Лъэпкъым и махуэгъэпс

ЩIэныгъэлI МафIэдз Сэрэбий и «Адыгэ хабзэ» тхылъыр щIэгъэкъуэнышхуэ тхуэхъунущ ди бзэмрэ, хабзэмрэ, щэнхабзэмрэ иджырей щIэблэм едгъэщIэным теухуауэ. Тхылъым и зы Iыхьэ «Лъэпкъым и махуэгъэпс» жыхуиIэм къыхэтха пычыгъуэм фыщыдгъэгъуэзэнщ.

Адыгэхэр нэхъ лъэпкъыжь дыдэхэм ящыщщ. Илъэс мин бжыгъэхэм къыщынэркъым ди тхыдэм, хабзэм и лъабжьэр къыщежьэр. Абы зэман блэкIа куэдым я нэпкъыжьэ телъщ. Ар уи фIэщ хъун щхьэкIэ ирикъунщ адыгэбзэм и къулеягъыр, абы хэт фIэщыгъэцIэхэм я къэхъукIэм, къэгъэщIыкIэм и гъэщIэгъуэнагъыр. Ещхьыркъабзэщ адыгэ хабзэм цIыхум я зэхущытыкIэр зэрызэригъакIуэри, къэзыухъуреихь дунейм пщIэ хуащIу, сакърэ щысхьрэ хэлъу бгъэдыхьэу зэрыщытари.

Дунейм и пIалъэ зыщIэу псэууэ щыта пасэрейхэм къащIэнащ нэщэнэ куэд, Iэзагъэ, Iэмал, гурыхуагъэ, гулъытэ ин. Абы зы лIэужьым адрейм ейр хилъхьэжурэ щIэныгъэу зэфIэуващ, зиузэщIащ, зиужьащ. А пасэрей цIыхур зэреджар тхылъкъым. Абы и егъэджакIуэр гъащIэрт, дуней зытетырт. Абы и щыхьэтщ мыпхуэдэ нэщэнэхэр: «Пщэдджыжь пшэплъым узригъэплъэкIыркъыми, пщыхьэщхьэ пшэплъыр махуибл уэфIщ», «Мэзым вууэ щIидзамэ, дунейр къызэIыхьэнущ», «Шыц уэс къесмэ, узэрысым уимыкI», «Гъатхэр гъэгъа нэгумэ, бжьыхьэр гъавэ гуплIэщ», нэгъуэщI Iэджэхэри. Ахэр куэдыщэкIейщ.  

Апхуэдэ нэщэнэхэр игу ириубыдэкIэрэ, дунейм хуэIэзэ хъукIэрэ цIыхум и зэфIэкIым зригъэузэщIырт, гъащIэм хуэIэижь хъурт. Нэхъыбэу абы гулъытэ зыхуищIыр, дауи, дунейм и къэхъукъащIэхэрт. Арат абы и зэIузэпэщри, и сабийм иригъэшхынури зэлъытар. Мэкъумэшым зи гъащIэр теухуар абы пыщIахэм елIалIэрт, Iэщым хэтым абы и пIалъэр нэхъ къыфIэIуэхут. Апхуэдэр IупщIу щынэрылъагъущ Iуэхугъуэ куэдым, абы адыгэ мазэцIэхэри хэту.  

 Илъэсыр IыхьиплIу зэрагуэшыр адыгэхэм ирапхырт Вагъуэбэ жыхуаIэ вагъуэ быным. Вагъуэбэр щIэныгъэм дыгъэр здыкIуэцIрыкIыу жыхуиIэ вагъуэ бын пщыкIутIым щыщу Телец жыхуаIэм нэхъ тохуэ. Ауэ хуэбгъэфащэ хъунущ а Вагъуэбэ адыгэхэм жыхуаIэу щытар вагъуэ бын пщыкIутIми ехьэлIауэ, щIэныгъэу яIар яIэщIэхужа иужькIэ, ди нэхъыжьхэм зы вагъуэ бын закъуэм траубыдауэ. Дауэрэ ар щымытами, ди бзэм иджыри къыхэнэжауэ хэтщ мыпхуэдэ жыIэкIэхэр: «Вагъуэбэр щIым къыхэкIащ», «Вагъуэбэр гъавэм къыхэплъащ», «Вагъуэбэр жыг щхьэкIэм хыхьащ», «Вагъуэбэр щIым хыхьэжащ».

Вагъуэбэр щIым къыхэкIауэ щIалъытэр гъатхэм и деж махуэмрэ жэщымрэ зэхуэдэ щыхъурт. Иджырей ди бжэкIэмкIэ ар зыхуэзэр март мазэм и 21-22 махуэрщ.

Гъэрэ щIырэ щызэхэкIам къыщыщIэдзауэ япэ махуэ тIощIрэ пщIым гъатхэпэ мазэкIэ еджэрт. КъыкIэлъыкIуэ мазэр (апрелыр) гъатхэку мазэт, ещанэр (майр) гъатхэкIэ мазэт. Апхуэдэщ гъэмахуэ мазищри - гъэмахуэпэ мазэ (июныр), гъэмахуэку мазэ (июлыр), гъэмахуэкIэ мазэ (августыр); бжьыхьэ мазищри - бжьыхьэпэ мазэ (сентябыр), бжьыхьэку мазэ (октябрыр), бжьыхьэкIэ мазэ (ноябрыр); щIымахуэ мазищри - щIымахуэпэ мазэ (декабрыр), щIымахуэку мазэ (январыр), щIымахуэкIэ (февралыр).  

ИщхьэкIэ къызэрыхэщащи, илъэсым и пIалъэхэр зэрызэблэкIынур, адыгэхэм зэралъытэмкIэ, зыпыщIар Вагъуэбэрт. Ар щIым къыщыхэкIым и деж (иджырей мартым и 21-22) гъатхэр, нэхъ тэмэму жыпIэмэ адыгэ илъэсыщIэр, къихьэрт. Вагъуэбэр гъавэм къыхэплъамэ (июным и 21-22), гъэмахуэм щIидзэрт, Вагъуэбэр жыг щхьэкIэм хыхьамэ (сентябрым и 21-22), бжьыхьэр къэсат, Вагъуэбэр щIым хыхьэжамэ (декабрым и 21-22), абы щыгъуэ щIымахуэт.  

Адыгэ мазэцIэ зыбжанэм нэгъуэщI фIэщыныгъэхэри яIэщ. Ар къызыхэкIар цIыхухэм и IэщIагъэм, я лэжьыгъэм ехьэлIауэ зэманыр къалъытэу зэрыщытарщ. Псалъэм щхьэкIэ, мэкъумэшыр нэхъ зи Iуэхухэр бжьыхьэкIэ мазэм (ноябрым) мэкъушэжыгъуэ мазэкIэ еджэрт, IэщыхъуэхэмкIэ я дежкIэ ар тIы утIыпщыгъуэт, хьэжэбажащэхэм щэкIуэгъуэ мазэ жаIэрт. Ещхьыркъабзэт бжьыхьэпэ мазэри - мэкъумэш зезыхьэм я дежкIэ ар гъавэ Iухыжыгъуэт, Iуэгъуэ мазэт, Iэщ зезыхуэхэмрэ щакIуэхэмрэ абы гъуэ (гъуэгыгъуэ) мазэкIэ еджэрт, мэзым щIэт щыхьхэр гъуэуэрэ зэхъу-зэбзу зэрызэрыгъуэтым щхьэкIэ.

Мыри щIыгъужыпхъэщ. ЩIымахуэку мазэм (январым) щхьэкIэ куэдым жаIэ шылэ мазэр бадзэуэгъуэ, цIывыгъуэ мазэ зэрыжаIэм ещхьу хъуауэ аращ. Езы шылэ псалъэр дыдейкъым. Ар къэжэр псалъэщ, плIыщI къикIыу. Ди адыгэ календарым (махуэгъэпсым) хэтщ гъэмахуэ шылэрэ щIымахуэ шылэрэ. Гъэмахуэ шылэр къохьэ Вагъуэбэр гъавэм къыхэплъа иужькIэ махуэ тIощIрэ тхурэ докIри. Ар махуэ плIыщIкIэ йокIуэкI. ЩIымахуэ шылэр къыщихьэр Вагъуэбэр щIым хыхьэжа иужькIэ махуэ тIощIрэ тхурэ дэкIа иужькIэщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, иджырей январым и 16-17-м и деж щIедзэри ари махуэ плIыщIкIэ макIуэ.

ЗэрыгурыIуэгъуэщи, адыгэ мазэцIэхэм зэреджэр зэтехуэркъым. Ди япэкIэ мыр ди культурэм зэрыщыщар тщIэуэ къэдгъэсэбэпмэ, ди щIэблэм едгъэщIэмэ нэхъыфIу къыщIэкIынущ адыгэ псоми зэдащIэу мазэ къэсыхункIэ зы фIэщыгъэцIэ пыухыкIа яIэмэ.

Махуэхэм адыгэхэр зэреджэу щытар иджыри къэнауэ абы гугъуехь пымылъу къыпфIэщI щхьэкIэ ари апхуэдизу IупщIкъым. Девгъэгупсысыт мы махуэцIэхэм: 1.Блыщхьэ, 2. Гъубж, 3. Бэрэжьей, 4. Махуэку, 5. Мэрем, 6. Щэбэт, 7. Тхьэмахуэ. Мыхэр культурэ зэмыщхьхэм пыщIащ, дин зэтемыхуэхэм я деж я къуэпсыр макIуэ. ИтIанэ гъэщIэгъуэнщ адыгэхэм журт календарым къраха Щэбэт махуэцIэм щхьэкIэ шапсыгъхэм Махуэ закъу, зэрыжаIэр. Апхуэдэу узэгупсысынрэ къэплъыхъуэн куэдрэ хэлъщ адыгэ мазэцIэхэми, махуэцIэхэми, тхьэлъэIухэми, зыуэ къызэщIэкъуауэ къапщтэмэ, адыгэ хабзэм зэрыщыту.

Адыгэхэрщ жызыIар: «Акъылыр, щIэныгъэр уасэншэщи, гъэсэныгъэр, зыужьыныгъэр гъунэншэщ». Абы къыхэкIыу, ди гъащIэм, ди культурэм хремыкIуэдыкIыж мы мазэцIэхэри, абы япыщIа IуэхущIафэхэри щIыгъуу. Лъэпкъыр лъэпкъ зыщIыр апхуэдэ Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнхэрщ, адрей лъэпкъ псоми зэрещхьым къищынэмыщIауэ, къазэрыщхьэщыкIырщ.

  Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар КЪАНКЪУЛ Раисэщ.             

Поделиться:

Читать также: