«Мир» каналыр илъэс 34-рэ ирикъуащДуней псом къыщацIыху «Мир» телерадиокомпанием Урысейм нэмыщI, СНГ-м хыхьэ къралхэри къызэщIеубыдэ. Абы и унафэщIщ Бытыршин Радик Ирик и къуэр. Пщэдджыжьышхэм ишхыр, и Iэпкълъэпкъым зэрызригъэужьыр, лэжьыгъэм и нахуэмрэ и щэхухэмрэ щIэщыгъуэу топсэлъыхь мелуани 180-м нэс къызэщIэзыубыдэ каналым и тхьэмадэр. Дэтхэнэ унафэщIым теухуауи цIыхухэм ящIэну зыхуейр ар псоми ещхь зыщI Iуэхугъуэхэрщ. Пщэдджыжьышхэу Батыршиным джэдыкIэ гъэжьа нэхъ къещтэ, и узыншагъэм кIэлъыплъын Iуэхур зэрызэфIигъэкIыр кардио IэмалхэмкIэщ: къэкIухьын, къэжыхьын хуэдэхэмкIэ. Сериалхэмрэ тхылъымрэ яхэбгъадэмэ, къыхихынур тхылъырщ. Иджыпсту Радик йоджэ Карризи и «Урымым и хъыджэбз яфIэкIуэдахэр» романым. Илъэс 20 хъуауэ абы зи унафэр зэригъакIуэ IуэхущIапIэр зэрефIакIуэм и щыхьэтщ каналым еплъхэм я бжыгъэм зэрыхэхъуэ зэпытым. «Технологиехэм япкъ иткIэ узэхуеплъмэ, СНГ-м дэ нэхърэ нэхъыфI телевиденэ зыщI щыIэкъым, - жеIэ Батыршиным. - Псалъэм пащIэ, СНГ-м щыяпэу, «Мир» интернетым иту эфир занщIэм зыпызыщIар. «Облако»-р къэбгъэщхьэпэу, дунейм и дэтхэнэ щIыпIэми репортаж къиптыкI мэхъу. Нобэ Урысейм телевиденэм щигъэлажьэ и гупхэм я нэхъыфIипщIым дыхиубыдэу къызолъытэ. Сыт абы и щхьэусыгъуэр? Япэрауэ, яфIэгъэщIэгъуэнщ. ЕтIуанэрауэ, ар щIэныгъэщ, хэти хуэщхьэпэу. Ещанэрауэ, дэ гуапагъэр щытепщэ телевиденэ дощI. Дэ видео кIэщI зэмыщхьхэр догъэхьэзыр, «шортс» жыхуаIэхэр. Мыхьэнэ мыбдежым зиIэр ар телевиденэм щылажьэ дэ, IэщIагъэлIхэм зэрыдгъэхьэзырарщ, блогер хуэдэхэм ящIауэ щымыту. ИпэжыпIэкIэ цIыхухэр зэплъыр зыхуей хуэза лэжьыгъэрщ. «Мир»-р апхуэдэ зыхузэфIэкIхэм ящыщщ. «Мир»-р СНГ-м хиубыдэ къэралхэмрэ Грузиемрэ щылажьэ лэжьакIуэ гупщ, лъэпкъ куэду зэхэту. Дэ дызытепсэлъыхьыр дэ езым тфIэгъэщIэгъуэнырщ, абы къикIращи – псоми къафIэIуэхум и гугъу дощI, армыхъумэ, къэрал щхьэхуэ гуэрым и соцсетьхэм исхэм е радиом едаIуэхэм, е телевизореплъхэм задедгъэкIуу аракъым. Лэжьыгъэм укъыфIэкIмэ, ди IуэхущIапIэм щызекIуэ хабзэфIхэр куэд мэхъу. Япэрауэ, псапащIэ фондхэм ядэIэпыкъуныр. ЕтIуанэрауэ, мэкъуауэгъэум и I-м эфирыр сабийхэм хуит яхуэщIыныр, фокIадэм и I-м ипэ къихуэу, «Телевиденэмрэ радиомрэ теухуа щIэныгъэм и махуэ» егъэкIуэкIыныр, хьэщIэ къегъэблэгъэныр. Мэзкуу и закъуэкъым ахэр щытхузэфIэкIыр, Мински, Бишкеки, Бакуи, хэщIапIэрэ лэжьапIэрэ щыдиIэ адрей къэралхэми къыщыдохъулIэ. Къэрал зыбжанэм щыщ волонтёрхэм я гъусэу щэбэт щIыхьэхухэм дыхэтщ. Азербайджаным - Каспийм, Къыргъызым – Иссык-Куль и Iуфэр щыдогъэкъабзэ, Къэзахъстаным – къуэхэр, СНГ-м зэрыщыту жыг щыхыдосэ. Ахэр минипщI зыбжанэм нэсакIэщ. Мэзкуу - донорым и махуэм, Баку – IэшрыI ым ирихьэлIэу, лъы щат акцэхэм дыхэтщ. ЩIыхь зиIэ донорхэр яхэтщ ди лэжьакIуэхэм». Батыршин Радик бгыщхьэ лъэрыжэр зи щIасэхэм ящыщщ. ЗыгъэпсэхупIэхэр щызэригъапщэ, абы жиIащ: «Япэ итыр, шэч хэмылъу, Алтайм ищыIэ Манжерокщ. ЕтIуанэр – Полянэ Плъыжьырщ. Ещанэр – Кемерово областым щыIэ Шерегешщ. КъыкIэлъыкIуэр Азербайджаным и Шахдагырщ. Абы 2024 гъэм къыщызжыхьащи, лъэрыжэ гъуэгури ущыпсэун папщIэ узыхуей псори фIы дыдэхэм ящыщщ».
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




