ПщIантIэхэр зэIузэпэщ ящI

«Къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ 2019 гъэм щегъэжьауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым фэтэр куэду зэхэт и унэу 549-м я пщIантIэхэр зэIузэпэщ ящIащ.

Лэжьыгъэ ирагъэкIуэкIахэм хиубыдэу асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ абыхэм щралъхьащ, унэ бжэIупэхэр къагъэщIэрэщIэжащ. Псом хуэмыдэу гулъытэ хэха хуащIащ цIыхухэм я тыншыпIэмрэ шынагъуэншагъэмрэ къызэгъэпэщыным: щыIахэм къадыщIыгъуу уэздыгъэхэр щыпадзащ, зыхуэныкъуэ щIыпIэхэм пкъохэр, тетIысхьэпIэхэр, кIэрыхубжьэрыху идзыпIэхэр щагъэуващ.

Апхуэдэ лэжьыгъэхэм я фIыгъэкIэ пщIантIэхэм теплъэ дахэхэр ягъуэтащ, цIыхухэри абыхэм щызекIуэну нэхъ тынш хъуащ, щыжаIащ къалэ администрацэм.

«ПсэукIэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэр «ПсэупIэмрэ къалэ щыIэкIэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэу щытащ. 2025 гъэм къыщыщIэдзауэ абы къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэр ягъэзащIэ «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хэту.

ЗЭКIУРЕЙ Ислъам.
Поделиться:

Читать также: