Фэ фщIэрэ?

Урымхэм я япэ мазэу щыта мартым укъыдэбжэмэ, сентябрыр ебланэ мазэщ. «Септембе» псалъэм латиныбзэкIэ «блы» бжыгъэцIэр къикIыу аращ.

Адыгэхэм а мазэм ехьэлIауэ фIэщыгъэцIэ зыбжанэ къагъэсэбэп: Iуэгъуэ (время молотьбы колосовых), бжьыхьэпэмазэ (начальный месяц осени), гъубжэдэх (название праздника в честь окончания уборки проса).

Адыгэхэм бжьыхьэм и къихьэныр Вагъуэбэм елъытауэ ябжырт. Япэ бжьыхьэ мазэр иджырей сентябрыр арат, абы и 22-м къихьэу. Бжьыхьэпэ мазэр къихьамэ, гуахъуэ хэх укIуэ хъунущ, жаIэу щытащ. Ар цIыхухэм фIыуэ ягъэунэхуа Iуэхут. Бжьыхьэр къихьамэ, жыгхэм я хэхъуэныр щагъэт, пхъэ кумылыр мэж, пхъэ хъунур ягъэхьэзыр. Мы мазэм щхьэкIэ «Си хьэр цIыху хъуащэрэт» - щыжаIэ зэманщ», - жаIэрт адыгэхэм. ЦIыхукIэ хуэмыщIа унагъуэхэм мэшых щIыхьэху ящIырт. Гъавэ бэв къайхъулIарэ яхузэщIэмыкъуэжмэ, ярикъуным хуэдиз яIуэрти, адрей къэнар щэджу зэтралъхьэрт. ЩIымахуэ щIэкIауэ щэдж уиIэныр фIыуэ, унагъуэ хуэщIам и нэщэнэу ябжырт. Абы къыхэкIыу, зыгуэрым и Iуэху къимыкIамэ, «и щэджыжьыр иIуэжащ» жаIэрт. Мыбы ехьэлIат «хьэм тетыгъуэ» жыхуаIэри. Ар хьэблэм е къуажэм зы хьэм яIэу абы чэзууэ щылажьэу зэрыщытам и щапхъэу къэнащ. ГъавэщIэ кърахьэлIэжам сэджыт, бытыр хуэдэхэр хатыкIын ипэ, «хамэ Iумыхуэ» жаIэрти тхьэлъэIу цIыкIу ящIырт. ГъавэщIэм щыщ япщIэфIырти яшхырт, итIанэ псапэ ящIэн щIадзэрт. Гъавэм щыщу бгъум епщIанэр ятырт; Iэщым, мэл, бжэнхэм - щынэ плIыщI къэс зы ятырт, ауэ нэхъыбэ птынуи фIыт.

Мы мазэм нэгъуэщI зы тхьэлъэIуи хиубыдэрт - Гъубжэдэх жыхуиIэр. Ар унагъуэ тхьэлъэIухэм ящыщ зыт. ТхьэлъэIум щынэхъыщхьэр унэгуащэрт. Ар зэрекIуэкIыр мыпхуэдэут. Губгъуэм итахэм ящыщу Iуэн зыухахэм я пщэм гъубжэ дэлъу пщIантIэм къыдыхьэжхэрт. Унэгуащэмрэ сабийхэмрэ гуфIэу абыхэм къапежьэрти хъуахъуэрт, гъэр узыншэу зэрызэщIалъхьам щхьэкIэ Тхьэшхуэм фIыщIэ хуащIу. ИтIанэ унэгуащэр Iэбэрти, зыгуэрым и пщэм дэль гъубжэр къыдихыну хуежьэрт. АрщхьэкIэ, гъубжэр зи пщэм дэлъым ар къыдригъэхыртэкъым. ИтIанэ хьэлывищрэ махъсымэ фалъэрэ губгъуэм щыIахэм къахущIихырт. Ар къыдыхьэжахэм я нэхъыжьым иритырти, хъуахъуэурэ псоми я пщэм дэлъ гъубжэхэр къыдихырт, ахэр хьэщIэ лъапIэм ещхьу кърагъэблэгъэжырт. Мыбы щыгъуэ гъавэщIэр япщэфIырт. А гъавэщIэм щыщ яшхмэ, абы иужькIэ хамэ-Iумыхуэ тхьэлъэIури занщIэу ящIу щытащ.

КЪАНКЪУЛ Раисэ.
Поделиться:

Читать также: