Адыгэхэм я махуэр ягъэлъэпIащФокIадэм и 20-м Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэлъэпIащ Адыгэхэм я махуэр. «Призвание» медицинэ колледжымрэ «Астра-Сфера» институтымрэ къызэрагъэпэщащ абы теухуа зэхыхьэ. Адыгэхэм я махуэр къызэрыунэхурэ „Призвание“ колледжым ар щагъэлъэпIэныр хабзэ дахэ хъуащ. Мы гъэм ар нэхъри щIэщыгъуэу екIуэкIащ. Адыгэхэм я махуэр зэрагъэлъапIэм, мы гъэм а Iуэхум щIэщыгъуэу къыхагъэхьам, студентхэр адыгэ Iуэхум хэтыну зэрафIэфIым къытхутепсэлъыхьащ «Призвание» медицинэ колледжым щIалэгъуалэ политикэмрэ гъэсэныгъэмкIэ и унафэщIым и къуэдзэ, махуэшхуэр езыгъэкIуэкIа Щоджэн Алинэ.
- Ди студенхэм яфIэфIщ гурэ псэкIэ адыгэну, лъэпкъым теухуауэ упщIэхэр я куэдщ, пщэрылъ ящыпщIхэмкIи укъагъэщIэхъуркъым. Мис нобэрей гуфIэгъуэ зэхуэсым зыкъыщагъэлъэгъуэнущ колледжым, институтым щеджэхэм: хэт пшынэ йоуэ, хэт дахэу къофэ, хэти адыгэбзэкIэ усэ къеджэну фIэфIщ. Пщащэ цIыкIухэм адыгэ фащэ дахэхэр ящыгъыу къызэрыкIуар сыт и уасэ! Зыми къалэн ящищIакъым адыгэ фащэ зыщатIэгъэну, езыхэм я фIэфIыныгъэкIэ загъэщIэрэщIащ.
Адыгэхэм я махуэр илъэс къэс идогъэкIуэкIри, гу лъыдотэ мыр зэрыщхьэпэм. Мыбдежым щIалэгъуалэм я адыгэпсэм зыкъыщызэIуихыу тхужыIэнущ. Махуэшхуэм теухуауэ яжетIэхэр ягъэзащIэм къыщымынэу, атIэ езыхэм я еплъыкIэ къыджаIэ хъуащ, гукъыдэж яIэщ мы Iуэхум зэрыщыщыр къагъэлъэгъуэну. Студентхэр я унэм екIуэлIэжа нэужь, жаIэж Iуэхур зэрекIуэкIар, я гум ираубыдахэр, зыгъэпIейтеяхэр. Адэ-анэхэр ди деж къопсалъэри, фIыщIэ къытхуащI, къыджаIэ я быныр гуфIэгъуэм иIэту зэрекIуэлIэжар. Сэри фIыщIэ хуэсщIыну сыхуейщ сыт щыгъуи хуэдэу мы гъэми ди Iуэхур къыддэзыIыгъ ЦIыпIынэ Идар. Абы хабзэм теухуауэ игъэлъагъуэхэр ди студентхэм ягу ираубыдэ. Хабзэ-бзыпхъэм щыщу тхылъхэм къибджыкIым нэмыщI, абы фIыуэ хэзыщIыкIыр уи пащхьэм иту, щапхъэхэр уигъэлъагъуурэ къыщыпхутепсэлъыхькIэ гупсысэр нэхъ зыхыбощIэ. Идар адыгэ джэгукIэхэри ирегъэкIуэкI, пасэм щыгъуэ адыгэхэм къагъэсэбэпу щыта Iэмэпсымэхэми топсэлъыхь, езы хьэпшыпхэри ныбжьыщIэхэм ярегъэлъагъу, - жиIащ Алинэ.
ЕджапIэ блынхэр ягъэщIэрэщIат студенхэм ящIа сурэтхэмкIэ. Абыхэм къыщыгъэлъэгъуащ ди нэхъыжьхэм я псэукIам, адыгэ фащэм и дахагъэм, адыгэшым, адыгэм яIа псэукIэм, жьымрэ щIэмрэ я зэхуакум дэлъ нэмысым, ди щIыуэпсым и дахагъэм теухуауэ студентхэм я гупсысэм лъэныкъуэ куэдкIэ зэрызиукъуэдийр. Зэхуэсым хэтахэр зэрагъэхьэщIа адыгэ шхыныгъуэ IэфIхэм я пщэфIыкIэми, дэтхэнэми Iэнэм щиIэ мыхьэнэми, лъэпкъым ерыскъы узыншэ къиIэтыным хуищI гулъытэми и гугъу щащIащ еджапIэм.
Гъэ кIуахэм ирагъэкIуэкIа зэхуэсхэм хэмытауэ, мы гъэм Iуэхур нэхъри щIэщыгъуэ ищIащ абы адыгэ щэнхабзэм и Iыхьэхэм теухуа зэпеуэ къызэрыщызэрагъэпэщам. Студентхэр щIэныгъэкIэ зэпеуащ, тхыдэм щыщ Iуэхугъуэхэми зыщагъэгъуэзащ. Зэпеуэр Iыхьитхуу ягуэшащ: япэ Iыхьэм къриубыдэу студентхэм жаIащ псалъэжьхэр, абыхэм къикIри зэпкърахащ. ЕтIуанэ Iыхьэр хухэхат пасэм адыгэхэм къагъэсэбэпу щыта Iэмэпсымэхэмрэ абыхэм иралэжьу щыта Iуэхухэмрэ. Ещанэр актёрыным нэхъ хуэгъэпсат. Псалъэншэу, IэпэтэрмэшкIэ ныбжьыщIэхэм ягъэлъагъуэрт хабзэм щыщ Iыхьэхэр. Псалъэм папщIэ, нэхъыжь къыщIыхьэмэ, нэхъыщIэхэр къызэрытэджыр, гъуэгум бзылъхугъэ щыхуэзамэ цIыхухъухэм абыхэм хуащI пщIэм, хьэщIэм кIэлъызэрахьэ хабзэм, «атэлыкъ» хабзэм, нэгъуэщIхэми. ЕплIанэ Iыхьэри гъэщIэгъуэну екIуэкIащ: студентхэм зэпкъралъхьащ лъэпкъ тхыпхъэхэм къыхэщIыкIа пазлыр. ЕджапIэм и пэшышхуэм щагъэуват къудамэбэу зызыукъуэдия лъэпкъ жыгым и сурэтышхуэр зэрыт баннерыр. Абдежым егъэджакIуэхэри студентхэри бгъэдыхьэурэ щхьэж и лъэпкъ дымыгъэр къудамэхэм кIэрагъэпщIащ. Махуэшхуэм теухуа концертым зыкъыщагъэлъэгъуащ «Призвание» колледжымрэ «Астра-Сфера» институтымрэ я студент зэчиифIэхэм. Абыхэм уэрэд жаIащ, усэ къеджащ, къэфащ, спектакль теплъэгъуэ ягъэлъэгъуащ. Адыгэ джэгукIэхэми щIыпIэ щхьэхуэ щаубыдащ махуэшхуэм. НыбжьыщIэхэм гупурэ загуэшри, щхьэж и зэфIэкI еплъыжащ. Зэхуэсыр адыгэ джэгукIэ зэхуащIыжащ.
Зэхуэсым кърагъэблэгъа IуэрыIуатэдж, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат ЦIыпIынэ Идар еджапIэм къыщызэригъэпэщат пасэрей адыгэ дунейр уи нэгум къыщIигъэхьэу гъэщIэрэщIа плIанэпэр. Идар студентхэм яригъэлъэгъуащ пасэрей адыгэ Iэмэпсымэхэр, яжриIащ ахэм я хъыбар. Псалъэм папщIэ, гъубжэр къызэрагупсысауэ щытам тепсэлъыхьащ, абы и хъыбарыр IуэрыIуатэм зэрыхэтыр, Сэтэней гуащэ и Iущыгъэм зэрепхар яжриIащ. Тепсэлъыхьащ гъуэгум щызэрахьэн хуей хабзэхэм, адыгэ джэгукIэхэм, Iэнэ лъакъуищым ехьэлIа Iуэхугъуэхэм, адыгэм и хьэщIэр быдапIэ исым щIыхуэдэм, нэгъуэщIхэми.
Псалъэ гуапэкIэ студентхэм захуигъэзащ «Призвание» медицинэ колледжыр къызэзыгъэпэща Щоджэн Эдуард. Абы ныбжьыщIэхэм яжриIащ адыгагъэм цIыхум и хьэл-щэныр зэригъэдахэр, ар зыхагъэлъынуи къыхуриджащ.
«Астра-Сфера» институтым щIэныгъэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ и проректор Умэт Мурат студентхэмрэ хьэщIэхэмрэ ехъуэхъуащ я унагъуэхэм узыншагъэ илъыну, адыгэ лъэпкъыр гуфIэгъуэкIэ щIызэхуэсын щхьэусыгъуэхэр куэду яIэну.
«Призвание» колледжым щекIуэкIа махуэшхуэм студентхэр щыгушхуащ, я гупсысэми зыщиубгъуащ. Лъэпкъым, Хэкум, анэдэлъхубзэм, ди тхыдэм, щэнхабзэм теухуауэ абыхэм куэд къащIащ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




