ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ

Адыгэшым и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу (фокIадэм и 20-м ягъэлъапIэ) тхыдэмрэ IуэрыIуатэмрэ щолэхъушым теухуауэ къыхэнар дигу къыдогъэкIыж.
Щолэхъу и тепщэгъуэ зэманырщ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа «Щолэхъу» шы лъэпкъыр къыщигъэхъуар. Ар зэрыхъуауэ жыхуаIэр мыращ: зэгуэрым Къэбан и къуэр, зекIуэ кIуэ шу гъусэхэр иIэу, Щолэхъу деж къыщепсыхащ.

- Зиусхьэн, Къарс тенджыз лъэныкъуэмкIэ шы табын щхьэрыутIыпщ щыIэу бзэгу къысхуахьащи, дыгъакIуи къэдгъэху, - жиIащ Къэбаным.
Щолэхъу Iуэху блэкI гуэр иIэу а гъуэгуанэм ежьэ хъуртэкъыми:
- Сэ иджыпсту зысIэту сежьэну хъуркъыми, хъунумэ, зы мазэ хуэдэкIэ къыспэплъэ, - жиIащ Щолэхъу.
- Хьэуэ, сэ нэщэнэ Iей сиIэщ, гъуэгу сытеувауэ къэзгъэзэжу къызэхъулIэркъым, атIэми, си гъусэкIи, си гъуэмылэкIи хуэщIауэ сыкъежьащ, - жиIащ.
- Абы щыгъуэ, гъуэгу махуэ! Уэрэ сэрэ ди гъуэгу зыкъым! – жиIащ Щолэхъу. Арати, Къэбаным и шу гъусэхэр щIыгъуу гъуэгу теуващ.
Къэбан и къуэр Къарс тенджыз Iуфэм нэсщ, загуэшри, хуей гуэрым и хъуреягъыр жыгыщхьэрыс ящIри къатIысыхьащ, шы табыныр къихьэмэ, къаугъуейуэ къызэрырахужьэнум хуэдэу. Къэбан и къуэр зытес щIэщIым и гъунэгъуу зы шыбзыжь пщIэгъуалэжь щыхъуакIуэрт. ЕтIуанэрей махуэм тенджызым зы хакIуэ дэгъуэ къызэпрыкIри пщIэгъуалэжьым дэлъеящ, дэхъуэкIуащ. Къэбаным и гъащIэм илъэгъуатэкъым а хакIуэм хуэдэу шы дэгъуэ.
«Мы хакIуэ дэгъуэр къысIэрыхьамэ, зытезмыгъэгусэу схунти сыкIуэжынт», жиIэ щхьэкIэ, хакIуэм и Iуэху зэфIэкIати, тенджызым хэпкIэри зэпрыкIыжащ. «Уэ укъысIэрымыхьами, пщIэгъуалэжьыр си Iэрылъхьэщ» - жиIэу тесурэ, щIэкIуа шы табыныр хуейм къихьащ. Жыгыщхьэрысхэр зэфийщ, хуейм къихьа шыхэр къаухъуреихьри, кърахужьэри къежьэжащ. Гупым ягъэщIагъуэу, Къэбан и къуэм пщIэгъуалэжьыр шым къахихуэри кърахужьащ.
Хэкум къыщысыжым, нэгъуэщI кIуапIэ иIэтэкъым, Щолэхъу и щIапIэмкIэ кIуэцIрыкIыжу къуршым дыхьэжын хуейт. Щолэхъу деж дыхьэу, къызэрысыжамкIэ хъыбар иримыгъащIэу, къихуа шыхэр зыхуэдэр и пщым иримыгъэлъагъуу, блэкIыжу дыхьэжамэ, Iэмал имыIэу Щолэхъу бзэгу хуахьыжынут. Ар ищIэрт Къэбан и къуэми, шы табыныр къуажэбгъум щызэтраубыдэри езыр Щолэхъу деж дыхьащ.
- ФIохъусыж, Къэбан и къуэ!
- Упсэуж, зиусхьэн!
- Дауэ хъуа фи Iуэху? Дауэ фыкъызекIуа? - еупщIащ Щолэхъу Къэбан и къуэм.
- Ди Iуэхур Алыхьым къузэритынт, куэду фIыуэ бэIутIэIуншэу дыкъызекIуэри, дыщIэкIуари къыдэхъулIауэ дыкъэкIуэжащ, - жиIащ Къэбаным. - Талъостэн и къуэ, уныздэкIуэну къомыхъулIа пэтми, къэсхуам и ныкъуэр уэуейщи, накIуи шыр дыгъэгуэш!
- Хьэуэ, Къэбан и къуэ, къызэхъулIэрэ сыныбдэкIуамэ фIыт, апхуэдэу щымыхъуакIэ, къэпхуар хъер пхухъу, сэ шым си Iыхьэ хэлъкъым, - жиIащ Щолэхъум. Къэбанри Талъостэн и къуэм къеубзэрти, Iихым фIэфIт.
- Хъунщ, сIыпхын умыдэми, накIуи къэсхуар зыхуэдэм еплъ, - жиIэри Щолэхъур игъэшэсри шы табыныр здэщытым ишащ.
Щолэхъур шым зэрахэплъэу псоми ямыщхьу, ямылъэпкъэгъуу яхэт пщIэгъуалэжь закъуэр и нэм къыфIэнащ. Щолэхъужьыр езыр шыкIэ Iэзэт, зэ фIэкIа темыплъэу алъпыр къицIыхурт. ПщIэгъуалэжьыр уэдыкъуауэ, дэхуэхауэ, лей зылъыса шыт, ауэ алъп нэст.
- Шы хъарзынэхэщ, хъер пхухъу! - жиIащ.
- Абы щыгъуэ нэхэплъапщIэу яхэди, уи нэ къыфIэнэу зы хакIуапщIэ хэхи, арэзы сыщI, зиусхьэн! 
- Зыгуэр къызумытыну Iэмал щимыIэкIэ, мо пщIэгъуалэжьыр къыхызох,- жиIащ.
ПщIэгъуалэжьым фэ лъэпкъ темыт щхьэкIэ, тенджызым къикIа хакIуэ дэгъуэр абы зэрытехуар илъэгъуат Къэбанми, зрилъэфыхьащ.
- Iэу, ар дауэ хъун, «Къэбан и къуэм игу пыкIыу къритар моращ» жаIэу. Хэплъыхьи нэхъ дэгъуэ дыдэу къыхэх зы хакIуапщIэ.
-А нэхъ дэгъуэ дыдэхэр уэ хъер пхухъу! Къызэптынумэ, къахэсхыр пщIэгъуалэжь уэдыкъуарщ, къызумытынумэ, къыпхуэнэжащи, гъуэгу махуэ! - жиIэу къыщыIукIыжым:
- АтIэ, узот, хъер пхухъу! - жиIащ Къэбаным. Щолэхъу и пщафIэ щIалэм пщIэгъуалэжьыр къиубыдщ, и пщэм кIапсэ ирищIэри, къашэри къэкIуэжащ. Къэбанми, пщIэгъуалэжьыр и гум къыщIитхъыу, шы табыныр ихури кIуэжащ.
Щолэхъу унафэ ищIащ, пщIэгъуалэжьыр фIыуэ ягъашхэу, ягъэпскIыу, ялъэщIу зэрашэну, ямыдыгъун щхьэкIэ, бо быдэм щаIыгъыну. ПщIэгъуалэжьыр зэрихьэну зы пщылI иригъэувэлIащ, шым къыщыщIымкIэ и щхьэр шэсыпIэу.
ПщIэгъуалэжьым, зыхуей зэригъуэту, псынщIэу зиужьыжащ. Псэфу къыщIэкIри, гъум хъуурэ, и чэзу зэрыхъуу, лъхуэри, мафIэм хуэдэу яхуэмыубыду пкIатэ-лъатэу пщIэгъуалэ шыхъу цIыкIу къилъхуащ.
Щолэхъужьри зыхуейр арати, шыщIэ цIыкIум телъэщIыхьурэ къигъэхъуащ, яхуэмыубыду хакIуэ дэгъуэ бэлыхь къыхэкIащ. Ар адыгэш шыбзым тригъахуэри «щолэхъу» шы лъэпкъыр абы къыщежьащ.
Щолэхъу шы лъэпкъыр щызэфIэувэм, дамыгъэ, езым ейуэ, тридзэну мурад ищIри, хъурей цIыкIу къигупсысащ. Абы пхъуищ иIэти, нэхъыжьым деж ар щIригъэхьащ: «Си хъыджэбз, мыпхуэдэ дамыгъэ си шы лъэпкъым тездзэну къэзгупсысащи, дауэ къыпщыхъурэ?» - жиIэри. «Си цIэкIэ мы зы къудамэ цIыкIур гуэгъэувэ!» - жиIэри, къуапэ цIыкIу къыгуигъэувэри къыщIригъэхыжащ. Ипхъу курытым деж щIригъыхьэри, абыи зы къудамэ цIыкIу къыгуигъэувэри къыщIригъэхыжащ. Ипхъу нэхъыщIэ ещанэм деж щIригъыхьэри абыи езым и цIэкIэ ещанэ къудамэ цIыкIур къыгуигъэувэри къыщIригъэхыжащ. Апхуэдэу къежьащ «щолэхъу» дамыгъэр, хъурейм къуапэ къэгъэша цIыкIуищыр тету. Ар къигъэхъуа щолэхъу шы лъэпкъым тридзащ. Щолэхъу шы лъэпкъыр къэзыдыгъур щхьэпылъэ ящIыну табу тралъхьащ.
Щолэхъу шы лъэпкъыр и фIагърэ и дахагъэкIэ дуней псом щыIуащ, зэрапхъуэу, яхузэрымыгъэгъуэту ящэхуу хуежьащ. ПсынщIэ дыдэу Тыркум, Ираным, Иракым, Персием, Италием, Индием, нэгъуэщI хэку куэдым къыщыхутащ. Ауэ уанэш фIэкIа, шы Iэщын ярищакъым.
Щолэхъу шы лъэпкъым ефIэкIыныгъэшхуэ иIэу къыщIэкIащ: япэрауэ, и лъэгудыгъуэр ихат, и лъэбжьанэхэр быдэти, мывалъэ щIыпIэми къуршхэми къыщикIухьын щхьэкIэ, шынэртэкъым. «Къуратыжьыр къэргъеижь лъабжьэт» жеIэ Щолэхъу и уэрэдым. Къэргъейм (бгъэм) и лъабжьэм хуэдэу и шы лъабжьэр быдэт, жыхуиIэщ. ЕтIуанэу, щолэхъур апхуэдизкIэ шы пхъашэти, зышми езэгъыртэкъым, шы фIэдзапIэм епха шы гупым зы щолэхъу яхэтмэ, псори зэрышхырт. Джатэрызауэ зэхыхьамэ, джатэ ихар зыIыгъ адыгэлIыр елъэдэкъауэрэ щолэхъур иригъэзамэ, къэгъазэ имыIэу зрихулIам бгъэкIэ еуэрти, ириудырти я гущIыIу ихьэрт. Абы щыгъуэм и щIыб ис зауэлIым ищIэнумкIэ хуитыжт. Щолэхъур и теплъэкIэ нэхъыбэу пщIэгъуалэт, шы гъуабжэт, я нэхъ къарэ дыдэу зырыз къахэкIамэ, «лIэужьыр бжьиблкIэ мауэ» жыхуаIэрати, къызыхэкIар къигъэлъагъуэу цы хужьыбзэ зырыз хэтт. И тхьэкIумэ зэхуакум цы Iув дэтти, жэщ кIыфIым и тхьэкIумитIыр зэблигъэжу щыкIуэкIэ, хъуаскIэр къэлыдурэ кIуэрт. И пэщхъынитIыр быхъути, щыжэкIэ бауэкIэщI хъуртэкъым, и нэ фIыцIэ пIащитIым жэщым фIыуэ ялъагъурти, гъуащэртэкъым. Андемыркъан и Жэманшэрыкъ пщIэгъуалэри апхуэдэу щытащ, ар къыздикIа лъэныкъуэмкIэ щолэхъур къызытехъукIа пщIэгъуалэжьри къикIат. Щолэхъу шы лъэпкъыр къазэрыхуигъэхъуамкIэ Щолэхъупщым икъукIэ Iуэхугъуэшхуэ Къэбэрдейм яхуищIат.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: