Иджырей мардэхэм тету

 Иужьрей зэманым ди къэралым зыужьыныгъэ щызыгъуэтахэм ящыщщ сабий гъэсапIэхэр.  Нобэрей садхэм, сабийхэр щаIыгъ къудейуэ аракъым -  цIыкIухэм  пэщIэдзэ щIэныгъэ щрагъэгъуэт, лъэпкъ хабзэм, щэнхабзэм тету щагъасэ, я гупсысэмрэ дуней еплъыкIэмрэ лъэныкъуэ куэдкIэ зыщрагъэужь IуэхущIапIэ хъуащ ахэр. А гупсысэхэр я гъуэгугъэлъагъуэу, ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрагъэхьэу, къэкIуэнум мурадыфIхэр хуаIэу мэлажьэ  Налшык дэт прогимназие №18-м и лэжьакIуэхэр.

  Адыгэ псалъэжьми зэрыжиIауэ,  «Гупыр зыгъэгупыр гуп и уасэщ». Прогимназием  и лэжьакIуэхэр  Iуэхум тегушхуэным, егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ къапэщыт къалэнхэр ныкъусаныгъэншэу зэрызэфIахыным, Iуэху зехьэкIэщIэхэр, иджырей егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ методикэхэр    къагъэсэбэпыным  хуеунэтI  IуэхущIапIэм и пашэ, Урысей Федерацэм  егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Машэжь Ларисэ Музрэч и пхъум. Ар и пщэрылъхэм гурэ псэкIэ бгъэдэтщ, дзыхь къыхуащIа IэнатIэмкIэ  жэуаплыныгъэ лъагэ зыхищIэу. 

Егъэджэныгъэм и къалэн нэхъыщхьэр  къэралым и цIыху тэмэм, зэпIэзэрыт, ехъулIэныгъэ зыIэрыгъэхьэным зигури  зи псэри ета, щIэныгъэфI зыбгъэдэлъ къэгъэхъунырщ. А Iуэхугъуэм и мыхьэнэр фIыуэ къагурыIуэу, гъэсапIэм и IэщIагъэлIхэр  хущIокъу я деж къекIуалIэ сабийхэм ящыщ дэтхэнэми езым и увыпIэ гъащIэм щиубыдыфын хуэдэу ягъэсэну, пэщIэдзэ щIэныгъэ иратыну.  Дауи, щIэблэр гъэсэнымкIэ псом япэ жэуап зыхьыр унагъуэращ. Абы къыкIэлъокIуэ сабий садыр, школыр, гъэсакIуэу, егъэджакIуэу, щIэблэм я унэтIакIуэу мы лъэхъэнэм улэжьэныр къызэрыгуэкI Iуэхуу зэрыщымытыр. Зэманым зихъуэжащ, абы хэпсэукI балигъхэми сабийхэми я дуней еплъыкIэри гупсысэкIэри нэгъуэщIщ.  Аращи,  садым, школым я IэщIагъэлIхэм ябгъэдэлъ щIэныгъэр сабийм бгъэдалъхьэн папщIэ, ахэр щытын хуейщ икIи гъэсакIуэу, икIи унэтIакIуэу, икIи лэжьыгъэщIэмрэ гупсысэщIэмрэ сабийр хуэзыгъэуш психологыу, цIыкIухэми абыхэм я адэ-анэхэми бзэ щхьэхуэ къахуэзыгъуэтыф лэжьакIуэу. Апхуэдэщ Ларисэ и нэIэм щIэту лажьэ гупыр.

Сабий саду зэман кIыхькIэ къекIуэкIауэ,  IуэхущIапIэм 2013 гъэм «прогимназие» статусыр игъуэтащ. А ехъулIэныгъэр къыдэкIуащ гупым зэдэууэ зэфIах лэжьыгъэ купщIафIэхэм. Иджыпсту абы щыIэщ зи школ кIуэгъуэ мыхъуа сабийхэм щадэлажьэ, пэщIэдзэ классым щеджэхэр зэкIуалIэ гуп зэмылIэужьыгъуэхэр.    А сабийхэм ядолажьэ зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэр. ГъэсакIуэ Iэзэхэм я гъусэу  сабийхэм яхэтщ егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэхэри, пэщIэдзэ щIэныгъэ ныбжьыщIэхэм ирату.  

УнафэщI щыпкъэм, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэм  хузэфIокI IуэхущIапIэр ефIакIуэу, и Iуэхур дэкIыу щигъэтын.  Прогимназием и мылъку-техникэ лъабжьэр хуокIуэ зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэм зэрадэлажьэ федеральнэ стандартым. Педагогикэ и лъэныкъуэ уеплъмэ, абы  Iэмал къыует сабийхэм унэтIыныгъэ куэдкIэ зебгъэужьыну. ЛэжьэкIэщIэ мардэхэр ехъулIэныгъэ яIэу къызэрагъэсэбэпым и фIыгъэхэм ящыщщ  прогимназиер  «Урысей Федерацэм  егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ щызэфIах и IуэхущIапIэ нэхъыфIхэр» къэралпсо лъэпкъ реестрым илъэс зыбжанэ ипэкIэ зэрыхагъэхьар. Ар щытщ егъэджэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ епха лъэпкъ проект куэдым я гъэунэхупIэ утыкуу. Прогимназием щIэх-щIэхыурэ  къыщызэрагъэпэщ зэхыхьэ купщIафIэхэр, семинархэр, курс хэхахэр. Абыхэм  къриубыдэу IуэхущIапIэм и IэщIагъэлIхэр адрейхэм ядогуашэ ябгъэдэлъ Iуэху зехьэкIэ пэрытхэмкIэ.  Илъэс зыбжанэ ипэкIэ ар къалъытащ инновацэ лэжьыгъэфIхэр щекIуэкI къалэ IуэхущIапIэ нэхъыфIу. Ноби а Iуэху зехьэкIэ мардэм тетщ.

 Прогимназиер  дахагъэм, гуапагъэм, гъэсэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ  я лъапсэ нэху зэрищIыным дапщэщи йолIалIэ  абы и унафэщIри и лэжьакIуэхэри.   Къэралым, республикэм щагъэлъапIэ  махуэшхуэхэр  зэи  гулъытэншэ щыхъуркъым IуэхущIапIэм.  Лъэпкъ   хабзэмрэ хьэл-щэнымрэ  сабийхэр щIапIыкIын щхьэкIэ, гъэсакIуэхэм абыхэм ятеухуа зэхыхьэхэр гупжьейхэм къыщызэрагъэпэщ. Абы щыгъуэм деж тхьэлъэIу зэхуэмыдэхэм, адыгэ хьэгъуэлIыгъуэм щыщ хабзэ щхьэхуэхэр сабийхэм ягъэзащIэ, а махуэ лъапIэхэм теухуауэ усэ, уэрэд жаIэ, къофэ. Апхуэдэу цIыкIухэм зрагъащIэ къызыхэкIа лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ къыдекIуэкI хабзэхэм щыщхэр: нэхъыжьымрэ нэхъыщIэмрэ, адэ-анэмрэ бынымрэ, цIыхухъухэмрэ бзылъхугъэхэмрэ яку илъын хуей  пщIэр, нэмысыр, гулъытэр, н.къ.  Абыхэм йолIалIэ анэдэлъхубзэхэр  садым  щезыгъэджхэри.

 КъинэмыщIауэ, IуэхущIапIэм и гъэсэн цIыкIухэр илъэс къэс хэтщ  къалэпсо, республикэпсо, къэралпсо зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм, ехъулIэныгъэфIхэри зыIэрагъэхьэ.  ЛэжьакIуэ гупри адэ-анэхэри  зэгъусэу  зэрыгушхуэ Iуэхугъуэщ ахэр. А текIуэныгъэхэр  къыпэкIуащ  IэщIагъэлI псоми я лэжьыгъэ хьэлэлым

 Бгъэдэлъ   щIэныгъэ куум иузэщIа акъыл зиIэ, щыцIыкIу дыдэм щыщIэдзауэ сабийр фIым, гуапагъым, пэжыгъэм, еджэным къыхуэгъэушыныр   къызыгурыIуэ егъэджакIуэрщ,  гъэсакIуэрщ нобэрей   гъащIэм пашэ хуэхъунур. Апхуэдэщ Машэжь Лариси абы и нэIэм щIэту лажьэ IэщIагъэлIхэри. Ахэр зэпыу ямыIэу йолIалIэ  ди хэкум щIэблэ гъэса къитэджыкIыным. А фIыгъуэр  зиIэ къэралыракъэ-тIэ  лъэщыр? Аращ. Абы  къытекIуэн щыIэкъым.   

КЪАРДЭН  Маритэ.  

Поделиться:

Читать также: