ЩIымахуэм хуагъэхьэзыр

Бахъсэн щIыналъэм щIымахуэ гъэплъыгъуэм зыщыхуагъэхьэзыру социальнэ мыхьэнэ зиIэ и IуэхущIапIэхэр къызэрагъэхуабэ хьэкухэмрэ абыхэм екIуалIэ, псы хуабэ зэрыкIуэ бжьамийхэмрэ къагъэщIэрэщIэж икIи а лэжьыгъэхэм псори зэхэту сом мелуани 7,8-рэ хухахащ.

 Къыхэдгъэщынщи, Бахъсэненок къуажэм хьэкущIэхэр щагъэув, псы хуабэ зэрыкIуэ бжьамийхэри ирашалIэ щIыпIэ администрацэм, спортзалым, курыт еджапIэ №I-м, сабий садым.

  ХьэтIохъущыкъуей къуажэми и администрацэм хьэкущIэ щIагъэувэ, псы хуабэ зэрыкIуэ бжьамийхэри щызэрахъуэкI. Апхуэдэуи, Куба, Къулъкъужын Ищхъэрэ, ПсыкIэху жылэхэм курыт еджапIэхэм япыщIа я сабий садхэмрэ къызэрагъэхуэбэну апхуэдэ IэмэпсымэщIэхэр щагъэув. Абыхэм къадэкIуэу, Зеикъуэ, Ислъэмей, Куба къуажэхэм я школхэм щыIэ котельнэхэр щрагъэфIакIуэ.

  ЗЭКIУРЕЙ Ислъам.

 

 

 

 

 

Поделиться:

Читать также: