Тырку фильмхэм щигъэзэщIа ролхэмкIэ, шы спортым ехьэлIауэ иIэ зэфIэкIхэмкIэ зи цIэр зыгъэIуа адыгэ щIалэщ киноактёр, шыгъасэ Джейлан Жанбий. Абы теухуа тхыгъэ гъэщIэгъуэн къытIэригъэхьащ ди лэжьэгъу Лыхь Тимур.
Джейлан Жанбий хэтащ «Яхши Бати - уэсмэн шууейхэр» комедиемрэ (2009 гъ.) «Караоглан» сериалымрэ (2013 гъ.) хуэдэ проект цIэрыIуэхэм. Езыр Тыркум къыщацIыху шыгъасэу, нэхъ щы емылыдж дыдэри IэкIуэлъакIуэу къэзыгъэIэсэф IэщIагъэлIу, тырку телесериалхэм щыджэгу актёру.
Жанбий 1976 гъэм Истамбыл къалэм къыщалъхуащ. Абы и адэжьхэр ящыщщ илъэсищэ зауэжьым и зэранкIэ адыгэ хэкум иIэпхъукIыу Тыркум лъапсэ щызыщIа къэбэрдей унагъуэм. Жанбий хэхэсу убж хъуну щхьэкIэ, ар и адэ-анэм КавказымкIэ къашэжри, мыбдеж и сабиигъуэр щигъэкIуащ, адыгэщIым и куэщIым ису. ЩIалэр, курыт еджапIэр къиуха нэужь, урысей консерваторэм щIотIысхьэ, цIыхубэ къафэхэм хуеджэну пабгъэу, икIи и гурылъхэр къохъулIэ.
1994-2002 гъэхэм ар хэтащ Адыгэ Республикэм цIыхубэ къафэмкIэ и «Налмэс» къэрал ансамблым. Иджыри къыщалъхуа къэралым игъэзэжатэкъым абы и IэщIагъэр зыхуэдэнур къыгурыIуауэ шыхэм елIэлIэн щыщIидзам. Ансамблым къыхокIыжри, Жанбий Тыркум 2005 гъэм егъэзэжыпэ.
Лъэныкъуэ куэдкIэ зэчий зыбгъэдэлъ ди лъэпкъэгъум урысей циркхэм зыкъыщигъэлъагъуэурэ шууей-акробатым и зэфIэкIхэр игъэунэхуакIэт, и IэщIагъэ нэхъыщхьэр циркым епхауэ щытыныр и хъуэпсапIэт. Ар къехъулIащ.
Шыгъасэм циркым щигъэлъагъуэхэм акробатикэ Iэмал гугъухэр хэтщ, шы къажэм тесу, тету егъэзащIэ ахэр: шитIым я зэхуакум дыхьэурэ, тIури я кIэбдз лъакъуитIымкIэ егъэув, икIи и псынщIагъыр кIэримычу, щIым лъэIэсу зрехьэх, зыкъеIэтыж.
Джейланым шы акробатикэр гъуазджэу къелъытэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, шурылъэс джэгукIэ 20-м щIигъу къызэщIеубыдэ абы.
Жанбий цирк гуп зэмылIэужьыгъуэхэм ядэлажьэу къэрал куэдым щыIащ, адыгэм и шурылъэс телъыджэм цIыху нэхъыбэ щыгъэгъуэзэныр игъэнэхъапэу, и лъэпкъ щэнхабзэм и дахагъыр зи пащхьэ ирилъхьэхэр къыдихьэхыу.
«СызэрыщIалэрэ шы фIыуэ солъагъу. Сэ илъэс куэдкIэ Урысейм сыщыпсэуащ: сыщытащ къэфакIуэу, дауэдапщэхэр, дерсхэр езгъэкIуэкIыу. Ауэ, зы махуэ гуэрым, Москва дэт шы гъэлъэгъуапIэм сыщыIа нэужь, зысхуэубыдыжакъым, сыдихьэхат шым хуабжьу. Сытми, илъэсийкIэ сызыхэта къэфакIуэ гупым сакъыхэкIыу шыхэм епха дерсхэр езгъэкIуэкIмэ нэхъыфIу къэслъытэри, гъэлъэгъуэныгъэхэм сыкъыщыпсалъэ зэпыт хуэдэурэ, зэрыхъуари сымыщIэу, циркым зестыпащ.
Тыркум къэзгъэзэжа нэужь, цIыхумрэ шымрэ я зэныбжьэгъугъэм тепсэлъыхьу шоу къызэзгъэпэщащ. Адыгэм и дежкIэ шыр псэщ, и дзыхь зригъэз псэущхьэщ», - жиIауэ щытащ Жанбий журналистхэм къыщагъэпсалъэм.
Джейланым циркым щылажьэхэр къоджэ «шыхэм я мэгъукIэ», дзыхьрэ шыIэныгъэрэ зэрахуиIэм папщIэ. Абы къыхегъэщ шым гу къабзэкIэ убгъэдэтмэ, ухуэмыхьэзыру шынагъуэ гуэр ущыхэхуам деж, укъызэрыдихыжынур. Зэгуэрым абы шы гужьеяр игъэбэяужауэ щытат Iущащэ макъ защIэкIэ.
Абы и философиер зытеухуар шым цIыхум и гур нэхъ щабэ ищIу зэрихъуэжращ. Езым зэрыжиIэмкIэ, шым удэгъуэгурыкIуэну гугъущ, уемыпсалъэмэ. А псэущхьэ Iущым хуиIэ пыщIэныгъэр щхьэпэ мэхъу цIыхум и щхьэзыфIэфIагъым гу лъитэжу и хьэл-щэн ихъуэжынымкIэ, псэ зыIут дэтхэнэми гущабэу бгъэдыхьэнымкIэ. Жанбий жеIэ шым цIыхур зэрихъуэжыфыр, абы и псэ къарум зэрыхигъахъуэр, и гукъыдэжыр къызэриIэтыр, уанэм зэ исам фIы и лъэныкъуэкIэ зимыхъуэжу къызэрымынэр.
2021 гъэм Джейланхэ я щIалэр хагъэхьащ Тыркум Шы спортымкIэ и федерацэм и правленэм. КъищынэмыщIауэ, шууей 40-м щIигъу шибгъурэ зыхэт театрым и художественнэ унафэщIщ.
Мы щIалэ фафIэр тырку кино-телеиндустрием щрагъэблэгъам куууэ хэзэгъагъэххэт шы тесынм, акробатикэми. Уеблэмэ тхыдэ сериалхэм щыджэгуу щыщIидзам, абы шууейуэ хэтын хуей актерхэр уанэм тыншу исыфу, къэжэфу зыгъасэр арат. Кином и гъащIэр епха зэрыхъурэ, Жанбий Тыркум и шы спортым щынэхъ цIэрыIуэ дыдэ IэщIагъэлIхэм ящыщ зыуэ ябж.
Джейлан Жанбий тырку киномрэ телевиденэмрэ пщIэшхуэ къыщызылэжьа актёрщ. Япэу ар щыджэгуащ «КъухьэпIэ Iэл - уэсмэн шууейхэр» комедием (2009 гъ.). ИлъэситI дэкIауэ ирагъэблагъэ «Зы гъащIэ ирикъунукъым» сериалым и едзыгъуиблым хэтыну. 2013 гъэм Сельмэ и ролыр «Караоглан» фильмым щегъэзащIэ.
Псом хуэмыдэу ди лъэпкъэгъу актерыр цIэрыIуэ зыщIа сериалхэр мыхэаращ: «Къэпсэужа Эртугрул» (2017 гъ.), «ЗэрыпхъуакIуэ» (2018 гъ.), «КъызэщIэхъееныгъэ: селджук щэджащэхэр» (2021 гъ.), «Къуаргъ: кIыфIыгъэ кIэншэ» (2023).