«Дыгъужьыкъуей» хьэщIэщырАушыджэр (Дыгъужьыкъуей) къуажэм щаухуащ адыгэ хьэщIэщ екIу. Лъапсэм ит унэр пасэрейм хэлъа хабзэм тещIыхьауэ къызэгъэпэщащ. Адыгэ жьэгур, абы щыфIэдза лъахъшыр, ятIэ лъэгур, ятIагъуэкIэ яйуэ сэху хужь зытракIэжа блынхэр, адыгэ шхыныгъуэхэр зытет Iэнэ лъакъуищхэр, тетIысхьэпIэхэм телъ мэлыфэ щабэхэр, бзылъхугъэ, цIыхухъу фащэхэр – мыхэр псори адыгэ дунейм, ди тхыдэм, дадэжьхэм уезыгъэгупсысщ. ЩIыбым ущыIуощIэ пхъэ къутапIэ, чы унэхэр, шы Iэпслъэпс фIэдзапIэ… Къызэхуэсащ къуажэм и нэхъыжьхэр, адыгэ фащэкIэ хуэпа щIалэхэр, пщэфIапIэмкIэ я макъ къыщIоIукI щхьэлъащIэхэм, адыгэ уэрэдыжьхэр, макъамэ щабэр хьэуам хозэрыхь… Адыгэ гъащIэм ухэтщ, блэкIар уи гупэ къиту! Адыгэ унэм и бжэр зэIуахащ хьэщIэщым и хабзэ дахэхэм тещIыхьауэ. Къызэхуэса къуажэдэсхэмрэ хьэщIэхэмрэ теплъэгъуэу ирагъэлъэгъуащ адыгэм къыдекIуэкIыу щыта зы хабзэжь: Ингуш Республикэм къикIа щIалэхэр хьэщIэщым къеблэгъащ, бысымым къану иратыну щIалэ цIыкIур ящIыгъуу. Ахэр пщIантIэм къыдашэ, асыхьэту къаузэда Iэнэ лъакъуищым пэрагъэтIысхьэри, бысымым и гъунэгъуу псэу ныбжьэгъу щIалэхэм къоджэ. Къаныр иджы къуэш хуэхъуахэм бгъэдашэри ирагъэцIыху, гъуэгу зэпызычахэмрэ къыздекIуэлIахэмрэ зэщIоупщIэ - псори ирагъэкIуэкI пасэрейм яIа псэукIэм, хабзэхэм, хьэщIэ къегъэблэгъэкIэм, зыIыгъыкIэм укIэлъагъэхъуэпсэжу. Къеблэгъахэм захуигъэзащ бысымым - хьэщIэщыр зыухуа Слъон Алим. - Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэм и бжэр хузэIухащ хьэщIэм. Адыгэ бысымым деж хьэщIэр зыхуей щыхуэзэрт, хъума щыхъурт, гулъытэрэ пщIэрэ щигъуэтырт. Нобэ зи бжэр зэIутха хьэщIэщыр къыщIызэдгъэпэщами и щхьэусыгъуэщ ди дадэжьхэм яхэлъа хабзэ-нэмысым фIыкIэлъыдгъэплъыжыну, блэкIам, щыIа псэукIэм хэлъа хъугъуэфIыгъуэхэм федгъэгупсысыну. Нобэ ди хьэщIэщым и бжэр зэIутхащи, дапщэщи фыкъеблагъэ, фыдигуапэщ! – жиIащ абы. «Астра-Сфера» щIэныгъэ-къэхутакIуэ медицинэ институтым гъэсэныгъэмрэ щIалэгъуалэ политикэмкIэ и унафэщI Къэбарт Астемырт Iуэхур езыгъэкIуэкIари, абы я цIэ къриIуащ лъапсэр ухуэныр гукъэкI зыщIахэм, дэIэпыкъуэгъу хъуахэм. Абыхэм ящыщщ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, «Астра-Сфера» институтым щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ и проректор Умэт Мурат. Къуажэ администрацэм, хьэрычэтыщIэхэм, артистхэм, щIалэхэм я ныбжьэгъухэм я гуащIэрэ гулъытэрэ зэрыхэлъри жиIащ. «ФыщIэшхуэ яхудощI Iуэхур ублэнымкIэ щIэгъэкъуэн къытхуэхъуа Къанокъуэ Арсен - КъБР-м и лIыкIуэу ФедерацэмкIэ Советым хэтым, «Астра - Сфера» щIэныгъэ-къэхутакIуэ медицинэ институтым и ректор Щоджэн Эдуард сымэ», - къыхигъэщащ абы. Слъон лъэпкъым я нэхъыжь Валерэ жиIащ мы Iуэхум лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр. ИкIи чэнджэщкIэ, гулъытэкIэ, мылъкукIэ Алим къыдэIэпыкъуахэм фIыщIэ яхуищIащ. УФ-м щIыхь зиIэ и дохутыр, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, «Астра-Сфера» институтым хирургиемкIэ и кафедрэм и унафэщI Щоджэн Ахьмэд жиIащ адыгэ хьэщIэщыр дяпэкIэ зэхуэсыпIэ дахэу зэрыщытынур, гъунэгъу республикэхэм, къалэшхуэхэм къикI зыплъыхьакIуэхэм ди щIыналъэм къыщIытрагъэзэжын щхьэусыгъуэхэм яз ар зэрыхъунур. Умэт Мурат жиIащ КъБКъУ-м, «Астра-Сфера» институтым, «Призвание» еджапIэм къабгъэдэкIыу зэхыхьэм къызэрыщыпсалъэр, Слъон Алим щIыгъуу адыгэ унэр ухуэным зэрелэжьам зэрыригушхуэр. «Астра-Сфера» медицинэ институтым и ректор Щоджэн Эдуард къыбгъэдэкIыуи унэр зыухуахэм, аушыджэрдэсхэм ехъуэхъуащ, къекIуэлIахэм фIыщIэ яхуищIащ. - Сыту гухэхъуэ ди нэхъыжьхэм махуэ къэс я IуэхущIафэу щытам, щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэу зэрахьам улъэIэсыну! Мис апхуэдэ Iэмал дызэриIэм нэхъри лъапIэ ещI нобэрей махуэр. Нобэ адыгэ унэм екIуэлIа дэтхэнэми гурэ псэкIэ зыхищIауэ къыщIэкIынущ уадыгэным гупсэхугъуэу хэлъыр. ХьэщIэщым щекIуэкI хабзэхэм ух имыIэу утепсэлъыхьыфынущ. Нобэ дэ мы унэм и жьэгу дыкъыдыхьауэ аращи, дяпэкIэ ар хуабэу щытыну, мы лъапсэм IуэхуфI куэд щекIуэкIыну ди гуапэщ! – жиIащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Хьэмырзэ Ахьмэд. КъБР-м и цIыхубэ артист Лосэн Тимур жиIащ Слъон Алимрэ Умэт Муратрэ зэдалэжьа Iуэху дахэм фIыгъуэ куэд зэрыхэлъыр, ар щIалэгъуалэми щапхъэ зэрахуэхъур. Нобэ дэри ди гум хъуапсэ къыщыушащ, дыхуейщ ди къуажэхэм мыпхуэдэ унэ дэтыну! Адыгэ къуажэ къэс – адыгэ лъапсэжь! - жиIащ Тимур. АдэкIэ хьэщIэхэр ирагъэблэгъащ адыгэ шхыныгъуэхэмкIэ къаузэда Iэнэм. Алим и анэ Светэ и IэщIагъэкIэ пщафIэщ, абы шхыныгъуэхэм я пщэфIыкIэм я гугъу къытхуищIащ. Светэ тепсэлъыхьащ бын гъэсэныгъэм хэлъ щэхуми, абы теухуауэ езыр зыхуекIуа Iэмалхэми. Сыту жыпIэмэ, лъэпкъ гупсысэ иIэу, Iуэхушхуэхэм зрипщыту, адыгагъэ хэлъу, ныбжьэгъугъэр игъэпэжу щIалэ бгъэсэныр тыншкъым. Светэ зэрыжиIамкIэ щIалэм лъэпкъ гупсысэм хуищIа лъагъуныгъэр къыщежьар и адэшхуэм дежщ. Алим и адэшхуэм щIыгъуну, и хъыбархэм щIэдэIуну, къригъэлъагъур ищIэжыну, упщIэхэр иритыну, зызригъасэхэмкIэ зыхуигъэщIэгъуэну фIэфIт. Слъон Алим тепсэлъыхьащ лъапсэр ухуэным зэрытегушхуам, абы папщIэ нэхъыжьхэм зэречэнджэщам, адыгэ IэпщIэлъапщIагъэм зэрызыхуигъэсам, къыкъуэувахэм и къарур и фIэщ зэращIыжам, мурад дахэхэр зэриIэм. - ХьэщIэщт си хъуапсапIэри, зы пасэрей адыгэ лъапсэ сщIащ. Иджы схузэфIэкIмэ, зы адыгэ къуажэ сыухуэныр си хъуапсапIэщ, - жиIащ Алим. Макъамэ, къафэ, уэршэр – зэхэпх, плъагъу псори мы лъапсэм щышIэщыгъуэт. ДяпэкIэ хьэщIэщым Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэр зэрыщрагъэкIуэкIынур, къуажэдэс щIалэгъуалэр гъэгушхуэным тещIыхьа зэIущIэхэр къызэрыщызэрагъэпэщынур, адыгэ зэхуэсыпIэ зэращIынур жаIащи, я мурадхэр къехъулIэну. ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




