Махуэшхуэм и щIыхькIэХабзэ хъуауэ, Адыгэхэм я махуэм и щIыхькIэ дзюдомкIэ республикэ зэхьэзэхуэ Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым илъэс къэс щрагъэкIуэкI. Мы гъэми абы щызэпеуащ КъБР-м и щIыналъэхэм я спортсмену 140-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 14-16 хъухэу.
ЗэIущIэм ипэ къихуэу Къэбэрдей-Балъкъэрым дзюдомкIэ и федерацэм и тхьэмадэ Емкъуж Мухьэмэд жиIащ мыпхуэдэ зэхьэзэхуэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр. «ЗэIущIэ гуащIэхэр къытпэщылъщ. Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ етIанэгъэ гъатхэпэм Краснодар къалэм щекIуэкIынущ. ИужькIэ, накъыгъэм, Налшык щызэхашэнущ «Къалэхэм я зэхэуэ» зэхьэзэхуэм и етIуанэ Iыхьэр. А зэпеуэхэм хэтынущ 2010-2011 гъэхэм къалъхуа бэнакIуэ ныбжьыщIэхэр, нобэ щыщIэдзауи абыхэм захуэгъэхьэзырын хуейщ», - къыхигъэщащ Емкъужым.
ГуащIэу икIи удэзыхьэхыу екIуэкIа зэхьэзэхуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь наIуэ къызэрыхъуамкIэ, япэ увыпIэхэр къахьащ ХьэщIэдыгъу Идар (кг 64-рэ), Хъурсин Марат (кг 50), Кумыкъу Ренат (кг 55-рэ), Теммоев Алан (кг 60), Индрей Ибрэхьим (кг 66-рэ), Пухаев Альберт (кг 73-рэ), Дадуев Суфян (кг 81-рэ), Калошин Дмитрий (кг 90), Гочаров Максим (кг +90) сымэ.
ЕтIуанэ хъуахащ Бозий Жамболэт (кг 46-рэ), Баллиев Расул (кг 50), Къуэдзокъуэ Темырлан (кг 55-рэ), Молэ Арсен (кг 60), Байсултанов СулътIан (кг 66-рэ), Хуцинов Рустам (кг 73-рэ), Мэремыкъуэ Тимур (кг 81-рэ), Щоджэн Къантемыр (90), Жылокъуэ Айдамир (кг +90) сымэ.
КIыщ Рэмэзанрэ Къэзакъ Умаррэ (кг 46-рэ), ДыщэкI Алихъанрэ Шорохов Аскэррэ (кг 50), Утэр СулътIанрэ АпекIуэ Алихъанрэ (кг 55-рэ), Къардэн Мухьэмэдрэ Ефэнды Астемыррэ (кг 60), Голованов Даниилрэ Маргъущ Къантемыррэ (кг 66-рэ), Сэкрэк Мухьэмэдрэ Тембот Алийрэ (кгт 73-рэ), Полищук Маратрэ Урым Аланрэ (кг 8I-рэ), Ламердон Иналрэ Карамазов Къасболэтрэ (кг 90), Ким Артуррэ Артабей Алихъанрэ (кг 90+) сымэ ещанэ увыпIэхэр къахьащ.
Налшык къалэм Олимп джэгухэм хэтыфыну сабий зэчиифIэхэр щагъэхьэзыр, Ныр Сеф и цIэр зезыхьэ и спорт еджапIэм и унафэщI Тау Сэфарбий жиIащ спортсмен ныбжьыщIэхэм я зэфIэкIхэмрэ, къарухэмрэ нобэрей зэIущIэм щагъэлъагъуэ къудей мыхъуу, лъэпкъым и гуфIэгъуэ махуэшхуэм хэтыну апхуэдэ Iэмал зэраIэр.
«Спортыр къэдгъэсэбэпу ди тхыдэм, щэнхабзэм, щIэнхабзэм щIэблэр худогъасэ. Абы и щыхьэтщ нобэрей спорт зэхьэзэхуэмрэ лъэпкъым и махуэмрэ зэрызэпытщIар», - къыдыщIигъуащ и псалъэм Тау Сэфарбий.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




