Iуащхьэ хужьыр нэхъ лъагэщЭверест (Джомолунгмэ) нэхъ бгы лъагэ дуней псом темыту жиIэнущ хэт уемыупщIми. Курыт еджапIэм къыщIэтха щIэныгъэмкIэ аращ и пэжыпIэри. Ауэ куэдым ящIэркъым километри 10-м щIигъу зи лъагагъ бгы абрагъуэ Гавай хытыгухэм зэрыщыIэр. Мауна-Кеа (Iуащхьэ хужь) жыхуиIэ лъагапIэм щыщу метр 4205-рэщ щIым тетыр, адрейр хы лъабжьэм щIэлъщ. Аращ ар щIы щхьэфэм тет Iуащхьэ лъагэхэр къыщалъытэкIэ щIыхамыбжэр. Гу лъытапхъэщи, Iуащхьэ хужьыр къэбэкъауэщ (вулканщ). ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, абы и ныбжьыр илъэс мелуаным щIегъу, и гуащIэгъуэ дыдэу къыщикIари илъэс мин бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжмэщ. ЩIы лъабжьэм къыщIивырывыкIыурэ къыдэкIуей лавэ къэкъуалъэр дийт, ар псым зэрыхэтым къыхэкIыу, икIи нэхъ Iув хъуауэ къикIырти, псым хэмылъадэ щIыкIэ, Iуащхьэм и джабэхэм тежыхыжьырт. Аращ Мауна-Кеа и джабэхэр задэу щIыщытыр. Гавайхэм я IуэрыIуатэм къызэрыхэщыжымкIэ, Iуащхьэ хужьымрэ абы и Iэхэлъахэм ит лъагапIэхэмрэ тхьэ тIысыпIэщ, абы къыхэкIыуи Мауна-Кеа дэкIуеину хуитыр хытIыгум щыпсэухэм я тхьэмадэхэрт. Iуащхьэм, метр 3975-м деж хуэзэу, щыIэщ Ваиау жыхуаIэ гуэл телъыджэр. Пасэрей гавайхэр Iуащхьэ хужьым и джабэм тест, абы щыкI мэз Iувхэм щыщакIуэу, щыщыпэу. ХытIыгум европейхэр 18-нэ лIэщIыгъуэм есылIа нэужьщ, гавайхэм «щIышхуэм» къраша жэмхэр, мэлхэр, шыхэр къыщацIыхуари ахэр зэрахуэн щыщIадзари. Абы хытIыгутесхэм я Iуэхур нэхъыфI ищIын хуеями, Iуащхьэм и щIыуэпсыр зэтрикъутащ. Уеблэмэ экологие и лъэныкъуэкIэ Iуащхьэ хужьым и Iуэхур апхуэдизкIэ щIагъуэкъыми, ЩIы, щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмкIэ Гавайхэм я Департаментым унафэ ищIащ 18-нэ лIэщIыгъуэм къыщыщIэдзауэ хытIыгум къраша псэущхьэхэри къэкIыгъэхэри икIэщIыпIэкIэ ягъэкIуэдыжыну. Мауна-Кеа щIыгъуу хытIыгум тет адрей IуащхьиплIри къэбэкъауэщ, лъагагъкIэ къазэрыкIэрыхуи щыIэкъым. Абы къыхэкIыу, дуней псом и обсерваторие нэхъ лъэщ дыдэхэм языр тращIыхащ Iуащхьэ хужьым и щыгум. 1964 гъэм, Iуащхьэм гъуэгу тралъхьа нэужь, абы трагъэуващ къэрал 11-м я телескоп 13. Ар, дауи, гавайхэм ядэркъым, Iуащхьэр тхьэ тIысыпIэу иджыри къэс я фIэщ мэхъури. Арами, щIэныгъэр япэ ирагъэщащ унафэщIхэм. Къаныкъуэ Анфисэ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




