Нащэр траIуантIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым хадэхэкIыр еужьэрэкIыу щызэщIакъуэж икIи абыхэм йолэжь. Къапщтэмэ, дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ республикэм и консерв заводхэм нащэфIэIуу консерв банкI мелуан 41,8-рэ траIуэнтIащ. Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм яхузэфIэкIам нэхърэ проценти 10-кIэ нэхъыбэщ ар.

  Республикэм нащэм щелэжь консерв заводхэр плIы мэхъу мы гъэм икIи абыхэм траIуантIэр езыхэм къагъэкIыжа хадэхэкIхэрщ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, консерв продукцэм и фIагъыр зыхуэдэнум нэсу кIэлъыплъа мэхъу: нащэр щыхащIам къыщыщIэдзауэ банкIым иралъхьэу траIуэнтIэжыху, щыжаIащ КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм.

 КъищынамыщIауэ, губгъуэм къыщагъэкI нащэм гектар мини 2,5-рэ республикэм щыхухах илъэс къэс.

 Апхуэдэуи щIыналъэм бэдрэжаныр жыджэру мы махуэхэм щызэщIакъуэж икIи траIуантIэ.

   БЭЛЭТОКЪУЭ Замир.

 

 

 

Поделиться:

Читать также: