Налшыкрэ Владикавказрэ я зэпыщIэныгъэ

Налшык къалэ администрацэм щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и къалитIым щIалэгъуалэм ятеухуауэ щащIэм, а лэжьыгъэр зэрагъэкIуатэм и щапхъэхэм ятеухуа зэIущIэ.

Абы хэтащ Налшык къалэ администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Атмурзаевэ Земфирэ, Владикавказ къалэ администрацэм щIалэгъуалэ политикэмкIэ, физическэ щэнхабзэмрэ спортымкIэ и къудамэм и унафэщI Айларов Заур, Налшык къалэ администрацэм щIалэгъуалэ политикэмкIэ и управленэм и унафэщI АфэщIагъуэ Анзор сымэ.

2025 гъэм Налшыкрэ Владикавказрэ щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ зэрызэдэлэжьэнум теухуа зэгурыIуэныгъэ зэраухылIауэ щытащ. Мы зэIущIэри абы хэту къызэрагъэпэщащ, республикитIым щIалэгъуалэ Iуэхухэм щагъуэт гулъытэм, ныбжьыщIэхэр зыдихьэххэмрэ зыхуэныкъуэхэмрэ, нэгъуэщIхэми щытепсэлъыхьын папщIэ. ЩIалэгъуалэм я гупсысэм пэджэж программэхэм, ныбжьыщIэхэр зыхэт зэгухьэныгъэхэм, къызэрагъэпэщ жылагъуэ Iуэхухэм я гугъу ящIащ. Щхьэхуэу къытеувыIащ къалэхэмрэ къуажэхэмрэ щIалэгъуалэм папщIэ къыщызэрагъэпэщ зэIущIэхэм, пшыхьхэм.

ЗэIущIэм хэтахэм къызэрыхагъэщащи, дэтхэнэ къалэми къуажэми щыIэщ щапхъэ къызыхэпхын Iуэху щIэкIэхэр. Абыхэм гу лъытэн, къэгъэсэбэпын хуейщ. Владикавказрэ Налшыкрэ я щIалэгъуалэр зэщIыгъуу Iуэхухэм хэгъэтыным, абыхэм зэчэнджэщыну Iэмал яIэным и мыхьэнэр мы зэIущIэм щагъэбелджылащ.

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться:

Читать также: