ИИ-дэIэпыкъуэгъухэр яIэнущ

Гъубж кIуам Налшык къыщызэIуахащ бжыгъэхэр зи лъабжьэ медицинэм теухуа зэхыхьэ ин. Абы къыщызэхуэсащ къэралым и щIыналъэ 70-м къикIа цIыху 600-м щIигъу.

ЗэIущIэр къызэрагъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэмрэ «РТ МИС» ООО-мрэ, УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэр я дэIэпыкъуэгъуу. Махуищым къриубыдэу екIуэкIыну Iуэхум лъабжьэ хуэхъуар медицинэ IэнатIэм бжыгъэ зыужьыныгъэм теухуауэ зэрызихъуэжырщ, акъыл IэрыщIым и Iэмалхэр абы хэпща зэрыхъурщ.

Зэхыхьэшхуэр къыщызэIуахым хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, Урысей Федерацэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и министрым и къуэдзэ Ваньков Вадим.

ИТ-зэхыхьэр къыщызэIуихым КъБР-м и Iэтащхьэм къыхигъэщхьэхукIащ медицинэ IэнатIэр бжыгъэр зи лъабжьэ лэжьэкIэм хуэгъэкIуэным щIыналъэм гулъытэ зэрыщыхуащIыр.

«Къэбэрдей-Балъкъэрым узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм бжыгъэр зи лъабжьэ зэхъуэкIыныгъэр хэлъхьэныр япэ игъэщыпхъэ Iуэху нэхъыщхьэхэм ящыщу къызолъытэ сэ. Иджырей Iэмэпсымэхэмрэ Iэмалхэмрэ хуэм-хуэмурэ  хыдогъэхьэ мы лэжьыгъэм, Iуэху зехьэкIэхэр идогъэфIакIуэ, медицинэ дэIэпыкъуныгъэр, Iуэхутхьэбзэхэр цIыхухэм нэхъ тыншу ягъуэтыным тетщIыхьу. Нобэ зэхыхьэр ди щIыналъэм зэрыщекIуэкIыр ди гуапэщ, апхуэдэуи медицинэм щыдиIэ ехъулIэныгъэхэр ди лэжьэгъухэм едгъэлъагъуну дыхьэзырщ», - жиIащ КIуэкIуэм.

Республикэм и Iэтащхьэм дыщIигъуащ зэIущIэм къыщаIэтыну Iуэхугъуэхэр медицинэм нэхъри зэрызригъэужьынум, иджырей Iэмалхэр IэнатIэм къыщыгъэсэбэпыным самаджэми дохутырми я сэбэп къызэрыхэкIынум шэч къызэрытримыхьэр.

- Апхуэдэ ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрыбгъэхьэныр хуабжьу гугъу хъунут унафэщIхэр къыбдэмыIэпыкъумэ, - жиIащ Ваньков Вадим. ФIыщIэ ин хуэсщIыну сыхуейщ Казбек Валерий и къуэм УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэми сэри къыдбгъэдэкIыу. ЩIыналъэм и Iэтащхьэр гурэ псэкIэ Iуэхум щыпэрытым деж ар зыхомыщIэнкIэ Iэмал иIэкъым. Къэбэрдей-Балъкъэрым сыкъыщыкIуам деж солъагъу иужьрей илъэсхэм медицинэ IэнатIэр хуабжьу къызэрагъэщIэращIэр, абы цIыхухэр арэзы зэрищIыр», - жиIащ Ваньковым.

Зэхыхьэр къызэIуаха нэужь, абы хэта IэщIагъэлIхэр гуп-гупу гуэшауэ лэжьащ.

Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, IT-медицинэмкIэ IэщIагъэлIхэр щызэхуэса зэIущIэм щызэпкърахащ бжыгъэхэр зи лъабжьэ иджырей медицинэ дэIэпыкъуэгъухэм (цифровые ассистенты) республикэм и сымаджэщхэм я лэжьыгъэм хуабжьу зэрызрагъэхъуэжынур. Абыхэм дохутырхэм тхылъымпIэ лэжьыгъэр зэрыщхьэщахынум нэмыщI, видеокIэлъыплъыныгъэхэм я фIыгъэкIэ, чэзухэр зыхуей хуэзэу зэблагъэкIынущ.

«РТ МИС» компанием проектхэмкIэ и генеральнэ унафэщIым и къуэдзэ Лебедев Павел къызэрыхигъэщамкIэ, иджыпсту ИИ-дэIэпыкъуэгъухэм зегъэужьыным трагъащIэ. Абыхэм я къалэн нэхъыщхьэр электронэ медицинэ картэхэр зэпэщ щIынырщ, дэфтэр Iуэхухэр зегъэкIуэнырщ. А бгъэдыхьэкIэщIэм тхылъымпIэм къызэрыкIэлъакIухьыр игъэмэщIэущ, сымаджэмрэ дохутырымрэ нэхъ псынщIэу зэхуэзэу, зэпсэлъэну зэман къахудигъэхуэнущ.  Поликлиникэхэм щIэтыну камерэхэм къыщIыхьэ цIыхухэм я бжыгъэр акъыл IэрыщIкIэ къыщалъытэ, сымаджэхэм я зэблэкIыгъуэр езыр-езыру яубзыху.

ШэрIужь Даянэ.

 

 

 

Поделиться:

Читать также: