Трактору 91-рэ

2020 - 2025 гъэхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм къащэхуащ комбайнрэ трактору 750-м нэблагъэ, къитхъ, жыласэ, пхъэIэщэ сыт хуэдэу зы миным щIигъу.

Мы гъэми мэкъумэш паркым и техникэ бжыгъэм къыхагъэхъуэн лэжьыгъэр ягъэувыIакъым: илъэсым зэрыщIидзэрэ трактору 91-рэ, гуэдз зэрыIуахыж комбайну 2 къащэхуащ, нэгъуэщI адрей техникэхэм нэмыщI.

Иджырей мэкъумэш техникэщIэхэм мэкъумэшыщIэхэм Iэмал къарет губгъуэ лэжьыгъэр зэхуагъэувыжа пIалъэхэм нэхърэ нэхъ псынщIэу зэфIагъэкIыну, абы трагъэкIуадэ къарур, зэманыр, гъэсыныпхъэр, н.къ. ягъэмэщIэну, щыжаIащ КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм.

СЫЖАЖЭ Аскэр.
Поделиться:

Читать также: