт тохъуэ I99I гъэм «Эльбрус»-м Франджым щекIуэкIа IуэрыIуатэ Лъэпкъзэпх фестивалым и дыщэ саугъэтыр къыхуагъэфэщауэ зэрыщытар. А гъэ дыдэм ансамблыр и лауреат хъуауи щытащ Налшык къалэм щекIуэкIа, «Эрирей» Къэрэшей-Балъкъэр фестивалым. I993 гъэм Тание я унафэщIу «Эльбрус» ансамблыр хэтащ Тыркум щекIуэкIа щэнхабзэ декадэми. I997 гъэм «Эльбрус»-р и лауреат хъуащ Испанием щекIуэкIа I7-нэ Лъэпкъзэпх фестивалым. 
Тание кавказ къафэм, щэнхабзэм пыщIауэ иIэ лъэкIыныгъэхэм хамэ къэралхэми щыпсэу адыгэ-абазэхэр щыгъуазэ щыхъуати, I997 гъэм ар Тыркум ирагъэблагъэ къэфакIуэ гупхэр иухуэну, ныбжьыщIэхэм я адэжь щIыналъэм хуаIэ пыщIэныгъэр ямыгъэкIуэду нэхъри захригъэщIэну. ИкIи, Тыркум щыIэ адыгэхэм я дунейм къыхохьэ «Нарт», «Ридадэ» ансамблхэр. Апхуэдэ Iуэхугъуэр хэхэсу псэу ди лъэпкъэгъухэмкIэ, псом хуэмыдэу, ныбжьыщIэхэмкIэ, уасэ зимыIа хэлъхьэныгъэт. Абы адыгэ-абазэр я хабзэм, я гъуазджэм ирипагэу, екIуэлIапIэ яхуэхъуа щIыпIэм лъэрыхьу зыкъалъытэу щыпсэунымкIэ мыхьэнэшхуэ иIащ. АбыкIэ фIыщIэр яйщ Валери ар езыгъэблэгъа, хэхэсу псэу нэхъыжьыфIхэми. А гупхэм езым бгъэдэлъ щIэныгъэмкIэ хьэлэлу ядэгуэша, купщIафIэу ядэлэжьа нэужь, етIуанэ хэку цIыкIу хуэхъуа Къэрэшей-Шэрджэсым 2004 гъэм къигъэзэжащ. ИкIи хореограф лъэрыхьым и гум ириубыда зы хъуэпсапIэ дахэ къыздишауэ щытащ: абы къызэрегъэпэщ зыми емыщхьу гъэпса, «Театр танца Меркурий» зыфIища, ди республикэм къинэмыщIауэ адыгэр щыпсэу дэнэ щIыпIи яхэIуа къэфакIуэ ансамблыр. 
Абы и щхьэусыгъуэри мыращ. Адыгэ-абазэ гъуазджэр езыр къулейуэ, дахэу щыт пэтми, Тание Валерэ Кавказ Ищхъэрэм щыщ лъэпкъыжьхэм я къафэхэр, я щэнхабзэ къызэрымыкIуэр нэхъри зэмыфэгъу, гъэщIэгъуэн ищIын лъэкIащ. Адэжьхэм къащIэна къафэхэр, фащэхэр, макъамэр Валерэ иджырей зэманым и хореографием ирипхын лъэкIащ. «Театр танца» гупым цIыху 90-м щIигъу хыхьэу щытащ. Абыхэм яхэтт балетым и артистхэри, студием зыщызыгъасэ ныбжьыщIэхэри. А ансамблым Тание и унафэщIу щытыху, Тыркумрэ Урысеймрэ я щIыпIэ, къалэ зэхуэмыдэхэм ди гъуазджэ гъэщIэгъуэныр театр пкъыгъуэхэр хэлъу, зэкIужу куэдрэ къыщагъэлъэгъуащ. 
2007 гъэм гупым «къэрал» фIэщыгъэри къыхуагъэфэщащ икIи абы Къэрэшей-Шэрджэсым и филармонием лэжьэн щыщIидзащ. ЖыIапхъэщи, гупыр хагъэхьауэ щытащ Москва къалэм Iэтауэ щрагъэкIуэкIа дауэдапщэ иным — КъШР-р Урысейм зэрыхыхьэрэ илъэс 450-рэ зэрырикъуам. 
Тание Валерэ ди лъэпкъ къафэхэм, гъуазджэм, щэнхабзэм хуиIэ лъагъуныгъэ абрагъуэмрэ къызэгъэпэщакIуэ нэсу зэрыщытымрэ я фIыщIэкIэ, 2009 гъэм абы Адыгэ-Хьэблэ «Ридадэ» сабий къэфакIуэ ансамблри къызэрегъэпэщ. Абы мы IуэхугъуэфIымкIэ мылъкукIэ щIэгъэкъуэн къыхуохъу «Сатурн» фирмэр. ИкIи къафэжьхэм зыхуагъэсэну зи ныбжьыр илъэси 5-м щыщIэдзауэ илъэс I4-м пщIондэ ит сабий 70-м щIигъу къокIуалIэ. 
«Ридадэ» гупыр зэуэ нэгъуэщI сабий къэфакIуэ ансамблхэм къахэлыдыкIащ жытIэмэ дыщыуэнукъым. Абыхэм я къэфэкIэ-зыIыгъыкIэм, «Театр танца» гупым хуэдэуи, зэуэ щхьэхуэныгъэхэр ядэплъагъурт: ахэр утыкум щитым деж лантIэт, щабэрыкIуэт, жэрт, зэкIужу гъэпсахэт. А псори Тание Валерэ зэрадэлажьэм, ахэр зэригъасэм и «хъэтIт». 
Иужьым Валерэ фIыуэ илъагъу Абхъазым егъэзэж. ИкIи 202I гъэм ар Абхъазым лъэпкъ уэрэдымрэ къафэмрэкIэ и къэрал, щIыхь зиIэ ансамблым и художественнэ унафэщI ящIауэ щытащ. Аращи, Тание къызыхэкIа лъэпкъым и щэнхабзэм телажьэу, щIалэгъуалэр, ныбжьыщIэхэр къафэм и гъуазджэм я псэр дригъэхьэхыу ноби и Хэку дахащэм щопсэу. 
Тание Валерэ Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ адыгэ-абазэхэм, нэгъуэщI лъэпкъхэм я къафэхэм, я щэнхабзэм хуищIа хэлъхьэныгъэр къэпщытэгъуейщ, уасэншэщ. Валерий хуэдэ цIыхухэм къалэн хэха яIэу Тхьэшхуэм дунейм къытригъэхьэу къыщIэкIынщ. АтIэ, езым хэлъ зэчий гъэщIэгъуэнымкIэ сабийхэм, ныбжьыщIэхэм ядэгуэшэн лъэкIащ. Ар и цIыхугъэми, нэхугъэм хуэпабгъэу зэрыщытми я нэщэнэщ, шэч хэмылъу... 

ЧЫРБЫЖ Иринэ.
Поделиться:

Читать также: