Лъэныкъуэ куэд къызэщIиубыдэуIэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм яхухэха зэхыхьэ гъэщIэгъуэн куэд щокIуэкI ди къалащхьэм. Абыхэм ящыщ зыуэ, хуабжьу IуэхугъуэфIхэмкIэ гъэнщIауэ екIуэкIащ дизайнерхэм я зэхыхьэр. Ар къызэригъэпэщат архитектурэмрэ дизайнымкIэ «DIUNA» студием, КъБР-м и Правительствэмрэ Урысейм и Дизайнерхэм я зэгухьэныгъэмрэ и дэIэпыкъуэгъуу. ЩIыналъэм дизайн IэщIагъэм зыщегъэужьыным траухуа зэхуэсым хэтащ IэщIагъэлI пажэхэр, а Iуэхум елэжь хьэрычэтыщIэхэр, еджапIэ нэхъыщхьэхэм я лIыкIуэхэр. ЗэIущIэр къыщызэIуихым КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис къыхигъэщащ республикэм IэщIагъэщIэхэм зыщегъэужьыным куууэ зэрыбгъэдыхьэр. ЗэIущIэр Iыхьэ зэмылIэужьыгъуэу зэхэтт, дэтхэнэми и зэфIэкIыр утыку кърихьэну Iэмал иIэу. Ди республикэм щылажьэ IэщIагъэлI, IэпэIэсэ куэдым зэIущIэхэр щрагъэкIуэкIащ ЩIалэгъуалэм я унэм. Урысейм и Дизайнерхэм я зэгухьэныгъэм и президент, зэпеуэм и къэпщытакIуэхэм я унафэщIу щыта Ставицкий Виталий жиIащ IэнатIэм ди республикэм хъарзынэу зэрызыщиужьыр икIи къыхигъэщащ IэмалыщIэхэр абы къару лъэщ зэрыхуэхъур: «Нобэ дизайныр IэмалыщIэхэр куэду къыщыгъэсэбэпа, нэхъри зызыужь IэнатIэщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, Кавказым щыщ дизайнерхэм я проектхэм щэнхабзэ плъыфэ телъыджэ яIэщ, хэти къицIыхуу. АбыкIэ ар адрейхэм къахощ», - жиIащ Виталий. IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм егугъуу зэрадэлажьэм и щапхъэ нэс хъуащ UFON Studio студием утыку кърихьа «Звёздный» щIалэгъуалэ лагерыр, абы зэрызрагъэужь проект гъэщIэгъуэныр. Студием и унафэщI, хьэрычэтыщIэ Шарманов Эмирхъан къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ яхуиIуэтащ зи гугъу ящI лагерми зэIущIэр щекIуэкI ЩIалэгъуалэм я унэми я проектхэр гъэхьэзырыным КъБКъУ-м и студентхэр къызэрыхашар. Проектым и ехъулIэныгъэм и гъуазэ нэхъыщхьэ дыдэр ар гъащIэм хэпща зэрыхъурщ. ЗэIущIэм хэту псэупIэ, жылагъуэ, ландшафт дизайнымкIэ зэхьэзэхуэхэр екIуэкIащ, пашэ хъуахэр ягъэлъэпIащ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




