ЗэIузэпэщыныгъэ лэжьыгъэхэм пащэТэрч къалэм и Линейнэ уэрамым тет «КъухьэпIэ» жыг хадэ цIыкIур къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ мы гъэм. Къалэдэсхэмрэ хьэщIэхэмрэ куэду щызэхуэс, псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ 5600-рэ зыIыгъ а шIыпIэм архитектурэ теплъэ дахэ иратащ. ЖыпIэнурамэ, лъэс лъагъуэщIэхэр абы щыпхашащ, иджырей уэздыгъэхэр щыпадзащ, тетIысхьэпIэхэмрэ кIэрыхубжьэрыху идзыпIэхэмрэ щагъэуващ, жыгыщIэхэмрэ мэз жыг цIыкIухэмрэ щыхасащ. А псом къадэкIуэу, «Бизнес-спринт «Спортыр сэ къыхызох» къэрал проектым ипкъ иткIэ спорт утыку «губзыгъэ» къыщызэIуахащ, спорт техникэхэмрэ оборудованэхэмрэ щагъэуващ, сабийхэм джэгупIэ зэпэщ щыхуащIащ. Лэжьыгъэр хуэунэтIащ къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным, я тыншыпIэмрэ шынагъуэншагъэмрэ къызэгъэпэщыным, щыжаIащ щIыпIэ администрацэм. КъищынэмыщIауэ, «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм икъ иткIэ Прохладнэ къалэм дэт щIалэгъуалэм я центрыр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж мы махуэхэм. НобэкIэ лэжьакIуэхэм унащхьэр, щхьэгъубжэхэр, псы хуабэ зэрыкIуэ бжьамийхэр зэрахъуэкIащ, иджыпсту пэшхэр къращIыкI. Мы гъэм икIэм ирихьэлIэу центрым и бжэр сабийхэм къахузэIуихыжынущ, къалэдэс ныбжьыщIэхэм щхьэкIэ егъэджэныгъэ, щэнхабзэ, хуэкупсэ, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэри щебгъэкIу хъун хуэдэу. Апхуэдэ лэжьыгъэхэри щрагъэкIуэкI Iуащхьэмахуэ щIыналъэм и Бахъсэн Ипщэ къуажэм и курыт еджапIэми. ЕджакIуэу 120-м хуэщIа школыр щаухуауэ щытар 1930 гъэрщ икIи абы лъандэрэ япэу къагъэщIэрэщэжу аращ. Мыбдежым лэжьакIуэхэм еджапIэм и пкъыгъуэжьхэр нобэкIэ къыпкърахащ. Иджыпсту унащхьэр, инженер коммуникацэхэр зэрахъуэкI, лъэгухэр захуэ ящIыж. Абыхэм къадэкIуэу, унэ IуплъапIэр зыхуей хуагъэзэнущ, бжэ-щхьэгъубжэхэр, псы къабзэ, хуабэ, къагъэсэбэпар зэрыIуаш бжьамийхэр зэрахъуэкIынущ, пэшхэр къращIыкIынущ, пщэфIапIэр иджырей мардэм хуагъэкIуэнущ. Лэжьыгъэхэр школым щрагъэкIуэкI «КъБР-м и школ егъэджэныгъэ IэнатIэр егъэфIэкIуэн» щIыналъэ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ икIи ахэр зэфIагъэкIынущ дызэрыт илъэсым икIэхэм ирихьэлIэу. Апхуэдэуи республикэм и къалэхэмрэ жылэхэмрэ псы къабзэкIэ къызэгъэпэщыным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр ягъэувыIэркъым. ЖыпIэнурамэ, «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «Коммунальнэ инфраструктурэр егъэфIэкIуэн» къэрал проектым ипкъ иткIэ Прохладнэ къалэм къыщагъэщIэрэщIэж километри 4-м щIигъу зи кIыхьагъ, псы къабзэ зэрыкIуэ и бжьамийхэр. Иджыпсту лэжьакIуэхэм бжьамийхэр зыпагъавэ, ахэр зыдалъхьэну щIыр датIыкI. Лэжьыгъэхэр зэфIэкIа нэужь къалэдэсхэм псы къабзэр зэпымыууэ къаIэрыхьэнущ. Республикэм цIыхухэр куэду щызэхуэс и щIыпIэхэр зэIузэпэщ щIыным мыхьэнэшхуэ щрат. Псалъэм къыдэкIуэу, Налшык къалэм 2-нэ Таман дивизэм и цIэр зезыхьэ уэрамым хуэзэ ТекIуэныгъэм и паркыр зыхуей хуагъазэ. Лэжьыгъэхэр мы щIыпIэм щрагъэкIуэкI «Къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ. Иджыпсту лэжьакIуэхэм лъэс лъагъуэхэр зэтес ящI, плиткэхэр иралъхьэ, ток кIапсэхэр яукъуэдий, пкъохэр ягъэув, щIыгулъ кърашалIэ. Къыхэдгъэщынщи, лэжьыгъэм и япэ Iыхьэм хиубыдэу метр зэбгъузэнатIэу мин 12-м щIигъум тротуар плиткэхэр иралъхьащ, аллее нэхъыщхьэр, курытыр, къабгъурытыр къыхагъэщхьэхукIащ. ЛIыхъужьхэм я аллеи хуащIащ. Гъуэгу лэжьыгъэхэм хиубыдэу Налшык къалэм и Балкарская уэрамри къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж мы махуэхэм. Гъуэгум и лъабжьэр ягъэбыдауэ лэжьакIуэхэм асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ тралъхьэ иджыпсту. Абы къыдэкIуэу, лъэс лъагъуэхэр зыхуей хуагъазэ, мывэхэмкIэ кърагъэбыдэкI. ИужькIэ, гъуэгу зэхыхьэпIэ-зэхэкIыпIэхэр, унэ бжэIупэхэр зэIузэпэщ ящIынущ, щыжаIащ къалэ администрацэм. БОРИЙ Ратмир.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




