Япэ игъэщыпхъэ лэжьыгъэхэр

«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым жыджэру щагъэзащIэ. Республикэм и автомобиль гъуэгухэмрэ уэрамхэмрэ зэгъэпэщыжыным ехьэлIауэ зэлэжьыну щIыпIэхэр щаубзыхукIэ псом япэ ирагъэщыр зэIузэпэщ ирагъэщIыну цIыхухэр нэхъыбэу зыщIэлъэIуа щIыпIэхэрщ. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм и фIыгъэкIэ социальнэ мыхьэнэ зиIэ ухуэныгъэхэр программэм хэгъэхьа мэхъу, щыжаIащ КъБР-м Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм.

Псалъэм къыдэкIуэу, Тэрч районым и Хьэмидей къуажэм и автомобиль гъуэгур къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ мы гъэм. Лэжьыгъэхэм къызэщIрагъэубыдащ Бориймрэ Къудеймрэ я цIэкIэ щыIэ уэрамхэр. Псори зэхэту километри 5-м нэблагъэ я кIыхьагъщ абыхэм. Мыбдежым лэжьакIуэхэм гъуэгу лъабжьэхэр щагъэбыдащ, асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ щытралъхьэжащ, иджырей уэздыгъэхэр щыпадзащ, лъэс лъагъуэхэри зыхуей щыхуагъэзащ. Гъуэгум щызекIуэхэм я шынагъуэншагъэр къызэрагъэпэщу гъуэгу дамыгъэхэмрэ къэухьхэмрэ щагъэуващ, зэхыхьэпIэ-зэхэкIыпIэхэр къыщыхагъэщхьэхукIащ.

Куэд щIакъым Дзэлыкъуэ районым Малкэ - Ингушли автомобиль гъуэгум хыхьэу Чыщбалъкъ къуажэм Чкаловым и цIэкIэ щыIэ, километри 3,9-рэ зи кIыхьагъ и уэрамым апхуэдэ Iуэхугъуэхэри зэрыщрагъэкIуэкIрэ икIи щыIэ мардэм ар зэрыхуагъакIуэрэ. Зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэм хиубыдэу псы жапIэхэр щыхуащIащ, лъэс лъагъуэхэмрэ гъуэгу зэпхрыкIыпIэхэмрэ зэIузэпэщ щащIащ. Апхуэдэуи автобус къэувыIэпIэхэр къагъэщIэрэщIэжащ, курыт еджапIэм къедза щIыпIэр зыхуей хуагъэзащ.

«ЦIыхухэм я лъэIухэр къэлъытауэ гъуэгу программэхэр щызэхэдгъэувэм деж Iэмал диIэщ ипэжыпIэкIэ япэ игъэщын хуей щIыпIэхэм япэу дапэрыхьэну, шынагъуэншагъэмрэ тыншыпIэмрэ абыхэм къыщызэдгъэпэщыну», - жиIащ КъБР-м и «Управдор»-м и инженер нэхъыщхьэ Масей Назир.

МЭРШЭН Батыр.
Поделиться:

Читать также: