КIуэкIуэ Валерэ Мухьэмэд и къуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм 1941 гъэм жэпуэгъуэм и 18-м къыщалъхуащ. Курыт школыр къиуха нэужь, абы агроном IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызригъэгъуэтащ КъБКъУ-м. 1964 гъэм КIуэкIуэм и IэщIагъэмкIэ лэжьэн щыщIидзащ Бахъсэн куейм щызэхэт «Трудовой горец» колхозым. 1970 гъэм Мэкъумэш хозяйствэм и экономикэмкIэ союзпсо щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и аспирантурэр Моск-ва къыщиухри, ар лэжьакIуэ ирагъэблэгъащ КъБАССР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и къудамэм и унафэщIу, иужькIэ «Лэскэн» совхозым и унафэщI ящIащ.
1974 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэси 9-кIэ КIуэкIуэ Валерэ Аруан куейм и Iэтащхьэу лэжьащ. А лъэхъэнэм наIуэ къэхъуащ IэщIагъэлIым хэлъ зэфIэкI лъагэхэр, Iуэху зехьэкIэ пэрытыр. УнафэщI щыпкъэм, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэм и нэIэм щIэт куейр щIэх дыдэу республикэм и экономикэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщI щIына-лъэ ищIащ, ехъулIэныгъэ лъагэхэр зыIэригъэхьэу.
Къэралыр щытыкIэ гугъум щихуа 90 гъэхэм ирихьэлIэу КIуэкIуэ Валерэ КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Тхьэмадэт. Республикэм къыщыхъуа зэпэщIэувэныгъэр игъэупщIыIун папщIэ, политик Iущым икIи жыжьэ плъэм хэкIыпIэхэр къигъуэтащ - ар и къулыкъум текIащ, жылагъуэ Iуэхур и щхьэ закъуэ Iуэхум япэ иригъэщри. АрщхьэкIэ мази 4 нэхъ дэмыкIыу ди республикэм и цIыхубэм политик цIэрыIуэм, къэрал лэжьакIуэ пашэм аргуэру и дзыхь иригъэзащ: КIуэкIуэ Валерэ хахащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и япэ Президенту.
Акъылышхуэ зыбгъэдэлъ политик Iущым хузэфIэкIащ жылагъуэр зэрыхуа щытыкIэ хьэлъэм къришу щIыналъэм зэпIэзэрытыгъэр щызэтриублэжын, лъэпкъ зэпэщIэувэныгъэрэ лъыгъажэрэ Iуэхум къыхимыгъэхьэу. Республикэм щыпсэу цIыхухэм яку дэлъ зэхущытыкIэфIыр гъэбыдэным, абы лъэпкъ зэгурыIуэныгъэ илъыным хущIэкъуащ КIуэкIуэ Валерэ. ЩIыналъэм и экономикэ лъэщагъым хэгъэхъуэн, псэукIэм и фIагъыр къэIэтын - апхуэдэ Iуэхугъуэхэрщ мычэму зэлэжьар къэрал, жылагъуэ-политикэ къулыкъущIэр. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм и фIыгъэкIэ зэман кIэщIым къриубыдэу республикэм щытепщэ хъужащ зэгурыIуэныгъэмрэ зэпIэзэрытыгъэмрэ. Абыхэм дыхуашащ социально-экономикэ ехъулIэныгъэщIэхэр зыIэрыдгъэхьэным.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ Президентыр сыт щыгъуи хущIэкъуащ Урысей Федерацэр гъэбыдэным, абы хыхьэ щIыналъэхэм щхьэхуитыгъэ яIэн зэрыхуейри IэщIыб имыщIу. Ди республикэм и къэкIуэну дахэр абы, псом япэ-рауэ, зыхилъагъуэр и Iыхьэу зыхэт къэралым и лъабжьэр гъэбыдэнырт. Апхуэдэу КIуэкIуэ Валерэ и фIыгъэкIэ ди щIыналъэм экономикэ, щэнхабзэ пыщIэныгъэ куухэр хуиIэ хъуащ гъунэгъу республикэхэм, областхэм, крайхэм. Ноби ефIакIуэ а зэдэлэжьэныгъэхэр сэбэп яхуэхъуащ лъэныкъуэхэм я социально-экономикэ зыужьыныгъэм.
КIуэкIуэ Валерэ пщIэшхуэ щиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрми Урысей Федерацэми. УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым и УнафэщIым и къуэдзэу, Къэрал Советым хэту, ар жыджэру хэлэжьыхьащ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэр зэфIэхыным, цIыху-бэм я сэбэп зыхэлъ унафэхэр къэщтэным икIи гъэзэщIэным.
Бгъэдэлъа зэфIэкI лъагэхэм, псэ хьэлэл лэжьыгъэ иным къыпэкIуащ жылагъуэ, къэрал гулъытэшхуэ. КъБР-м, УФ-м я политикэ, экономикэ, щэнхабзэ зыужьыныгъэхэм хуищIа хэлъхьэныгъэр къалъытэри, КIуэкIуэ Валерэ къыхуагъэфэщащ дамыгъэ лъапIэ куэд. Абыхэм ящыщщ «Хэкум и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденым и II, III нагъыщэхэр, ГуащIэдэкIым и Бэракъ Плъыжьым, «ЩIыхьым и Дамыгъэ», Ныбжьэгъугъэм, Жэпуэгъуэ Революцэм я орденхэр.
КЪАРДЭН Маритэ,
КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист.