Гъуэгу хъыбархэр

Шынагъуэншагъэр ягъэнэхъапэу

Щхьэлыкъуэ къуажэм Джэрыджэм и цIэкIэ щыIэ уэрамыр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж мы махуэхэм. А жылэм щыпсэухэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ а гъуэгум зэпещIэ икIи ухуешэ щIыпIэ амбулаторэм, спорт комплекситIым, курыт еджапIэ №1-м, нэгъуэщI IуэхущIапIэхэми. Абы трагъэкIуадэ ахъшэр къыхэкIащ ЩIыналъэ гъуэгу фондым.

Лэжьыгъэм пэрыхьэн ипэкIэ, уэрамым и инженер коммуникацэр къанэ щымыIэу зэрахъуэкIащ: псы къабзэ зэрыкIуэ, зэрызэбгратыкI, къагъэсэбэпар зэрыIуаш бжьамийхэр къагъэщIэрэщIэжащ. Иджыпсту гъуэгущхьэм асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ тIуащIэу тралъхьэ, лъэс лъагъуэхэр зыхуей хуагъазэ, иджырей уэздыгъэхэр щыпадзэ, уэрамым къедза щыпIэр зэIузэпэщ ящI.

КъищынэмыщIауэ, гъуэгум щызекIуэхэм я шынагъуэншагъэр къызэрагъэпэщу гъуэгум и бгъуагъыр метри 6,5-м нагъэсащ, лъэныкъуитIымкIи машинэ тIурытI зэуэ щызэблэкIыфын хуэдэу. ЦIыхухэр нэхъ тыншу щызекIуэн папщIэ, лъэс лъагъуэхэм я бгъуагъри метр 1,5-рэ ящIащ.

Лэжьыгъэхэр мы гъэм бжьыхьэм и кIэм нагъэсынущ.

Уэрамыр къагъэщIэрэщIэж

Налшык къалэм Байсултановым и цIэкIэ щыIэ, километр 1,38-рэ зи кIыхьагъ и уэрамыр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ. Лэжьыгъэхэм хиубыдэу гъуэгущхьэр тратхъунщIыкIри ар нэхъ бгъуэ ящIащ, лъабжьэр ягъэбыдащ, иужькIэ, асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ тIуащIэу тралъхьащ.

Апхуэдэуи машинэ гъэувыпIэхэр, зэхыхьэпIэ-зэхэкIыпIэхэр къыщыхагъэщхьэхукIащ, гъуэгубгъум жыгыщIэхэр щыхасащ, лъэс лъагъуэхэр зыхуей хуагъэзащ, мывэхэмкIэ ахэр кърагъэбыдэкIащ, автобус къэувыIэпIэхэри хуащIащ.

Абыхэм нэмыщI, «Уафэ къабзэ» программэм ипкъ иткIэ уэздыгъэ кIапсэхэр щIым щIалъхьащ, гъуэгу дамыгъэхэр ягъэуващ, къыхагъэщхьэхукIащ.

Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм и фIыгъэкIэ гъуэгум нэхъ тыншу машинэ нэхъыбэ щызэблэкIыфынущ, цIыхухэм я шынагъуэншагъэри къызэгъэпэща хъунущ, щыжаIащ КъБР-м Транспортымрэ гъуэгу хозяйствмкIэ и министерствэм.

Мыхьэнэ ин зиIэ гъуэгу

«Къуажэ щIыпIэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ Псыхъурей къуажэм и гъавэ хъумапIэм екIуалIа, километри 5,7-рэ зи кIыхьагъ автомобиль гъуэгур къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж мы махуэхэм.

Иджыпсту ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм хыхьэу гъуэгум и кIыхьагъкIэ зэ ирикIуэгъуэу асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ тралъхьэ. Машинэ хьэлъэзешэ куэд абы зэрыщызэблэкIыр къалъытэу, япэщIыкIэ лъабжьэр ягъэбыдащ. КъищынэмыщIауэ, лэжьакIуэхэм инженер лэжьыгъэхэр жыджэру а щIыпIэм щрагъэкIуэкI, лъэмыж зэпрыкIыпIэ, псы жапIэхэр хуащI. Ахэр зэрызэфIэкIыу гъуэгум етIуанэу ирикIуэжу асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ тралъхьэжынущ, гъуэгубгъухэр ягъэбыдэнущ, дамыгъэхэри къыщыхагъэщхьэхукIынущ.

Бахъсэн районым и мэкъумэш-промышленнэ комплексым и зыужьыныгъэм куэдкIэ епхащ иджыпсту зыхуей хуагъазэ гъуэгур икIи абы щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр зыхуэдэмрэ щыIэ мардэм ахэр зэрыхуэкIуэмрэ и нэIэ щIигъэт зэпытщ щIыналъэ администрацэм.

ЖЫЛЭХЬЭЖ Артур.
Поделиться:

Читать также: