ЩIыналъэ тхыдэм къыхэна фэеплъ махуэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Зи къулыкъу зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэеплъу Налшык дэтым удз гъэгъа тезылъхьахэм.  Iуэхугъуэм кърихьэлIахэм я щхьэ хуагъэщхъащ я пщэрылъ къалэныр щIыхь пылъу и кIэм нэс зыгъэзэщIа, хабзэхъумэ къулыкъум пэрыту зи псэр зыта щIалэхэм я фэеплъым. Жылагъуэм зэпIэзэрытыныгъэр щызыхъума а хэкупсэ нэсхэм ящыщ дэтхэнэми и цIэр игъащIэкIи цIыхубэм я гум зэрилъынум и нэщэнэ хъуащ а фэеплъ пэкIур.  

Поделиться:

Читать также: